ЩIэныгъэ журналым и къыдэкIыгъуэ

ЩIДАА

ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием къыдигъэкI щIэныгъэ журналым 2024 гъэм и 3-нэ къыдэкIыгъуэр дунейм къытехьащ. Абы ихуащ математикэмкIэ, техникэмрэ технологиемкIэ, бзэ щIэныгъэхэмкIэ, тхыдэмкIэ тхыгъэ купщIафIэу ди щIэныгъэлIхэм ягъэхьэзырахэр.

Къущхьэхъу щIыпIэхэм гъэшыр щызехьэным теухуауэ къагъэсэбэп Iэмэпсымэхэм зэрелэжьым, зэпэщ зэращIэжым и гугъу ящIащ Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш университетым и щIэныгъэлIхэу Бэрэгъун Альбертрэ Егъуэж Артуррэ зэдагъэхьэзыра тхыгъэмкIэ. Мы тхыгъэ гъэкIэщIар щыщщ Кавказ Ищхъэрэмрэ жэм къаш куэду щызэрахуэ къэралыгъуэхэмрэ я гъэшыр зэрызэрахьэ Iэмэпсымэхэм теухуа къэхутэныгъэ лэжьыгъэм. ГурыIуэгъуэщ апхуэдэ Iэмэпсымэхэр кIэщI-кIэщIурэ зэрыкъутэр. Ауэ ар губгъуэ нэщIым щитым деж къутамэ, пщIыжыныр куэдкIэ нэхъ хьэлъэ, кIыхьлъыхь мэхъу, лэжьыгъэр зэрыщыту къыщызэтригъэувыIи къыхохуэ. Мис апхуэдэ щытыкIэм укъызэрикIыну Iэмалхэм топсэлъыхь ди щIэныгъэлIхэр.

Псы къыщыщIаш чэщанэхэм хэлъ бжьамий дэкIуейхэм я быдагъым хэгъэхъуэным тетхыхьащ Ставрополь къалэм дэт Кавказ Ищхъэрэ Федеральнэ университетымрэ Тюмень къалэм и къэрал щIыдагъэ-газ университетымрэ я лэжьакIуэхэу Культербаев Х., ЗэкIурей А., Рябков А.

ЦIыхухэм ягу къоуэ къат куэду зэтет унэхэм къыпащIыхьыжурэ къалэм и теплъэр зэрырагъэкIакIуэр. Шордакъым пэш къыпащIыхьыжыну хуитыныгъэ къраIыхыу, пщIантIэм щIы IыхьэфIкIэ хэIэбэхэм я бжыгъэм хэхъуэ зэпытщ. Абы къалэм и теплъэм зэрызригъэхъуэжым и закъуэ мыхъуу, къызэтекъутэжынкIэ шынагъуэ щыIэщ. Ауэ а ныкъусаныгъэм пэщIэтын хабзэ гъэбелджыла  иIэкъым щIыналъэм. Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш университетымрэ КъБКъУ-мрэ я щIэныгъэлIхэу Созаев А., КIуэкIуей М., Чэпай Т. сымэ къыхалъхьащ зи гугъу тщIы зэхъуэкIыныгъэхэр хабзэм къезэгъыу, уэрамымрэ унэхэмрэ я теплъэм зэран хуэмыхъуу къызэгъэпэща зэрыхъуну щIыкIэр. Абыхэм зэратхымкIэ, унэм щIэсу хъуар зэдэарэзыуэ зэгурыIуэмэ, псоми я шордакъхэм зэщхьу къыпащIыхьыфынущ, щхъуэкIэплъыкIэрэ зэщымыщу, щхьэж и акъыл къызэритIасэм хуэдэу ирамыгъэщIу.

Филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Алъхъэс Светланэ топсэлъыхь адыгэм тхыбзэ имыIэу IуэрыIуатэ защIэкIэ усыгъэр зэрипсыхьа щIыкIэмрэ а жанрыр зыубзыхуа ди усакIуэхэмрэ. Усыгъэр лъэпкъ IуэрыIуатэм къыпыкIыу IэщIагъэ щхьэхуэ щыхъуа лъэхъэнэ жыжьэм къыщыщIедзэри, хабзэм ипкъ иту убзыхуа IэдакъэщIэкIхэм ироплъэ Алъхъэсыр.

Адыгэ унагъуэр иджырей дунейм къигъэув гугъуехьхэм зэрыхэпсэукIымрэ игъуэт зэхъуэкIыныгъэхэмрэ зэпкърыхауэ топсэлъыхь ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и профессор, культурологиемкIэ  щIэныгъэлI ЩауэцIыкIу Людмилэ. Унагъуэхэр щIызэтекъутэм, зэщхьэгъусэхэр зэпыкIыжыным щхьэусыгъуэ хуэхъум, унагъуэ быдэм пщIэ щIимыIыжым и щэхухэр ЩауэцIыкIум иджащ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ ЗАГС-мрэ къатыр, цIыхухэм япкърыупщIыхькIэрэ къигъэнэIуахэм тещIыхьауэ.

Бгырыс республикэм (I9I8-I9I9 гъгъ.) и тхыдэр ингуш жылагъуэ-политикэ узэщIакIуэ Джабагиев Вассан-Гирей и тхыгъэхэм къызэрыщыгъэлъэгъуар едж Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым и лэжьакIуэ Къамбий Арсен.

Адыгэ академие журналым и зи чэзу къыдэкIыгъуэм ихуащ ди щIэныгъэлIхэм ягъэхьэзыр тхылъыщIэхэм я рецензэхэри.

Фырэ Анфисэ.

 

Поделиться: