Уахэ жыжьэм и щэху псори къыхуэтIэщIакъым цIыхум. Зэи зынэмыплъысыни щыIэу къыщIэкIынщ, ауэ я гугъэр хахыжыркъым.
Уахэм адкIэжкIэ щыIэр зэи зыми илъэгъуакъым. Имыухыж гуэрщ жыпIэнущи, сыт имыухыжыр зищIысыр, физикэм и сыт хуэдэ хабзэхэм къезэгърэ? КIэ зиIэ гуэрмэ, дэнэ деж и гъунапкъэр? Уахэм теплъэ гуэр иIэмэ, ар нэгъуэщI гуэрым итыж къыщIэкIынщ… Iэджэ мэхъу упщIэхэр.
Хуэгъэфэща защIэ мыхъумэ, а псоми жэуап пыухыкIа иIэу зыри тетхыхьакъым. Ауэ щIэныгъэлIхэм яцIыху Метагалактикэ жыхуиIэр, нэрыплъэ нэхъ лъэщ дыдэкIэ здынэплъысыф уахэр.
Метагалактикэм хеубыдэ вагъуэщIхэри, вагъуэхэри, вагъуэкIэхухэри, вагъуэижхэри, пшагъуэщIхэри (туманности), дыгъэхэри, мазэхэри, кIэщIу жыпIэмэ, хьэршым ит псори. ЩIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, Уахэм щалъагъу нэхур щиухырщ и гъунэри.
АтIэ, илъэс мелард бжыгъэ ипэкIэ НэщIым къыщыунэхуу зэгуэр къауэу зэбгрихуа Уахэр нобэр къыздэсым щIыхэхъуэр абы щыгъуэ езыхужьа гуащIэр акъылым къыпхуимыгъэтIасэу абрагъуэти аращ. ЩIэныгъэлIхэм, хуэгъэфэща защIэу, къабжа Уахэ гъунэм унэсын папщIэ, нэхум и псынщIагъэр пIыгъыу илъэс мелард 46-кIэ улъэтэн хуейщ! Ауэ щыIэщ Хаббл и щIыпIэ жыхуаIэу, нэрыплъэкIэ узынэплъысыр. Абыи илъэс мелард 13,8-кIэ улъэтэнущ, нэхум и псынщIагъыр пIыгъыу. Ар сыт хуэдэ псынщIагъэ жыпIэмэ, зы секундым метр 299 792 458-рэ зэпыпчу укIуэмэщ!
ИтIанэми, щIэныгъэлIхэм хуагъэфащэ Метагалактикэр топым хуэдэу хъурейуэ, Уахэм апхуэдэ куэд щыIэу. Языныкъуэхэм жаIэ Уахэм кIэ иIэу, абы адрыщIи Зыри щымыIэу. Ауэ а Зыри жыхуаIэр сыт зищIысыр, зэрызэпкърылъыр, къызыхэщIыкIар. КъызэралъытэмкIэ, ар нэщIщ, физикэм и зы хабзи щылажьэркъым, зэмани щIыпIи щыIэкъым.
Инджылыз физик Хикинг Стивен жеIэ Уахэр голограмэу, ар къыщыуам зэбгрихуа щIыпIэм къыщыунэхуа, нэм къыфIэщ сурэту. Ар къапщтэмэ, дунейми хьэршми къыщыхъу Iуэхугъуэхэр псори нэпцIщ, пэжыр IуэнтIауэ дагъэлъагъум хуэдэу.
Иджыри щыIэщ еплъыкIэ зыбжанэ. Ауэ абыхэм щыхьэт техъуэну зы Iуэхугъуэ къахуэтIэщIакъым щIэныгъэлIхэм.