Ди щIыналъэми нэгъуэщI щIыпIэхэми фIыуэ щалъэгъуа уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Ингуш, Осетие Ипщэ республикэхэм я цIыхубэ артисткэ Сокъур Ольгэ иджыблагъэ къратащ «Абхъаз Республикэм щIыхь зиIэ и артисткэ» цIэ лъапIэр.
Абхъаз Республикэм и Сыхъум къалэм жэпуэгъуэ мазэм щекIуэкIащ «Гъунапкъэ зимыIэ зэныбжьэгъугъэ» зыфIаща, уэрэджыIакIуэхэм я X фестивалыр. Абы зэхуишэсат Кавказым, СНГ-м хэт къэралхэм я уэрэджыIакIуэхэр, къэфакIуэхэр. Зэхыхьэм Сокъур Ольгэ ирагъэблэгъащ икIи щагъэлъэпIащ.
- Зэныбжьэгъугъэ зэхыхьэр гуапэу, хуабэу, абы хэтахэм пщIэрэ нэмысрэ зэхуащIу екIуэкIащ. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ абхъазхэр екIуу къызэрытIущIар, гукъинэжуи дызэрагъэхьэщIар. Бысымхэм зыщыдагъэплъыхьа я щIыпIэ дахэхэр (Рицэ гуэлыр, я жыг хадэр, Пицундэ, Гагрэ къалэхэр) гукъинэж тщыхъуащ. Апхуэдэ зэIущIэхэр мамырыгъэм и дамыгъэщ, Урысейм, дуней псом щыпсэу лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэр нэхъри ягъэбыдэ. Фестивалым уэрэд щыжысIащ абхъазыбзэкIи адыгэбзэкIи, - жеIэ Ольгэ. - Абхъаз Республикэм и Iэтащхьэ Бжание Аслъэн фIыщIэ хуэсщIыну сыхуейщ, си лэжьыгъэм и пщIэр лъагэу къилъытэу щIыхьыцIэ къызэрысхуигъэфэщам папщIэ. Апхуэдэу сыхуэарэзыщ Абхъаз Республикэм щэнхабзэмрэ щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэнымкIэ и министерствэм цIыхубэ творчествэмкIэ и щIыналъэ центрым и унафэщI, «Гъунапкъэ зимыIэ зэныбжьэгъугъэ» фестивалыр зи жэрдэм Кварчие Нури, Дунейпсо Арткомитетым и унафэщIым и къуэдзэ, Дунейпсо Арткомитетым Кавказ Ищхъэрэм щиIэ къудамэм и унафэщI Бейтыгъуэн Iэуес. Си гуапэщ дяпэкIи си уэрэдхэмкIэ цIыхухэм я гукъыдэжыр къэсIэтыну, къызэдаIуэ нэхъыжьхэми нэхъыщIэхэми узыншагъэ яIэну!
Ольгэ гукъинэж щыхъуащ Бейтыгъуэн Iэуес 90 гъэхэм и пэщIэдзэхэм иригъэкIуэкIа, Сыхъум къалэм и лIыкIуэхэри зыхэта «Мыужьыхыж жьэгу» япэ дуней-псо адыгэ щэнхабзэ фестивалыр. Абы лъандэрэ пащэ абхъазхэмрэ адыгэхэмрэ я зэпыщIэныгъэмрэ зэкIэлъыкIуэнымрэ.
- Зи псалъэхэр мыхьэнэншэ, пкъы зыщIэмыт уэрэдхэм дрихьэлIэми, щыIэщ ущедаIуэкIэ дамэ къыптезыгъакIэ, псэ зыхалъхьа уэрэдхэр, - жеIэ Ольгэ. - Мурад сиIэщ цIыхубэм ягу дыхьа пасэрей адыгэ уэрэдыжьхэр оранжировкэ сщIыну, я лъабжьэр, я пкъыр къэзгъэнэжу езгъэфIэкIуэну. Абыхэм мыгувэу фезгъэдэIуэнущ. Ахэр альбомуи къыдэзгъэкIыжыну си хъуэпсапIэщ.
- Насып жыхуаIэр щхьэж къызэрыгурыIуэщ. Къандур Мухьэдинрэ Бэлагъы Любэрэ зэдатха «Си яужь дыдэ лъагъуныгъэ» уэрэдым ущрохьэлIэ «Си гъащIэ, си псэ, си дуней, насыпкIэ сыкъыбогъэгугъэ» псалъэхэм. А псалъэхэр къыбжезыIэфын уиIэмэ, ар насыпу къызолъытэ. Апхуэдиз цIыхум сахэтми, гъащIэ гъусэ схуэхъун цIыху Тхьэшхуэм къысхуигъэфэщакъым. ИтIани, насыпыр езыр-езыру къоуэлIэнукъым, къару епхьэлIэн хуейщ насыпыфIэу зыкъэплъытэжыным. Уи нэхъыжьхэр, нэхъыщIэхэр узыншэмэ, къыбдалъхуахэр щыпсэу пщIантIэм угуфIэу, угушхуэу удыхьэмэ, фIыуэ плъагъухэм я макъ щабэр пэшым къыщIэIукIмэ - ари насыпщ, - жеIэ Ольгэ.
УэрэджыIакIуэм и насып къигъэхъуапIэр и адэ-анэр, и дэлъхур, и шыпхъур, ипхъу Чэгъэду Залинэрэ и малъхъэ Фиалэ Паволрэ къащIэхъуа Эмилирэ Дариусрэщ. Ди гуапэщ абыхэм я гуфIэгъуэ куэд илъагъуну.
Сокъурым щэнхабзэм, макъамэ гъуазджэм хэлъхьэныгъэфIхэр хуещI, гум дыхьэ уэрэдхэмкIэ дегъэгуфIэ. Хэт ищIэрэ, цIыхухэм псэхугъуэ, гукъыдэж, дэрэжэгъуэ яритыныр арагъэнщ Ольгэ къызыхуигъэщIари…
Ольгэ къумыкъубзэкIэ, осетиныбзэкIэ, хьэрыпыбзэкIэ, тыркубзэкIэ, абазэбзэкIэ, нэгъуэщI бзэ куэдкIи уэрэд жеIэ. Абы къэрал куэдым концерт щитащ. Ар зи фIыщIэу къилъытэр Бейтыгъуэн Iэуесщ. Ольгэ ирагъэблэгъащ Сирием, Иорданием, Тыркум, Франджым, Германием, Италием, Грецием, Иракым, Чехием, Словакием, Нью-Йорк, Нью-Джерси, Израилым и Рихьэние адыгэ къуажэм, ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу нэгъуэщI щIыналъэ куэдым щекIуэкIа щэнхабзэ зэхыхьэхэм, фестиваль-зэпеуэхэм, гъэлъэгъуэныгъэхэм.
Ольгэ гуапэ дыдэ щыхъуащ а щIыналъэхэм куэду щыпсэу ди лъэпкъэгъу мин тIощI бжыгъэхэр екIуу къызэрыIущIар, адыгэ уэрэдыжьхэм нобэр къыздэсым пщIэ ин зэрыхуащIыр, къызыхэкIар зэращымыгъупщэр, я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэр, хабзэр, бзэр щIэблэм зэрырагъащIэр.
ЦIыхухэр зи гуащIэм дихьэх, зи уэрэдхэр зэIэпах бзылъхугъэм макъамэм щиIэ зэфIэкIым хегъахъуэ икIи и лэжьыгъэкIэ зэрызиузэщIым щэнхабзэм и утыку итым дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ. Ольгэ и дуней тетыкIэри дахэщ. И лэжьэгъухэми къэзыцIыхухэми ар фIыуэ къалъагъу, гушыIэ дахэ зэрыхэлъым, зэрыцIыху гуапэм папщIэ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.