Пэрыт ныбжьыщIэхэм я деж![]() КъБР-м и Парламентым и депутат, «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» зэгухьэныгъэм республикэм щиIэ и къудамэм и унафэщI Шыпш Аслъэн, абы и къуэдзэ Зэбакъ Азэмэт, «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэм» и Дзэлыкъуэ къудамэм и унафэщI Мамсыр Руслан сымэ щыIащ Къармэхьэблэ курыт еджапIэ №2-м. ХьэщIэхэм еджакIуэхэр щагъэгъуэзащ зэгухьэныгъэм и пщалъэхэм, и мыхьэнэм, зэрызиубгъум. Нэхъыщхьэу абы хэлъыр ныбжьыщIэхэр фIым-рэ Iеймрэ зэхагъэкIыфу, пэжым тету, я гупсысэ къаIуэтэфу, я щIэныгъэр къагъэсэбэпу гъэсэнырщ, жылагъуэ Iуэхум къыхэшэнырщ. Къармэхьэблэдэс ныбжьыщIэхэр а Iуэхугъуэхэм хъарзынэу хэтщ, я гупсысэкIи я щэнкIи зэрызаужьыр нэрылъагъущ.
Класс нэхъыжьхэм щеджэ «пэрытхэм» Шыпш Аслъэн епсэлъащ IэщIагъэу къыхахынум, адэкIи жылагъуэ Iуэхухэм зэрыпащэнум, нэхъ къайхъулIэхэмрэ дэзыхьэххэмрэ ятеухуа чэнджэщхэри яритащ. А псом ехьэлIауэ ныбжьыщIэхэр зыщIэупщIам Шыпшыр пэджэжащ. ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться:
Читать также:
17.04.2026 - 13:09 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
17.04.2026 - 11:08 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
17.04.2026 - 10:50 →
Я псэр зы чысэм илът
17.04.2026 - 10:50 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
16.04.2026 - 16:19 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ ИУНАФЭ
| ||






