КИФЩI-м къыщыщIагъэкIам и щIэупщIэм хохъуэКавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм (КИФЩI) я IуэхущIапIэхэм ящыщу «Кавказым къыщыщIагъэкIащ» сертификатыр зратахэм я куэдагъымкIэ Ставрополь крайм япэ увыпIэр иIыгъщ. Апхуэдэ дэфтэру 25-рэ а щIыналъэм нобэкIэ иIэщ. КъыкIэлъыкIуэр Къэбэрдей-Балъкъэрырщ, сертификату 10 къыхуагъэфэщауэ. АдэкIэ къокIуэхэр Дагъыстаныр (сертификату 7), Осетие Ищхъэрэ-Аланиемрэ Ингушымрэ (тхурытху), Къэрэшей-Шэрджэсымрэ Шэшэнымрэ (плIырыплI). «Кавказым къыщыщIагъэкIащ» пэхуэщIэм нэхъыбэу хэтыр IэпэIэсэхэмрэ мэкъумэш IуэхущIапIэхэмрэщ. Псэуалъапхъэхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ къыщIэзыгъэкIхэми апхуэдэ сертификатхэр жыджэру къыIах хъуащ. ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




