Къэжэр джатэхэр нэпцIщ

Археолог гупым нейтрон томографием щIагъэкIащ къэжэр джатэрэ къамэу 8-рэ. ИкIи къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, ахэр Iэзэ дыдэу щIа Iэщэ нэпцIщ, икIи хуагъэфащэ пасэрей къэжэр джатэщ жаIэу, дуней псом и музейхэм щахъумэхэри нэпцIу. 

Ауэ щыхъукIэ, КъуэкIыпIэ Гъунэгъум и тхыдэмрэ Iэщэ зэращIу щыта Iэмал ятхыжахэмрэ иджыри зэ набдзэгубдзаплъэу ириплъэжын хуейуэ къыщэкIынущ. 
Дызытепсэлъыхь джатэхэмрэ къамэхэмрэ ираным и ищхъэрэ-къухьэпIэ щIыналъэм (пэсэрей Къэжэрым) къыщагъуэтыжауэ жаIэ, икIи ди лъэхъэнэм ипэкIэ 2000-1000 гъэхэм ящIауэ хуагъэфащэрт. А лъэхъэнэрщ цIыхум гъущIыр къыщIихрэ абы елэжьу, Iэщэ къыхищIыкIыу зыщригъэсар. Алъандэрэ цIыхухэм къагъэсэбэпу щыта домбеякъыр IэщIыб иригъэщIат гъущIым. Ар нэхъ быдэт, куэдрэ хъума хъурти, дунейпсо экономикэри абы елъыта хъуащ щIэх дыдэ. Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, гъущIым япэ дыдэу елэжьын щIэзыдзар хьэтхэрщ, гу лъытапхъэщи. 
ГъущI лъэхъэнэм къыхэтэджыкIыж пасэрей къэжэр (ди лъэхъэнэм ипэкIэ 1250-550 гъэхэм) Iэщэм щIэныгъэр фIыуэ щыгъуазэм, ауэ апхуэдэу куууэ зэи къапщытатэкъым. Ауэ Крэнфилд университетым и лэжьакIуэ Родзинк Алекс зи унафэщI британ-франджы щIэныгъэлI гупым къэжэр Iэщэхэр щэхуу Британием яхьри, къэпщытэныгъэхэр ирагъэкIуэкIащ. ИкIи ахэр щыхьэт тохъуэ зи гугъу тщIы джатэхэр зэрынэпцIым. Абыхэм зэрыжаIэмкIэ, къэжэр Iэщэ жыхуаIэу, дуней псом и музейхэм щагъэлъагъуэ джатэхэмрэ къамэхэмрэ нэпцIу къыщIэкIми ягъэщIэгъуэнукъым. ЩIэныгъэлIхэм я къэпщытэныгъэхэм кърикIуар ятхыжри, археологиемкIэ журнал нэхъ цIэрыIуэ дыдэм тхыгъэшхуэ къытрадзащ. 
Къэжэр джатэхэмрэ къамэхэмрэ зэрызэпкърылъымрэ зэращIа щIыкIэмрэ ди нэгу къыщIагъэувэ Родзинкрэ абы и гупымрэ ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм. КъызэрыщIэкIымкIэ, бзаджащIэ гуэрхэм зыщымыщ Iэщэ къутахуэхэр къащтэри, водород куэду зыхэлъ клей гуэркIэ зэпагъэпщIауэ арат. Къэжэр джатэ жыхуэтIэу, пасэрей Iэщэ лIэужьыгъуэм и Iэпщэр домбеякъым къыхэщIыкIауэ, дзэпкъыр – гъущIу щытын хуейщ. Мыхэр зэрыщыту домбеякът. Ар къызыхэкIар, щIым къыщIахыжа джатэжьхэм кIэлъымыплъурэ яфIэулъияти, и уасэм кIэрымыхун папщIэ, зыщымыщурэ зыпагъэпщIауэ арат. 
Апхуэдэ щIэпхъаджагъэхэм я зэранкIэ археологхэр гугъу йохь, пэжыр къахуэхутэркъым, дэнэ къикIыу а технологиер Къэжэр къэкIуами къахуэщIэркъым. Ауэ, зэрыхуагъэфащэмкIэ, дызытепсэлъыхь лъэхъэнэм ирихьэлIэу щэщэжа хьэт къэралыгъуэм къраха гъукIэ Iэмалу къалъатэ, сыту жыпIэмэ, хьэт-адыгэ Iэщэм тохьэ къэжэр къамэхэр. 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: