ЗыплъыхьакIуэ мелуанрэ ныкъуэм щIигъу

2024 гъэр къызэрихьэрэ, Урысей МЧС-м къызэритымкIэ, зыплъыхьакIуэрэ альпинисту   20000-м щIигъу республикэм къэкIуащ.   Къэбэрдей-Балъкъэрым  щIэгъэхуэбжьауэ зыщеужь туризм Iуэхум.   Ди лъахэм и курортхэм  щыIащ  цIыху мелуан  1,5-м щIигъу. 
Урысей МЧС-м и    Iуащхьэмахуэ бгылъэ лъагэ ПСО-м и къегъэлакIуэхэм я нэIэ тетщ  зэрыщыту республикэм и щIыналъэм.   КъегъэлакIуэхэм  къызэрагъэпэщ лъахэм щыпсэухэмрэ зыгъэпсэхуакIуэхэмрэ я шынагъуэншагъэр, гъуэгум техьэ зыплъыхьакIуэ гупхэри яхыхьэу.      
Дунейм и щытыкIэмрэ гъэм и зэманымрэ елъытауэ, къегъэлакIуэ плъырпыIэ  щхьэхуэхэр щагъэув  альпинист, турист  зекIуапэ  шынагъуэхэм.   Мы зэманым къегъэлакIуэхэр щыплъырщ   Шэджэм аузым щыIэ парадромым, апхуэдэуи Адыр-Су аузым.  
Урысей МЧС-м  и  Iуащхьэмахуэ бгылъэлъагэ къэлъыхъуакIуэ-къегъэлакIуэ  гупым илъэсыр къызэрихьэрэ республикэм и бгылъэхэм  Iуэхуи 110-рэ щрагъэкIуэкIащ, цIыхуи 122-рэ къыщрагъэлащ. Ди жагъуэ зэрыхъущи,  цIыху 14 хэкIуэдащ.     
ЗыплъыхьакIуэхэм епха къэлъыхъуакIуэ-къегъэлакIуэ лэжьыгъэм уриплъэжмэ, фэбжь хахынымрэ  хэкIуэдэнымрэ  къызыхэкIыр  гъуэгум щытехьэну зэманыр тэмэму къызэрыхамыхырщ, гъуэгуанэр зыхуэдэм   зэрыхамыщIыкIырщ,   гупхэм хэтхэм я  къарур  зыхурикъунур зэрамыщIэжырщ, зыхуеину  IэмэпсымэмкIэ  къызэрызэмыгъэпэщарщ.   Урысей МЧС-м и IэнатIэхэм зыплъыхьакIуэ гупхэм зэрызыщрамыгъэтхым къыхэкIыу, зыгуэр къэхъужыкъуэ хъумэ, ахэр къэлъыхъуэным зэман нэхъыбэ токIуадэ, и чэзум дэIэпыкъуэгъу ягъуэткъым.  Къытедгъэзэжынщи,  дунейм и щытыкIэрщ гузэвэгъуэ къэзышэнкIэ хъунур: мывэхэр къолъэлъэх,    щIыр къыгуощэт   е  уэсукхъуэ къох.
  Бгыхэм зыщызыгъэпсэхуну гупыж зыщIхэм нэхъыбэм уэим ящI  цIыхухэм я гъащIэмрэ узыншагъэмкIэ шынагъуэ здэщыIэ щIыпIэу ар зэрыщытыр. 
Урысей МЧС-м и управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м  щыIэм зыплъыхьакIуэхэм  яхуегъэлъагъуэ  я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэща хъун  папщIэ   гъуэгуанэ зытехьэр  ирагъэтхыну.      Гъуэгум техьэхэм   страховкэ ирагъэтхын,  спутник телефон,   спутник  GPS-трекер къызэдащтэн   хуейщ.    
БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться: