Усэ цIэрыIуэм и адыгэбзэрНобэ дызытепсэлъыхьынур зы усэ закъуэщ. Ар иджыблагъэ Телеграм напэкIуэцIхэм адыгэбзэкIэ щызэIэпахыу къытIэрыхьа Пушкин Александр и «Я вас любил» («Сэ фIыуэ услъэгъуащ») усэ цIэрыIуэрщ. Дунейпсо классикэр адыгэбзэкIэ зэхахыным, урысыбзэм абыхэм ярита зыхэщIэныгъэхэм я къарур адыгэбзэми нагъэсыным хуэпабгъэ тхылъеджэ гумызагъэхэм щIэх-щIэхыурэ дигу къагъэкIыж усакIуэшхуэхэмрэ тхакIуэшхуэхэмрэ я IэдакъэщIэкIхэр. Пушкин и гугъу тщIымэ, абы и «Евгений Онегин» романыр псом япэ зэридзэкIауэ щытащ Тхьэгъэзит Зубер. Куэд щIакъым зэманкIэ зэрагъэхьышхуэ щымыIэу, а романым и адыгэбзэ зэдзэкIыгъэу тIу дунейм къызэрытехьэрэ: зи ахърэтыр нэху хъун Щауей Мидэ и зэдзэкIыгъэмрэ химие щIэныгъэхэмкIэ доктор Хьэмыз Руслан еймрэ. Нэхъ пасэу дунейм къытехьакIэт Уэрэзей Афлик и «Кавказ гъэрыр». ЩIэуэ къыдагъэкIыжамэ, дэгъуэ хъунут Къардэн Бубэ адыгэбзэм къригъэзэгъа «Капитаныпхъури». Тхьэгъэзит Зуберщ зейр дызытепсэлъыхь усэм и адыгэбзэри: Фӏыуэ услъагъут: иджыри ар къухьэжу Ихужыпауэ гум къыщӏэмыкӏын. Ауэ афӏэкӏ сэ узгъэпІейтеинкъым, Сыхуейкъым зыкӏи сэ усщӏын Іэнкун.
Псалъэншэ-гукъеуэншэу псэр пхуэмахэт, КъыптегужьеикІауэ зихузт псэм. Сэщхьу пхуэӏэфІу, и гум ухимыхыу, Нэгъуэщӏми фӀыуэ уилъагъун ищӏ Тхьэм. Тхьэгъэзитым и зэдзэкIыкIэ Iэзагъым лейуэ тепсэлъыхьыжыни хуейкъым. Сыт хуэдэ упщIэми и жэуапщ абы илъэсипщI зытригъэкIуэда «Къаплъэныфэ зыщыгъ зекIуэлIыр». КъызэрыщIэкIымкIэ, Пушкиным и мызакъуэу, мы усэми и ныбжь зэпэбжыр егъэлъапIэ. Ар дунейм къыщытехьар усакIуэр илъэс 30 щрикъуа 1829 гъэрщ, япэу къызытехуар «Ищхъэрэ вестник» журналырщ. Илъэс щитI ипэкIэ зэхалъхьа усэр хэту пIэрэт усакIуэм зыхуигъэфэщар? А упщIэм и жэуапым нэхърэ мынэхъ гъэщIэгъуэну уи фIэщ хъуркъым усэм и гъэпсыкIэ телъыджэр. Бзэ тыншкIэ зэрытхам нэмыщI, «сэ фIыуэ услъагъуащ» псалъэуха закъуэр игъэкIэрахъуэурэ, усакIуэм а псалъитI-щым къарыкIым зрегъэубгъури, ар зыхуагъэфэща хъыджэбзым и цIэм мыхьэнэшхуэ имыIэж хуэдэу мэхъу. Мы усэр зэрызэрамыдзэкIа бзэ къызэрымынэжам хуэдэу, ар нобэми фIыуэ ялъэгъуахэм хурагъэхь. Адыгэбзэр къатщтэмэ, «сэ фIыуэ услъэгъуащ» япэ псалъэухар «услъагъуу щытащ зэгуэрым», «лъагъуныгъэ пхуэсщIащ», «иджыри фIыуэ узолъагъу» мыхьэнэ зыбжанэм хубохьыф. Зы зэдзэкIакIуи щыIэу къыщIэкIынкъым къигъуэта псалъэхэр зэрыхъукIэ оригиналым тригъэхуэну хуэмейуэ, ауэ къуиту пIэрэ адыгэбзэм апхуэдэ Iэмал? Къуимыттэмэ, Тхьэгъэзитми усэр хузэдзэкIынтэкъым! Литературэджхэм зэраIуатэмкIэ, мы усэр Пушкиныр и сабиигъуэм здэкIуэрейуэ щыта, ХудожествэхэмкIэ академием и унафэщI Олениным ипхъу Аннэщ зыхуигъэфэщауэ щытар. Лицейр къиуха нэужь, щысабийм куэдрэ щыхьэщIа унэм я хъыджэбз цIыкIур зэманкIэ имылъэгъуауэ, къыщекIуэлIэжым, Пушкиным ар къызэрыжэпхъами, хъыджэбз дахэ зэрыхъуами, псэлъыхъухэр зэрикуэдми гу лъитати, арауэ хуагъэфащэ блэкIа зэманым иту и лъагъуныгъэр къыщIиIуатэр. А лъэхъэнэм «альбомхэр» зезыхьэу щыта хъыджэбзхэр езыхэри литературэм хуэхейтэкъым. Оленинэм и кIэм нимыгъэса романым Пушкиныр къыщыхощ «нэхъ гъэщIэгъуэн дыдэу ицIыхухэм язу». Зи гугъу тщIы усэр апхуэдизкIэ цIэрыIуэти, усакIуэ куэдым абы и япэ сатырхэм нэгъуэщIхэр къыпагъэувэурэ, езыхэм усэщIэ ятхащ. Апхуэдэхэщ Бродский Иосиф, Пригов Дмитрий, Соснорэ Виктор, къинэмыщIхэр. АдэкIэ а сатырхэм романсхэр къыхащIыкIыжащ, ар уеблэмэ ди уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Тут Заури жеIэ. Ямб усэ гъэпсыкIэм иту тха мы сатырхэр апхуэдизкIэ я ухуэкIэкIэ къызэрыгуэкIщи, щэхуу яхэлъым нэм зыкъызэрыщIимыдзэмкIэ укъагъэуIэбжь. Зэ IуплъэгъуэкIэ, и мыхьэнэр къызэрыгуэкI дыдэщ: «Зэгуэр фIыуэ услъэгъуащ, ауэ иджы ар къыпфIэIуэхун хуэдизу, сэри къызэхьэлъыкIыжкъым, укъызэрысхуэмейр сощIэри. Ауэ сэ сызэрыббгъэдэтам хуэдэу, гу къабзэкIэ фIыуэ укъэзылъагъун цIыху бгъуэтыжыну си фIэщ хъуркъым». Аращ Тхьэгъэзитым «НэгъуэщIми фIыуэ уилъагъун ищI Тхьэм» сатырхэмкIэ къигъэлъэгъуа гурыщIэ нэхъыщхьэ дыдэр. ИтIани, япэ сатырым «фIыуэ услъагъуу щытащ» зэрыжиIэмрэ, етIуанэм «фIыуэ услъагъут» зэрыжиIэмрэ урысыбзэм къызэрыщыгъэлъэгъуар зызымыхъуэж псалъэухакIэщ: «я вас любил». Адыгэбзэм а тIуми нэгъуэщI псалъэхэр къыщыхуэплъыхъуэн хуей мэхъу. Пэжыр жыпIэмэ, уигу хагъахъуэркъым «адыгэхэм «сэ фIыуэ узолъагъу» жаIэркъым», «адыгэхэм «си нэхэм фIыуэ уалъагъу» жаIэурэщ лъагъуныгъэр къызэраIуатэр» псалъэхэр зэIэпахыурэ, интернет губгъуэм «зыщызыгъэгубзыгъэхэм». Пэжщ, адыгэ гухэлъ къэIуэтэкIэм шыIэныгъэр нэхъ щытепщэщ, уеблэмэ щауэр цIыхухэм къалъагъуу и лэгъунэм щIыхьэжкъым жыхуаIэ хабзэжьым хамэхэр къигъэуIэбжьу апхуэдэт. Абы къигъэлъагъуэр лъэпкъым и гухэлъ хъумэкIэрщ, и губыдагъракъым. Адыгэхэм я лъагъуныгъэ къэIуэтэкIэми хэлъэтрэ шэрыуагърэ щыгъунэжщ. «Си нэм фIыуэ уелъагъу» псалъэхэм къарыкIри «фIы фIэкIа пхэслъагъуэркъым» мыхьэнэрауэ къыщIэкIынущ нэхъ зыхуэшапхъэр. Ди къару деплъыж щIыкIэу, усэ цIэрыIуэм и зэдзэкIыгъэщIэр здынэдгъэсыфари фи пащхьэ идолъхьэ: * * * Сэ фӀыуэ услъэгъуат. МыупщIыIупауэ, ФIылъагъур си псэм къыхэнами, сщIэрэ. Ар къыпфIэIуэхуу, умыгуауэщхьэуэ, Сыхуейкъым ущIэпейтеин зыгуэри.
ФIыуэ услъагъут, си гугъэ пхэсхыжауэ, Адрейхэм уесфыгъулIэу, сыпщыукIытэу. ЗыкIэ си фIэщт сэ, зыкIэ сыптхьэкъуати, НэгъуэщI хьэщыкъ къыпхухъу апхуэдэ дыдэу.
Поделиться:
Читать также:
03.12.2024 - 17:35 →
IуэхугъуэщIэхэм я зэхэублакIуэт
03.12.2024 - 17:18 →
Мылъкурщ псори къыщежьар
03.12.2024 - 16:32 →
Дзэ атомашинэхэр Налшык щагъэлъэгъуащ
03.12.2024 - 15:01 →
Хы ФIыцIэм и лъабжьэм псы щIож
03.12.2024 - 14:16 →
Ди лэжьэгъухэм я гупсысэ
|