Сабиигъуэ хьэлъэ, жьыщхьэ махуэ

Щоджэн Хьэмэдэрэ Мэрзей Нащхъуэ ипхъу Марьянрэ гъащIэм хуэнэхъуеиншэу, насыпыфIэу, лажьэу, гъащIэщIэм декIуу унагъуэ дахэ зэдаухуэри, быниплIи зэдагъуэтыжат.

ГъащIэ щыхъукIэ, гугъуехь куэди абы ущрохьэлIэ. Апхуэдэу, Хэку зауэшхуэр къыщыхъейм, зылI и быну заIэтри, Хэкур яхъумэну кIуащ ди къуажэгъу 246-рэ. 1942 гъэм Шэрэдж Ищхъэрэм щыщу зауэм ираджахэм яхэтащ Щоджэн Хьэмэдэрэ Шондыр Мышэрэ. ЩIалэхэр езыгъажьэхэм ящыщт Щоджэн Хьэмэдэ и щхьэгъусэ Марьяни уэндэгъушхуэу. Шондыр Мышэ зыхэт щIалэхэм къахэкIуэтри, Марьян зыкъыхуигъэзащ:

- Марьян, узыншэу узэIэпыкIрэ, а уи ныбэм илъыр щIалэ цIыкIуу къыщIэкIмэ, си цIэр фIэщ, - жиIэри.

Зауэ угъурсызым зэныбжьэгъуитIри, Хьэмэди Мыши, 1942 гъэм хэкIуэдащ. А гъэ дыдэм Хьэмэдэ къигъэна быниплIым къахэхъуащ щIалэ дыгъэ, ныбэм илъу Мышэ зыфIащар. Иухатэкъым ар и адэм илъагъуну.

Марьян щхьэкIуэ тхылъ къыхуэкIуащ, и щхьэгъусэ Щоджэн Хьэмэдэ ТIутI и къуэр 1942 гъэм зауэм зэрыхэкIуэдамкIэ хъыбар кърагъащIэу. Унагъуэри, лъэпкъри, гъунэгъухэри зэтепыхьащ, ягъеижащ Хьэмэдэ.

Бынунагъуэшхуэу, зыщыгугъын имыIэу къэна Марьян фызабэ гъащIэ хьэлъэм еувэлIащ, и бын нэхъыжьхэр и дэIэпыкъуэгъуу.

Зауэм ипэкIэ къуажэм иIа колхозым хэтхэу гъавэ зыгъэкIхэми, Iэщым пэрытхэми хъерышхуэ кърахьэлIэу зэдэлажьэрт. Хэку зауэшхуэ къэхъеям Iэщэ зыIыгъыфыну цIыхухъухэр, къанэ щымыIэу, ираджат, трактору, машинэу, шыуэ яIам и нэхъыбэр къэрал унафэкIэ зауэм ирашэлIат. Колхозым и IэнатIэ псоми щекIуэкI лэжьыгъэм и нэхъыбэр цIыхубз къарукIэт зэрызэфIагъэкIыр. Мис абыхэм пашэу яхэтащ Марьяни, балигъ ныкъуэхъуу къэжэпхъа и щIалэ нэхъыжь Хьэжмурати. Зи щхьэгъусэр зауэм хэкIуэда фызабэхэр адрейхэм зыкъыкIэрамыгъэхуу, щхьэх ямыщIэу, цIыхухъум хуэдэу, фронтым телэжьащ. Я нэм нэху ялъагъуу зэи я унагъуэм екIуэлIэжакъым ахэр. А псом иужькIэ унагъуэ Iуэхури быныр зыхуей хуэгъэзэнри къапэщылъу…

ЗэрыжаIэщи, фызабэ гъащIэр узэмыхъуэпсэнт. Абыхэм я бынхэр къыщIэхуэнкIэ Iэмал иIэтэкъым, "фызабэкъуэ", "фызабэпхъу" къыхужаIэнути.

Улахуэ зыри къызыпэмыкIуэ колхоз лэжьыгъэмкIэ Марьян и быныр щыхуэмыпIым, лэжьыгъэм зыкъыдигъахуэурэ, и бын нэхъыжь къэжэпхъахэр и дэIэпыкъуэгъуу, Iэпщэ къарукIэ ятIагъуэр, хукхъуэр, псыр зыхуагъэхъуурэ ятIэ чырбыш ягъэжащ. Ар лэжьыгъэ хьэлъэт, ауэ щIэупщIэ зиIэт. Чырбышыр ищэурэ и бынхэр зыхуей хуигъэзащ, узыншэхэу, къарууфIэхэу ипIащ. Зи къэшэгъуэм къригъэшащ, зи ишэгъуэр иригъэшащ, унагъуэ щхьэхуэхэу псори игъэтIысыжащ.

Марьян и бынхэм сабиигъуэ дахэ яIэну къахуихуакъым. Зауэм и бын дэтхэнэми хуэдэу, ахэр игъуэ нэмысу балигъыпIэ иуващ, я анэм сыт и лъэныкъуэкIи дэIэпыкъуу. Ахэр ящыщащ шхыныр зыхуримыкъуу, щатIэгъэн ямыIэу къулейсызу къэпсэуахэм. Ибэр бэшэчщ, къэхъуащ ахэр яIэр зэрагъэзахуэу, мытхьэусыхэу я щхьэр ехьэхауэ лажьэу, щIакхъуэм, хьэлу Iыхьэм и уасэр ящIэу.

Щхьэхуэу сыкъытеувыIэну сыхуейщ Хьэмэдэрэ Марьянрэ я бын нэхъыщIэ Мышэ и гъащIэ гъуэгуанэ мытыншым. НатIэм къритхэр лъэм и гъуэгу мэхъу жыхуиIэу, абы и сабиигъуэр сыт хуэдизу хьэлъэу щымытами, бэшэчу, Iэдэбу къэхъуат. МылIэр лIы мэхъу, Мышэ балигъ щыхъум Хэкум и пащхьэм щиIэ къалэныр игъэзэщIэну 1961 гъэм дыгъэгъазэ мазэм дзэм ираджащ. Яшащ Къэзахъстаным щыIэ Тыркумэн дзэ округым, хэхуащ ухуакIуэ батальоным. Зи адэр зымылъэгъуа щIалэ зеиншэр лэжьыгъэкIэ псыхьат. Сыт хуэдэ Iуэхуми хуэшэрыуэу, IэкIуэлъакIуэу и чэзум и къалэныр зэфIигъэкIыу, щапхъэу къигъэлъагъуэу къулыкъур ирихьэкIащ. КъаутIыпщыжащ 1964 гъэм и щIышылэ мазэм. Хуит къызэрыхъужу, щалъхуа къуажэм къэкIуэжащ, къыпэплъэ анэ гумащIэ, анэ гу щабэ Марьян, и къуэш, и шыпхъухэм я деж. Мышэ хэпщIыкIыу зиужьат, балигъ Iэпкълъэпкъ хъуат, и фэм щызу. Къызэрысыжу, Нарткъалэ шофёрхэр щагъэхьэзыру щыIэ еджапIэм щIэтIысхьэри, и IэщIагъэм фIыуэ хищIыкIыу къиухащ 1965 гъэм. Къуажэ колхозым и хьэлъэзешэ машинэ дагъэтIысхьэри, дагъуэншэуи илъэс куэдкIэ ирилэжьащ. А зэманым шофёрыр IэщIагъэу щыIэм ефIэкIырт урипсэуну.

Мышэ зэрыIэкIуэлъакIуэм фIыуэ щыгъуазэ къуажэ колхозым и унафэщI Иуан Хьэутий ар и машинэм дигъэтIысхьэри, гунэс щыхъуауэ, куэдрэ зэдэлэжьащ.

Зи къэшэгъуэ мо щIалэ къуданым 1965 гъэм БищIохэ япхъу Ленэ щхьэгъусэ ищIащ. И къуэш курытыр (Цацу) я анэм и гъусэу щалъхуа пщIантIэм къыдинэри, япэмыжыжьэу унагъащIэу къэтIысыжащ.

Мышэрэ Ленэрэ насыпыфIэхэщ, зыхуей ягъуэту берычэт унагъуэу мэпсэу. «Щэ уэстын хьэмэрэ, щэ и уасэу, зы уэстын?», - жиIащ адыгэм. Апхуэдэу, унагъуэщIэм къахэхъуащ щэ и уасэ, Мадинэ зыфIаща хъыджэбз дахэкIейр. Абы къуажэ еджапIэр къызэриухыу, 1983 гъэм Дон Iус Ростов Промышленность псынщIэмкIэ и технологическэ техникумым щIэтысхьащ, ар къиухащ ехъулIэныгъэ иIэу.

Мадинэ къуажэм щыщ щIалэ къылъыхъури, 1985 гъэм Гъубжокъуэ Аслъэнбий ишащ. Унагъуэ дахэщ, зэгурыIуэурэ-зэдэIуэжу мэпсэу. ЗэщхьэгъуситIым къащIэхъуащ бынищ: Маринэ, Абеслъэн, Ахьмэд сымэ. Я унагъуэм хабзэ илъщ, нэхъыжьхэм я пщIэр яIыгъщ, адыгагъэмрэ нэмысымрэ я бынхэр щIапIыкI. Я нэхъыжь Маринэ къуажэ еджапIэр ехъулIэныгъэкIэ къиухри, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щIэтIысхьащ. IэщIагъэ зригъэгъуэта иужькIэ, а КъБКъУ-м и медицинэ факультетым и лабораторэм щылэжьащ. И зэманыр къыщысым, Маринэ Iэхъуэбэчхэ яшащ. Иджы унагъуэ дахэу Нарткъалэ щопсэу, щIалитI яIэщ.

Абеслъэн дзэм елэжь дохутыр IэщIагъэм Пятигорск щыхуеджащ. И IэщIагъэмкIэ лажьэурэ и щIэныгъэм хигъэхъуэну Пензэ къалэм дэт стоматологическэ университетым щIэтIысхьэжащ. Зэрыжыжьэм къыхэкIыу, ди Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иIэ дохутыр къудамэм зыкъритыжри, щеджащ. ЩIэупщIэ иIэу, хущIыхьэгъуэ имыгъуэту щолажьэ Мэрзэхъу, Къэхъун къуажэхэм, Нарткъалэ, Налшык къалэхэм.

Абеслъэн бгъэдэлъ цIыхугъэм, гъэсэныгъэм, и бзэ IэфIагъым, и IэщIагъэр фIыуэ зэрищIэм къыхэкIыу, цIыху куэд и IуэхущIапIэм къокIуалIэ.

Аслъэнбийрэ Мадинэрэ я щIалэ нэхъыщIэ Ахьмэд къуажэ еджапIэр фIыуэ къиухащ. Къэралым и пащхьэм щиIэ къалэныр игъэзэщIэну, дзэм ираджэри, щытхъу пылъу щыIащ Москва пэмыжыжьэ Балашихэ къалэм. Къызэрысыжу, Пятигорск таможнэ Iуэхум щыхурагъаджэ еджапIэр къиухащ.  

ЗэкъуэшитIрэ дзитI зыIутрэ щIыжаIар Абеслъэнрэ Ахьмэдрэ хуэдэщ. Зыхэтхэм гъэсэныгъэрэ цIыхугъэкIэ къахэщ псэуакIуэхэщ. Я щхьэр ехьэхауэ, ину мыпсалъэу я Iуэху Iыхьэр кърахьэлIэ. Нэрылъагъущ адэ-анэм, адэшхуэ-анэшхуэм бынхэм гъэсэныгъэрэ ущиемрэ зэрыбгъэдалъхьар.

Мышэрэ Ленэрэ зыщыгугъын дэIэпыкъуэгъушхуэ ямыIэу лъапсэ дахэ зытраухуащ. Я унагъуэр цIыху кIуапIэщ, гъунэгъуу яIэр я Iэпэгъущ. Мышэ и анэ Марьян езым и унагъуэм къишэжри, сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей игъуэту, зыхуей хуэзэу и нэIэ тету зэдэпсэуащ дунейм ехыжыху.

Щоджэн Мышэ удэуэршэру убгъэдэсыну псэлъэгъу хьэлэмэтщ, куэдым хещIыкI, чэнджэщэгъу гъуэзэджэщ. И унагъуэми лъэпкъми Тхьэм куэдрэ яхуигъэузыншэ.

Абы и сабийгъуэр хьэлъами, и ныбжь щыхэкIуатэм иIуэтэжащ, жьыщхьэ махуэщ.

ТАМБИЙ Гуащэмахуэ.
Поделиться: