ПщIэну щхьэпэщ

Фащэр лъэпкъ напэщ, и щэныр япэу уэзыгъэлъагъущ. Адыгэм лIэщIыгъуэ куэдым къыпхиха и фащэм тетхыхьари мащIэкъым, щапхъэ абы тезыхыу къэзыщта нэгъуэщI лъэпкъхэри нобэ къыддогъуэгурыкIуэ. Ди лъэпкъ фащэм и дахагъэм и закъуэкъым гу зылъыптэр, атIэ нэрылъагъущ ди япэ итахэм фэилъхьэгъуэм и плъыфэмрэ тхыпхъэмрэ гупсысэ, щIагъыбзэ куу зэрыщIалъхьар. 
ТхакIуэ Зиссерман Арнольд итхыгъауэ щытащ: «Адыгэхэр зы лъэныкъуэкIэ франджыхэм хуэбгъадэ хъунущ, Кавказ псом абыхэм я Iэщэм, фащэм, шы гъэсэкIэм щапхъэ щытрахри». Шэрджэсхэм ятеухуа апхуэдэ гупсысэхэр тхыдэм къыханащ дунейм щыцIэрыIуэ куэдым. ПщIэрэ щIыхьрэ зыгъуэта адыгэ фащэр нобэ махуэ къэс зедмыхьэми, иIэ гулъытэм зытедгъэгусэ хъуну къыщIэкIынкъым. 2012 гъэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ ирагъэжьауэ Адыгэ фащэм и дунейпсо махуэр ягъэлъапIэ. Зэхыхьэ инхэр а махуэм щокIуэкI Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Краснодар щIыналъэм, хэхэс адыгэхэр щыпсэу щIыпIэхэм.
Адыгэ фащэм зэфIэувэн щыщIидза зэманыр VI лIэщIыгъуэм ирапх. Ар тохуэ адыгэхэм алыджхэмрэ византийхэмрэ нэхъ пэгъунэгъу къахуэхъуу, чристэн диныр къащтэу щыщIадзам. Ауэ фащэм и лъэ щытеувэпар XVIII-XIX лIэщIыгъуэхэрщ. Апхуэдэ фэилъхьэгъуэхэр нэхъ хъумауэ къыщагъуэтыжауэ щытащ Лабэ хэхуэж Балъкъ псы цIыкIум деж.
Адыгэ фащэм «черкесска»-кIэ еджэу урысыбзэм щыхыхьар 1861 гъэм щэкIуэгъуэм и 27-м тохуэ. 1828 гъэм ди фащэр къащтащ къэзакъхэм. ЗэратхыжымкIэ, Кавказ линием и генерал-лейтенант Эмануэль къэзакъхэм я щыгъыныгъуэ зэхэтхъуар игу темыхуэжу псоми адыгэ фащэ зэрахьэну унафэ ищIауэ, илъэсищ дэкIыу, урыс пащтыхь Александр II-м абы Iэ щIидзауэ щытащ.
Адыгэ фащэм къыгуэхыпIэ имыIэу лъэпкъ щэнхабзэр къигъэлъагъуэу къэгъуэгурыкIуащи, ар дыщIэпагэн щхьэусыгъуэшхуэхэм ящыщ зыщ. Ди нобэрей дакIуэ-бзакIуэхэм а лъэпкъ фIыгъуэр зэрахъумэным, зэрызрагъэужьыным иужь зэритми уегъэгушхуэ. Абыхэм я IэдакъэщIэкIхэр псыхэкIуадэ зэрымыхъур къегъэлъагъуэ, нысащIэ бостейр къыщыхахкIэ, лъэпкъ фащэр нэхъ къэзыщтэр, ар езыгъэдыр нэхъыбэ зэрыхъужам. 
Дуней псом яфIэтелъыджэ адыгэ фащэр нобэ ди къэфакIуэ гупхэм ягъэлъагъуэ, утыку ирахьэ. Иджырей IэмалыщIэхэмрэ щэкI лIэужьыгъуэхэмрэ зэрефIэкIуар къэплъытэмэ, адыгэ фащэм и лIэщIыгъуэм зэрыпищэнум шэч хэлъкъым.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: