Лъэпкъ щэнхабзэм къыпхуэмылъытэн хэлъхьэныгъэ хуищIащ зыхужаIэ творческэ цIыхухэм ящыщт Мэзыхьэ Борис. Лъэпкъ литературэми журналистикэми абы зэфIэкI лъагэхэр къыщигъэлъэгъуащ, абыхэм я зыужьыныгъэм и гуащIэ емыблэжу хуэлэжащ. А унэтIыныгъэхэмкIэ Iуэхугъуэ куэдым я зэхэублакIуэуи щытащ. Художественнэ творчествэми, жылагъуэ лэжьыгъэхэми, зыпэрыта унафэщI къулыкъухэми ехъулIэныгъэфIхэр щиIэт.
Мэзыхьэ Борис Беслъэн и къуэр 1940 гъэм мэлыжьыхь мазэм и 7-м Щхьэлыкъуэ къыщалъхуащ. Курыт еджапIэр а къуажэм къыщиухащ. МэкъумэшыщIэ унагъуэм къихъукIа щIалэр школ нэужьым япэщIыкIэ колхозым щылэжьащ, иужькIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щеджащ. Мэзыхьэр къулыкъу IэнатIэ зыбжанэ пэрытащ: ар щылэжьащ печатым и щэхухэр щахъумэу КъБАССР-м щыIа IуэхущIапIэм, «Адыгэ псалъэ» газетым (корреспонденту, къудамэм и унафэщIу, жэуап зыхь секретару, редактор нэхъыщхьэу), КПСС-м и обкомым печатымкIэ, телевиденэмрэ радиомкIэ и къудамэм и унафэщIу. Борис тIэунейрэ хахащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Совет Нэхъыщхьэм и депутату. Ар илъэс 40-м нэблагъэкIэ КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIу щытащ.
Зыпэрыхьэ сыт хуэдэ Iуэхури нэгъэсауэ зэфIэзыхыу щыта Мэзыхьэ Борис игъэзэщIа лэжьыгъэм хуэфэщэн пщIэи игъуэтыжащ. Ар Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ, абы къыфIащащ Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэхэм щIыхь зиIэ я журналист цIэ лъапIэхэри. Мэзыхьэм къыхуагъэфэщащ СССР-м, Урысей Федерацэм я Журналистхэм я союзхэм я саугъэтхэри, ЩIыхь, Щытхъу тхылъ зыбжани.
«Гъуэгупэ псалъэ», «Вагъуэзэшибл», «ПцIащхъуэ хужь», «Мыл чэщанэ» «Мазэхэ жэщ», «Бжьыхьэр пщIащэ пылъэлъыжыгъуэщ», «Къуажэ пшыхьхэр», «ЩIым и гулъ», нэгъуэщI тхылъ куэди абы и къалэмыпэм къыщIэкIащ, урыс тхыгъэ куэди зэридзэкIащ.
БгъуфIэт икIи купщIафIэт Борис и гъащIэ гъуэгуанэр. Абы и IуэхущIафэхэм ущытепсэлъыхькIэ, япэ игъэщыпхъэу къыщIэкIынщ Мэзыхьэ-тхакIуэм и зэфIэкIхэр. Сыту жыпIэмэ, лIэщIыгъуэ ныкъуэм щIигъукIэ зыпэрыта журналист лэжьыгъэм и къежьапIэ хъужар пасэу тхэным гу зэрыхуищIарагъэнщ. Борис и къуажэгъу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ Елгъэр Кашиф зэрыжиIэжамкIэ, Мэзыхьэм тхэн Iуэху зэрызэрихуэр япэу къэзыщIар езыращ. Аращ университетым щIэтIысхьагъащIэ щIалэм и япэ тхыгъэм хигъэплъар. «И тхыгъэм хэслъэгъуа щыщIэныгъэхэри къехъулIахэри щызбзыщIакъым. Си гуапэ хъуат ди къуажэгъу тхакIуэ цIэрыIуэ КIыщокъуэ Алим и гъуэгум техьэн хьэзыру ди жылэм иджыри зы щIалэ зэрыдэсри, къысхуэгушхуэу и япэ тхыгъэр сэ къызэрызихьэлIари. Абы щегъэжьауэ абы и творчествэм сыкIэлъыплъащ, икIи сригуфIэу, икIи сригушхуэу апхуэдэ тхакIуэ гъуэзэджэ ди къуажэм къыдэкIауэ адыгэ литературэр и новеллэ телъыджэхэмкIи, и повестхэмкIи зэригъэбжьыфIэм», - зэманыфI дэкIауэ итхыжат Елгъэрым.
Критикхэми, тхакIуэхэми, щIэджыкIакIуэхэми Мэзыхьэр нэхъыбэу къызэрацIыхур ар адыгэ новеллистикэм и зэхэублакIуэу зэрыщытымкIэщ. ТхакIуэ куэдым къехъулIэркъым псалъэ мащIэкIэ гупсысэшхуэ къэIуэтэныр, ауэ Борис а жанр мытыншым дэгъуэу хэзэгъащ. Яхэткъым абыхэм зи зэхэлъыкIэкIэ мыгъэщIэгъуэн, зи мыхьэнэкIэ мыкупщIафIэ, зи гъэпсыкIэкIэ зыгуэр хуэныкъуэ, зи бзэкIэ мышэрыуэ, акъыл жанкIэ мыухуэнщIа. АбыхэмкIэщ зэман кIэщIым къриубыдэу ар тхакIуэ цIэрыIуэ зэрыхъуар. А тхэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ абы лъэщIыхьа къахэкIагъэнкъым нобэрей ди тхакIуэхэм.
Илъэс щэ ныкъуэм нэблагъэкIэ хуэлэжьащ ар ди литературэм, абы и кIуэцIкIэ и къалэмыпэм къыщIэкIащ ди литературэм и тхыдэм зэи щымыужьыхыжын тхыгъэ хьэлэмэт куэд – и рассказхэрауи, и новеллэхэрауи, и повестхэрауи ирехъуи. Мэзыхьэ Борис и творчествэм щыгъуазэм жиIэфынущ абы и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэр зыхэгъуэщэн зэрыщымыIэр, ар зи хъэтI щхьэхуэ, езым и темэрэ и псэлъафэрэ зиIэж тхакIуэ гъэщIэгъуэну зэрыщытар.
«Тхыгъэ мащIэ и къалэмыпэм къыщIэкIакъым Мэзыхьэ Борис. Абыхэм еджа дэтхэнэми гу лъимытапIэр иIакъым Борис и гъуазэр гъащIэмрэ зэманымрэ я пэжыпIэр зэрыарам – ар IэфIуи дыджуи щрети. ТхакIуэ мащIэм къащыщIакъым ар – щатха зэманыр блэкIамэ, я тхыгъэхэр псыхэкIуадэ хъурэ бзэхыжауэ. Зэманым зыдрагъэкIун щхьэкIэ, абы псалъэ дыгъэлкIэ дежьууа тхакIуэ Iэрпхъуэрхэм яуцIырхъ тхыгъэ нэпцIхэрщ ар къызыщыщIар. Мэзыхьэ Борис и IэдакъэщIэкIхэм яхэбгъуэтэнукъым апхуэдэр зи натIэ хъуа тхыгъэ. Абы и къалэмыпэм къыщIэкIа зы тхыгъи дэмыхуэхауэ, я гупсысэрэ я купщIэкIэ тIорысэ мыхъуауэ, цIыхум ягу къинарэ я акъылыр дяпэкIи зэхэзехуэн зыщIыфын гуащIэкIэ псыхьауэ апхуэдэщ. Си щхьэкIэ, сэ шэч къытесхьэркъым Мэзыхьэ Борис ди литературэм, псалъэм папщIэ, ди прозэм, и хъугъуэфIыгъуэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа тхакIуэ гуащIафIэхэм зэращыщым. Мэзыхьэм и цIэмрэ и гуащIэмрэ хуэчэммэ, ди литературэм и тхыдэр нэхъ фагъуэ хъунт – ар шэчыншэщ. Къэрал саугъэтрэ дамыгъэкIэ зэщIэблакъым Мэзыхьэ Борис и тхыгъэхэр (ар къызэрилэжьрэ куэд щIа пэтми). Абы нэхърэ нэхъ лъапIэщ Мэзыхьэм и тхыгъэхэм я натIэ хъуар – ахэр ди литературэм и жьантIэр яхуэфащэу зылъыса, абы и тхыдэр зыгъэбжьыфIэ тхыгъэщ, анэдэлъхубзэм и IэфIыпIэр зыхыуагъащIэрэ уи гур хагъахъуэу, жылэм яхэIуарэ цIыхум гукъинэ ящыхъуауэ», - жеIэ Къэрмокъуэ Хьэмид.
Мэзыхьэ-журналистым и гугъу пщIымэ, а къалэн мытыншри хъарзынэу ехъулIэу илъэс куэдкIэ ирихьэкIащ, а IэнатIэм щилэжьащ ущIыщытхъун Iуэху щхьэпэ куэд. Ар пасэу дихьэхат журналист IэщIагъэм. Адыгэ журналистикэм абы щхьэузыхь хуищIащ и щIалэгъуэр, Iуэху зехьэкIэм, цIыхухэр зэщIэгъэуIуэным, абыхэм я лэжьыгъэр къызэгъэпэщыным, унафэ яхуэщIыным, гупышхуэм я творческэ гукъыдэжыр убзыхуным зэрыхуэIэижьри къыщигъэлъэгъуащ а IэнатIэм. «Ленин гъуэгу», иужькIэ «Адыгэ псалъэ» зыфIащыжа газетым къулыкъу зэхуэмыдэ зыбжанэ щрихьэкIащ, редакцэм щыIэ лэжьыгъэ лIэужьыгъуэ псори игъэунэхуащ, IэнатIэ къэс езым и Iуэху бгъэдыхьэкIэм и лъэужь къыщигъанэу.