Iуэхутхьэбзэ ин зэфIэзыгъэкIГазетыр бгъэхьэзыру къыдэбгъэкIа иужькIэ, цIыхум ар яIэрыхьэн щхьэкIэ куэд зэлъытыжар пощтырщ, дунейр щыщIыIи дыгъэр щыгуащIи емылъытауэ, ар зэбгрызых лэжьакIуэхэрщ. Технологиехэмрэ Интернетымрэ я зэману иджыпсту щытми, зэрыжытIауэ, пощтыншэу ди гъащIэр ди нэгу къытхущIэгъэхьэркъым. Къалэшхуэхэм пощт лэжьакIуэм и гуащIэр къыщыхэмыщми, къуажэм деж - ар пщIэ щызиIэ цIыхущ. Апхуэдэщ Тэрч районым и Курп Ищхъэрэ къуажэм щыщ Портэ Жаннэ. Илъэс 30 мэхъу а бзылъхугъэр пощтым зэрыщылажьэрэ. Мы зэманым ар къудамэм и унафэщIщ. Къуажэ пощтыр цIыху зекIуапIэщ, абдеж хъыбарыщIэхэмкIи сэбэп зыпылъ IуэхухэмкIи щызохъуажэ. ЦIыхухэм Жаннэ гуапэу яIуощIэ, чэнджэщ щарити щыIэщ. Ар езыр хущIокъу пощт лэжьыгъэм щIэуэ къыхыхьэ Iэмал псоми кIэлъыплъыну, IэнатIэм зригъэужьыну. «Иужьрей илъэсхэм, дауи, куэдым зихъуэжащ. Пощтым цIыхухэм яхуищIэ Iуэхутхьэбзэхэр нэхъыбэ хъуащ. Махуэ къэс сыт хуэдэ IэнатIэми зеужь, абыхэм щыгъуазэ зыщIыпхъэщ, - жеIэ абы. - Ауэ зызымыхъуэжыр ди IуэхущIапIэм и къалэнхэр нэсу зэригъэзащIэрщ. Ипэ илъэсхэми хуэдэу, пощтзехьэхэм и чэзум газетхэр щIэджыкIакIуэхэм Iэрагъэхьэ, банк картэ зимыIэхэм я ахъшэхэр хуахь. Пощтым и Iуэхутхьэбзэхэм щыщ зыбжанэ мы зэманым ИнтернеткIэ зэфIагъэкIыу хъуами, ди IуэхущIапIэм къакIуэхэр диIэщ. Пощтым кредит щIыхуэр щатыну Iэмал яIэщ, лотерей къыщащэху, телефон номер къыщыдах. Апхуэдэуи нэхъыбэрэ унэм къыщыдгъэсэбэп хьэпшыпхэр мыбдеж щыбгъуэтынущ. Ди деж щолажьэ «Город» федеральнэ электроннэ Iэмалыр. КъищынэмыщIауэ, жылэдэсыр щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ пощтым емыкIуэлIэфмэ, зыхуэныкъуэ IуэхутхьэбзэмкIэ пощтзехьэм зыхуигъэзэну хуитщ. «Электроннэ IэщIэдзыр» пщIэншэу къызыдогъэпэщ. Абы и фIагъращи, паспортыр къахьын хуэмейуэ, «сообщенэкIэ» къытхуатхыу, пощтым кърагъэхьар къаIэрыхьэжыфынущ. Гезетхэм Iэ зэрытрадзэм и Iуэхур щхьэхуэщ. Нэхъыбэу ди къуажэм щытрадзэр район газетырщ - «Терек». Республикэ газетхэр къызыIэрыхьэр мащIэщ, адрейхэм электроннэ хъыбарегъащIэхэм нэхъ трагъащIэ. Дэ сыт щыгъуи иужь дитщ газетым Iэ тебдзэн щIыхуейм и мыхьэнэр жылэдэсым я деж зэрынэтхьэсыным». Жаннэ Налшык финанс техникумыр къиухри, 1993 гъэм щалъхуа къуажэм къигъэзэжауэ щытащ. ЗэхъуэкIыныгъэхэр щекIуэкI илъэсхэрати, гугъут лэжьапIэ къэбгъуэтыну, псом хуэмыдэу IэщIагъэлI ныбжьыщIэм и дежкIэ. Абы къыхэкIыу, пощтым щылэжьэну къыщыхуагъэлъагъуэм, ар арэзы хъуат. Куэдрэ абдеж зыщимыIэжьэну игугъами, Портэр пощт лэжьыгъэм дихьэхащ. ГъэсакIуэ хуэхъуа нэхъыжьыфIхэм я чэнджэщхэр зыхилъхьэурэ, хъыджэбз жыджэрыр а IэнатIэм псынщIэу хэзэгъащ. ЦIыху пашэ хъуныр пасэу наIуэ къохъу жыхуаIэр, пэжу къыщIэкIынщ. Жаннэ Къуэжейхэ я унагъуэшхуэм къыщыхъуащ, зэрыныбжьыщIэ лъандэри адэ-анэм я щIэгъэкъуэну, и мурадхэр зэрызригъэхъулIэным егугъуу щытащ. Пощт къудамэм и унафэщI къулыкъур къыщыхуагъэлъагъуэми, жэуаплыныгъэ пылъу бгъэдыхьащ. Апхуэдиз илъэскIэ зэрылэжьами и гуащIэр игъэмэщIакъым. Пощтыр Курп Ищхъэрэ къуажэкум хуозэ. Иджыблагъэ ар зэрагъэпэщыжащ, и теплъэкIи и кIуэцIкIи зыхуей хуагъэзащ. Ауэ IуэхущIапIэм и «хуабагъэр» зэлъытар абы и унафэщIырщ. Мы пощтым гупышхуэ Iуткъым, абы къыхэкIыуи унафэщIым и махуэ лэжьэгъуэр нэхъ кIыхьи щыхъу щыIэщ. Пощтзехьэхэм газетхэр къуажэм щызэбрахыху, Жаннэ ищIэныр и гъунэжщ: пощткIэ ягъэхьынухэр къыIех, ахэр ирегъашэ, коммунальнэ уасэхэр етх, лэжьыгъэ зэфIагъэкIар къепщытэжри, пощтым и къудамэ нэхъыщхьэм ирегъэхь, нэгъуэщI куэди и пщэрылъщ. Курп Ищхъэрэ дэсхэр я пощтым и лэжьэкIэм арэзы къызэрищIым и щыхьэтщ я Iуэху еплъыкIэр зратхэ тхылъым фIыщIэ фIэкIа зы псалъэ Iей зэримытыр. И зэфIэкIым, гудзакъэ хэлъу цIыхухэм зэрабгъэдэтым и фIыгъэщ пощт унафэщIым къуажэдэсхэм пщIэ къызэрыхуащIыр. Бзылъхугъэм и махуэшхуэмкIэ «Урысейм и пощт» АО-м и унафэщI Волков М. Ю. къыщехъуэхъум, къыхигъэщащ: «Уэ пхуэдэу зи IэщIагъэм хуэIэижь, хуэпэж лэжьакIуэхэращ ди IуэхущIапIэмрэ цIыхухэмрэ щIэгъэкъуэн яхуэхъур». Лэжьыгъэ и лъэныкъуэкIэ Жаннэ къару къыхэзылъхьэр и унагъуэрщ. Псом хуэмыдэу и щхьэгъусэ Аслъэн сыт щыгъуи и дэIэпыкъуэгъущ. Бзылъхугъэр ягъэгушхуэ и бынищми. Уи лъахэ цIыкIур фIыуэ лъагъун, уи къуажэгъухэм пщIэ яхуэщIын, уи гуащIэкIэ лъэпощхьэпохэр къызэбнэкIын - мыхэрщ унагъуэр зытет хабзэр.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




