Бзэ куэд зэзыгъэщIахэр

Дунейпсо тхыдэм дыхэплъэмэ, бзэ куэд дыдэ зыщIэу щыта щапхъэхэр хэтщ. Псалъэм папщIэ, инджылыз къэрал лэжьакIуэ, политик, экономист, зыплъыхьакIуэ, тхакIуэ, Гонконг и еплIанэ губернатор Боуринг Джон цIэрыIуэ хъуауэ щытащ бзэ куэд зэрищIэмкIэ. Абы жиIэрт бзи 100-кIэ псэлъэфу. ЕвропеибзэхэмкIэ, урысыбзэкIэ, испаныбзэкIэ тха уэрэдхэмрэ усэхэмрэ зэридзэкIын фIэфIт.

1792 гъэм жэпуэгъуэм и 17-м къалъхуащ. Илъэс 14 -м щегъэжьауэ щэкI къыщIэгъэкIынымкIэ фабрикэ зыгъэлажьэ и адэм и Iуэхухэм сэбэп щыхъуу иригъэжьащ, балигъыпIэ иувэри, дунеяплъэ кIуэуэ, щIы хъурейм къыщекIуэкIхэр, щIыпIэ гъэщIэгъуэнхэр зригъэлъагъуу щIидзащ. ФIы дыдэу къехъулIэрт бзэхэр зригъэщIэныр. Ар дихьэхащ къэрал куэдым я усэхэр зэхуихьэсыным, ахэр инджылызыбзэкIэ зэридзэкIыным.

1859 гъэм къэрал къулыкъум къыпэрыкIри, пенсэм кIуащ. Мыри гъэщIэгъуэнщ: Боуринг Джон и къуэ Боуринг Альфред Эдгард Шиллер, Гёте, Гейне сымэ я IэдакъэщIэкIхэр Iэзэу зэридзэкIащ.

Франджы щIэныгъэлI цIэрыIуэ Дюмезиль Жорж пасэрей бзэхэр джынымкIэ цIэрыIуэ хъуауэ щытащ. Дюмезиль иригъэкIуэкIа бзэщIэныгъэ лэжьыгъэхэм я кууагъыр къэплъытэмэ, жыпIэ хъунущ куэд мащIэми абы бзэ 200 къигъэIурыщIауэ щытауэ.

Дюмезиль Жорж Париж къыщалъхуащ 1898 гъэм гъатхэпэм и 4-м. Франджым щIэныгъэхэмкIэ и академием хэткIэрэ, ар зэман кIыхькIэ елэжьащ IуэрыIуатэми нарт эпосми.

Кавказым къэкIуэну Iэмал имыIэу, абы ис лъэпкъхэм я бзэм, IуэрыIуатэм гулъытэ ин хуищIащ. Тыркум щиджащ тыркухэм, убыххэм, абхъазхэм, осетинхэм я этнографиер. Псом хуэмыдэу куэд къихутащ осетинхэм я IуэрыIуатэм теухуауэ.

Фазах Зиад бзэуэ 58-рэ фIыуэ зэрищIэм папщIэ Гиннесс рекордхэмкIэ и Тхылъым иратхащ. Ар 1954 гъэм къалъхуащ, Бейрут къыщыхъуащ. ИужькIэ мы зэманым и хэщIапIэм – Бразилием - Iэпхъуащ.

Фазах Зиад гъащIэм щиIэ хъуэпсапIэ нэхъыщхьэт бзэ куэд зригъэщIэныр. Ар зригъэхъулIэнми илъэс куэд тригъэкIуэдащ. Бзэуэ 58-кIэ псалъэу хэIущIыIу зищIа нэужь, ар Испанием я телевиденэм щагъэунэхуащ, упщIэхэр кърату. Къалъытащ, ди зэманым бзэ нэхъыбэ дыдэ зыщIэ цIыхуу. 1998 гъэм ар Гиннесс рекордхэмкIэ и Тхылъым иратхащ, бзэ 58-кIэ псалъэу къыщыгъэлъэгъуауэ.

Джезеппе Меццофанти Италием, Баллонье, 1774 гъэм къыщалъхуащ. Анэдэлъхубзэр цIыхум зэрыIурылъым хуэдэу бзэ 38-рэ ищIэрт, абы нэмыщIи, мыIейуэ бзэ 50-м нэблагъэ къигъэIурыщIат. Зы жэщ закъуэм жьэрыIуатэкIэ ирипсэлъэфу зы бзэ щызригъэщIа къыхуихуащ абы! Дуней псом и цIэр къытринащ игъащIэкIэ.

Меццофанти и акъылым и лэжьэкIэр къызэрымыкIуэт, дауи. Ауэ езым и фIэфIыныгъэрэ и ерыщагъри хэлът апхуэдиз щIэныгъэ къызэрехъулIэм. Бзэхэр щызригъащIэкIэ Iэмал щхьэхуэ гуэрхэм тетащ. А Iэмалытхури мыбдежым къыщыдгъэлъэгъуэнщ щапхъэу:

1. Псэлъэн укIытэртэкъым. Бзэ щызригъащIэкIэ къыфIэIуэхуу щытакъым хамэ лъэпкъхэм я макъхэр езым къыщхьэщыкIыныгъэ иIэу къипсэлъми, къыщыдыхьэшхынIакIи гузавэртэкъым. Абы и дежкIэ нэхъыщхьэр зэпсалъэмрэ езымрэ зэгурыIуэнырт.

2. Бзэ зригъащIэр зи анэдэлъхубзэхэм жаIэм и тхьэкIумэр тегъэхуауэ едаIуэрт, я ужьым иту езыми къипсэлъырт. Асыхьэту къэппсэлъыжмэ, акъылым «щIитхыкI» хуэдэу мэхъу псалъэхэр.

3. Зэпымыууэ тхылъ еджэрт. Тхылъ гуэр щеджэкIэ, псалъэхэм я пэжырытхэм, псалъэухахэм я ухуэкIэм, нагъыщэхэр здэщытыпхъэм егупсысыртэкъым, зэджэм и мыхьэнэрат и Iуэхур. Ауэ щыхъукIи, тхылъ еджэныр хьэл пхуэхъуа нэужь, гу зылъумытэжми, узэреджэ бзэм и хабзэхэри къыбогъэIэижь.

4. ЗэригъащIэ бзэмкIэ гупсысэу зригъасэрт. Абы теухуауэ езым и Iэмал къигупсысыжат. И закъуэ щыхъуахэм деж махуэм къекIуэкIа Iуэхухэм бзэ зэхуэмыдэхэмкIэ чэзууэрэ егупсысырт. А Iэмалыр сэбэп къыхуэхъурт бзэуэ ищIэр щымыгъупщэнымкIэ, и гупсысэр «къигъэбырсеижынымкIэ».

5.      Бзэ гуэрым зрипщытамэ, абы къыпимыкIуэтыныр быдэу къалэн зыщищIыжырт.

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: