Бзэр дэзыгъащIэр Тхьэм иузэщI, Дунейм и фIыгъуэм щремыщIэ. КIыщокъуэ Алим и «Псалъэ» усэм щыщ мы сатырхэр яхуэфащэ дыдэщ анэдэлъхубзэр щIэблэм егъэщIэным зи гъащIэри гуащIэри тыхь яхуэзыщIа IэщIагъэлI минхэм. Мыхьэнэшхуэ зиIэ а лъэпкъ Iуэхум уелэжьыныр, лъэпкъыбзэр ебгъэджыныр, ипэжыпIэкIэ, щIыхь зыпылъ IэщIагъэщ. Илъэс плIыщI хъуауэ а IэнатIэм псэ хьэлэлу пэрытщ КъБР-м и цIыхубэ егъэджакIуэ ДыщэкI Марие. Зи дэтхэнэ дерсри зэIуха лэжьакIуэ пашэм и цIэр зэхэхымыха яхэмытми ярейщ ди егъэджакIуэхэм. Уеблэмэ ар ящыщщ ди республикэм и мызакъуэу, адрей щIыналъэхэми цIэрыIуэ щыхъуахэм. «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым щытекIуэу «УФ-м и егъэджакIуэ нэхъыфI» цIэр зыхуагъэфащэу къэрал унафэщIым игъэува ахъшэ сом мини 100-ри тыгъэ зыхуащIыжахэми яхэхуащ ДыщэкIыр. Апхуэдэ гулъытэ лъагэмрэ жылагъуэ щIыхьымрэ Марие къихьащ и IэщIагъэм хуиIэ лъагъуныгъэ къабзэмкIэ, пщэрылъ зыхуищIыжа къалэнымкIэ зыхищIэ жэуаплыныгъэмкIэ, щIэблэм щIэныгъэ куу, лъэпкъ гъэсэныгъэ екIу хэлъхьэн папщIэ зэфIих лэжьыгъэшхуэмкIэ.
ЕгъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэр, гумызагъэр гъащIэм, зыпэрыт IэнатIэм теухуа и гупсысэхэмкIэ къыддэгуэшащи, ди газетеджэхэм фи пащхьэ идолъхьэ.
- АдыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ IэщIагъэр къызэрыхэсхрэ илъэс куэд дэкIащ, ауэ зы махуи къэхъуакъым абы сыхущIегъуэжауэ, сыт хуэдиз гугъуагъ хэмылъми, ар къыстехьэлъауэ зэи схужыIэнукъым. Сыту жыпIэмэ си гъащIэ насыпым и Iыхьэшхуэхэм ящыщщ си IэщIагъэр. Абы щызыхуэзгъэувыжа къалэнхэри мыхьэнэшхуэ зиIэу къызолъытэ.
Тхыдэ гъуэгуанэ кIыхь икIи гугъу зиIа ди лъэпкъым и нэхъыжьхэм нобэм къахьэсыфащ ди хабзэ дахэхэр, тхуахъумэфащ ди анэдэлъхубзэр. Ауэ щыхъукIэ, ди адэжь-анэжьхэм къащIэна бзэм дэ IупщIэ хуэтщIыжыныр икIагъэщ. Урыс тхакIуэ Паустовский Константин зэрыжиIауэ, цIыхур и анэдэлъхубзэм зэрыхущытыжым къегъэлъагъуэ абы къэралымрэ жылагъуэмрэ щхьэкIэ ищIэфынур зыхуэдизыр. ЦIыхур ирилъагэу мы дунейм тет фIыгъуэшхуэхэр къыщалъытэкIэ, псом япэу къраIуэр щалъхуа хэкумрэ и бзэмрэ хуиIэ щытыкIэрщ. Ар егъэфIэкIуэным хуэлэжьапхъэщ егъэджакIуэхэр, псом япэу лъэпкъыбзэхэр курыт школым щезыгъэджхэр.
ЩIэныгъэр хъарзынэщ, ауэ ар щIэблэм ябгъэдумыдъхбэфмэ, зыри и уасэкъым. Ар къэслъытэри, си сабийхэр дэзыхьэхын методикэ къэзгъуэтыным иужь сихьащ. Апхуэдэ Iэмалу сэ къэслъытащ урок нэужь лэжьыгъэхэр егъэфIэкIуэныр. Сызэрылэжьа илъэсхэм зэзгъэпэщащ класс щIыб лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм я сценарий куэд. Абыхэм яхэтщ литературнэ пщыхьэщхьэхэм, тхылъеджэхэм я зэIущIэхэм, кружокхэм я лэжьыгъэхэм, диспутхэм, конференцхэм я сценарийхэр.
КъызгуроIуэ псалъэ гъущэ къудейкIэ егъэджакIуэхэр къызэрыдумыхьэхыфынур. ЦIыхум «мыр фIыуэ лъагъу» жыпIэкIэ пхуегъэлъагъунукъым. Абы папщIэ зыхебгъэщIэн, дебгъэхьэхын, лэжьыгъэ пыухыкIа епщIэкIын хуейщ. Ар къэслъытэкIэрэ, си гъэсэнхэр куэдрэ сошэ театрхэм, музейхэм, щIыпIэ гъэщIэгъуэнхэм. Ялъэгъуахэр къазэрыщыхъуам теухуа сочиненэхэр язогъэтхыж.
ЕджакIуэхэм предметыр фIыуэ ялъагъуныр елъытащ зэрабгъэдэплъхьэ щIыкIэми. Класс нэхъыщIэхэм зы урокым унэ лэжьыгъэхэр къыщебгъэпщытэжу, темэщIэри епту ебгъэбыдылIэжын пхузэфIокI 9 -11-нэ классхэм урокхэм соухуэ лекцэ-семинар щIыкIэм тету. Урок-лекцэ, урок-семинар, урок-зачетхэм мыхьэнэ ин яIэщ еджакIуэр езыр-езыру лэжьэфу, къызэджамрэ зэхихамрэ итхыжыфу, абыхэм мыхьэнэ нэхъыщхьэр къыщигъуэтыфу, езым выводхэр ищIыфу есэнымкIэ. Апхуэдэ лэжьыгъэм ахэр пэгъунэгъу ещI еджапIэ нэхъыщхьэхэм я еджэкIэм.
Ди сабийхэр псори зэхуэдэу фIыуэ едгъэджэн хуейщ. Аращ зытеухуар илъэс тIощIым щIигъуауэ сызиунафэщI, районым адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэджхэм я методикэ зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэри. ЕгъэджакIуэхэм я зы упщIи къэзгъанэркъым жэуапыншэу. Куэдрэ изогъэкIуэкI практикэ, теорие семинархэр. А псоми къишащ сызыдэлажьэхэми я дзыхь къызагъэзыныр, дэIэпыкъуэгъу си деж къыщалъыхъуэныр. Апхуэдэу бзэм, литературэм егъэджакIуэ ныбжьыщIэхэр нэхъри дихьэхынымкIэ сэбэп мэхъу Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ Алибердыкъуэ къуажэм и егъэджакIуэхэм дапыщIауэ, ди Iуэху еплъыкIэрэ лэжьыгъэ ухуэкIэрэ дызэдэгуашэу дызэрыщытри.
Нобэ, Тхьэм и фIыщIэкIэ, ди анэдэлъхубзэм гулъытэ хуэтщIыну дыщыхуит зэманщ. Мы дунейшхуэм зы къэрали теткъым ди деж лъэпкъ мащIэхэм я бзэм щиIэ пщIэм хуэдиз щигъуэт. Зыгуэр мыхъумэ, къыщынэр ди дежщ. АтIэ псоми мыпхуэдэу жыдвгъэIэт: «Къэзгъэнэнкъым си емыгугъуныгъэкIэ зы Iуэху закъуи. Сытелэжьэнщ ди адыгэбзэр гъэхуауэ, жьакIуэу, губзыгъэу, удихьэхыу дэнэ утыкуи къыщыIуным». Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм кърикIуэнур фIыгъуэ мылъытэщ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




