И лъэужь мыгъуащэ щIы щхьэфэм къытринащ

Лъэпкъ узэщIакIуэ Къуэдзокъуэ Лэкъумэн щIэныгъэр зи гум илъ, куэд еджэ цIыхут. КъызыхэкIа лъэпкъри щIэныгъэм и дунейм зэрыхишэнум хуэпабгъэрт. А IуэхумкIэ абы зэфIигъэкIа лэжьыгъэр зыхуэдэр къыщыгъэлъэгъуащ критик Сокъур Мусэбий и тхыгъэм.
«Къулыкъум къыдэмыхуэ пэтми, ар тхылъым бгъэдэс зэпытт, дэнэкIи къыщыдэкIыу хъуар къыIэрыхьэрт, езыри мыувыIэу газетхэмрэ журналхэмрэ тхэрт. 
И тхыгъэхэр политикэм, экономикэм, нэгъуэщI Iуэху зэшыгъуэхэм теухуа пэтми, Къуэдзокъуэм икъукIэ берычэту къигъэсэбэпырт литературэ тхэкIэм и фащэхэр, абы и сэбэпкIэ, зытепсэлъыхьыр дапщэщи нэгум къыщIэувэрт, еджэхэм псэкIэ зыхащIэрт. Абы и тхыгъэхэм хэпхъат Франджым, Инджылызым, нэгъуэщI къэралхэм я литературэхэм щыщ псэлъафэхэмрэ нэщэнэхэмрэ. 
Псом хуэмыдэжу IуэхугъуитIым хуэнэхъуеиншэт Къуэдзокъуэр: мэкъумэш IэщIагъэм цIыхухэр хуегъэджэнымрэ бгырыс гуащIэрыпсэухэр щIэныгъэм хуэгъэтэджынымрэ.
 I867 гъэм Владикавказ ремесленнэ еджапIэ къыщызэIуаха нэужь, Къуэдзокъуэм и щIапIэр абы щеджэхэм яхуеутIыпщри щIэныгъэр нэрылъагъуу къызэрагъэсэбэп Iэмалхэм ирегъасэ. ЕджапIэм зи нэIэ тетхэм ящыщт езы Къуэдзокъуэр. Зэгуэр абы и унафэщI ящIынуи къаIэтыгъащ. I887 гъэм училищэм абы ирет щIыуэ дестынибгъум нызэрыхьэс, хадэ бэгъуа тету, псэуалъэри Iэмэпсымэри и гъусэу. А псори зэхэту сом миниплI и уасэт. Кавказ округым и унафэщIым абы щхьэкIэ фIыщIэшхуэ къыхуищIыгъащ Къуэдзокъуэм. 
ЕтIуанэ мураду Къуэдзокъуэм иIащ бгырысхэр урысыбзэм ешэлIэныр. «Урысыбзэр шэрыуэу щIэнымрэ сэбэп къэзыхь наукэхэр джынымрэ Кавказым ис лъэпкъхэм я дежкIэ гъэтIылъыпIэ зимыIэ къалэнщ», – жиIэрт абы емышу.
 ЦIыху гумызагъэу, зэIусэм псэ хелъхьэ жыхуаIэу щытащ Къуэдзокъуэ Лэкъумэн. Абы псэкIэ зыхищIэрт бгырысхэр щIэныгъэншэу щытыху, зэманым дэбакъуэу зэрымыпсэуфынур. 
I869 гъэм щIым теухуа реформэр ягъэхьэзыра нэужь, Къуэдзокъуэр ягъэув Тэрчрэ Кубанрэ щхьэкIэ къызэрагъэпэща Сословнэ комиссэм и унафэщIу. А комиссэм и лэжьыгъэр Къуэдзокъуэм итхыжауэ щытащ напэкIуэцIи I30-рэ хъууэ. Тхыгъэр нобэми къагъэсэбэп а лъэхъэнэм елэжь тхыдэджхэм. 
И ныбжьыр илъэс хыщIым щхьэдэха пэтми, Къуэдзокъуэм 80 гъэхэми къигъанэркъым къулыкъур. Комиссэм и унафэщIу къонэ, мылъкукIэ хуэмыщIауэ псэуми. I882 гъэм абы и узыншагъэр нэхъыкIэ мэхъу… 
Къуэдзокъуэм и гъащIэр зэриуха щIыкIэр иджыри тэмэму зэIубз хъуакъым. I887-I888 гъэхэм къыдэкIа «Кавказский календарь»-м ар ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа комиссэм и унафэщIу итщ, I889 гъэм а къулыкъур «зеиншэу» къонэ, I89I гъэм а календарым иратха цIыхухэм Къуэдзокъуэр хэтыжкъым. Къумыкъу Тыгъуэн зэритхымкIэ, Къуэдзокъуэ Лэкъумэн I893 гъэм Владикавказ щылIащ. 
… Щхьэж и Iуэху еплъыкIэкIэ дауэ зэщхьэщыкIами, бгырысхэм я деж илъэсищэ блэкIам «къыщебла» культурэм и лэжьакIуэ пашэхэм я нэIэ нэхъыбэу зытетар тхыдэ, этнографие, IуэрыIуатэ, бзэ хуэдэхэрщ. Абыхэм яхозагъэ Къуэдзокъуэ Лэкъумэни. 
Университетыр къиухыу щалъхуа хэкум къигъэзэжа нэужь, ар гурэ псэкIэ дихьэхауэ йолэжь и лъэпкъым и псэукIэр куууэ джыным, хэкур зыхуэныкъуэмрэ зыхуэкъуагуэмрэ къыгурыIуэным. Къуэдзокъуэм тыншу гъунэгъу захуещI щIыпIэм ис бгырыс пэрытхэмрэ урыс цIыху хьэлэлхэмрэ, абыхэм я жэрдэмыр къигъэсэбэпурэ тхыдэр щызэхуэхьэса архивхэр щIеджыкI, уэрэдыжь, хъыбарыжь хуэдэхэр етхыж, тыркубзэмрэ тэтэрыбзэмрэ зрегъащIэ, анэдэлъхубзэр едж. А IуэхухэмкIэ Къуэдзокъуэм дэIэпыкъуэгъушхуэ къыхуэхъуахэм ящыщщ Нэгумэ Шорэ. Мыбы и чэнджэщкIэщ щIалэм адыгэбзэр джын зэрыщIидзар. ИужькIэ, бзэм и щэхухэр къищIа нэужь, Къуэдзокъуэрщ Шорэ и лэжьыгъэхэр япэ дыдэ щIиджыкIыу зэпкърызыхар. 
Адыгэ щIалэм и мурадащ бгырысхэм я гъащIэм теухуа лэжьыгъэшхуэ итхыну. Кавказым щрихьэкIа илъэс ныкъуэм къриубыдэу абы куэд хузэфIэкIащ хэкур джынымкIэ, абы и этнографиемрэ тхыдэмрэ епха нэщэнэхэр зэхуэхьэсынымкIэ. 
Къуэдзокъуэм и усэхэр зэ еплъыгъуэкIэ къыпщохъу Кавказым щригъэкIуэкIа гъащIэмрэ лэжьыгъэхэмрэ зыкIи емыпхауэ. Пэжу, усэхэм хэткъым Кавказым и теплъэгъуэ нэрылъагъуи, бгырыс псэукIэм пыщIа фащэ щхьэхуи, а зэманым екIуэкIа гъащIэм и дамыгъэ гуэрхэри. Усэхэм я Iэпкълъэпкъыр къызэщIиубыдэу зы зыщIыр мурад абрагъуэхэмрэ хъуэпсапIэ жыжьэхэмрэ зи псэр ета щIалэрщ. Мыбы и гупсысэхэмрэ и дуней еплъыкIэмрэ къыбгурыIуэн щхьэкIэ, гу лъытапхъэщ 30-40 гъэхэм щыгъуэ урыс романтизмэм игъафIэу щыта макъамэхэм Къуэдзокъуэм и усэхэр зэрыщIэтэджыкIым. Къуэдзокъуэм и усэхэр щитхар езыр Московскэ университетым щыщIэса лъэхъэнэрщ. Тхылъыр къыщыдэкIам, ар ещанэ курсым хэст. 
ЩIэныгъэмрэ литературэмрэ куэд щIауэ къызыдэгъуэгурыкIуэ Хомяковхэ я унагъуэм хэхъукIа щIалэр университетым зэрыщIэхуэу нэгъуэщI дуней техьа хуэдэу къыщIедз. Декабристхэм я лъэужьым хуэпэжа Белинский, Герцен, Огарёв, Лермонтов хуэдэхэрщ а лъэхъэнэм университетым псэ хэзылъхьэу щытар. Хуэбгъэфащэ хъунущ абыхэм яжь Къуэдзокъуэми къыщIихуауэ. Ауэ шэч зыхэмылъыжыр зыщ: Къуэдзокъуэм и лIыхъужьым япэ хъуэпсапIэу иIэр хуиту гупсысэнырщ, дахагъэм хуэпабгъэнырщ, абыхэм щIэбэнынырщ. Абы и гуращэщ къару фIыцIэ зэщIэзыIыгъэхэм ятекIуэныр, и дунейр мыхьэнэншэу иримыхьэкIыныр, и лъэужь мыгъуащэ щIы щхьэфэм къытринэныр. КъыгуроIуэ бзаджэм пэщIэмытыфыр фIыгъуэм зэрыпэIэщIэр. Усэхэм щышэщIа а макъамэ ткIийр а лъэхъэнэм щыIа урыс романтизм пэрытым и джэрпэджэж хуэдэу мэIу. Лирическэ лIыхъужьыр щалъхуа хэкум, щIапIэжьым зэрыхуэхъуапсэм тэмэм ещI Къуэдзокъуэм и усэхэр джэрпэджэж къудейуэ къэмынэу, езым и гъащIэм зэрыхэхъукIар». 

 

Зыгъэхьэзырар Тхьэхущынэ Ланэщ.
Поделиться: