БгъуэнщIагъхэм щIэупщIэ зэрагъуэтар

Илъэс 16-м иту Новэ Афон бгъуэнщIагъыр япэу къэзыхута Смыр Гиви хэтащ I992-I993 гъэхэм Абхъазым щекIуэкIа зауэм. ЛIыгъэрэ хахуагъэрэ хэлъу и лъахэм и щхьэхуитыныгъэр зэрихъумам къыдэкIуэу, абы республикэм и щэнхабзэми хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIат, и сурэтхэмрэ скульптурэхэмкIэ.
Сурэт щIыныр Гиви и лъым хэтагъэнущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, а IэщIагъэм хуемыджами, абы «къигъэщIахэм» я дахагъэр къыпхуэмыIуэтэным хуэдэщ. 
Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр япэу щагъэлъапIэм ар къеблэгъауэ щытащ ди щIыналъэм. КъБР-м и Лъэпкъ музейм абы и IэдакъэщIэкIхэм зыщыщыдгъэгъуэзэнуи Iэмал диIат. КъызыхэкIа лъэпкъым, абы и тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ щыхьэт темыхъуэ зы дамыгъи къыщыгъэсэбэпэпатэкъым абы и лэжьыгъэхэм. Зэрыхэкупсэм ар и нэщэнэт.
Абхъазхэр лъэпкъыжьхэм ящыщщ, абы и гъуэгуанэмрэ къыдекIуэкI хабзэмрэ Смыр Гиви зэримыхамэр, нэхъ пэжу жыпIэмэ, фIыуэ зэрыхищIыкIыр и сурэтхэм къытхуаIуатэ. Абы нэхъыбэрэ IуэрыIуатэм зыхуигъэзащ, лъэпкъхэм я къежьапIэм и пэжыпIэр зыхэбгъуэтэнур арауэ къыбжиIэ хуэдэ. МымащIэу Смырым цIыхубз сурэтхэри ищIащ. Ауэ абыхэми къэIуэтэкIэ щхьэхуэ яIэжщ - псысэ теплъэ яIи хуэдэщ, абы щыгъуэми гупсысэшхуэ къахощ. Гиви и лэжьыгъэхэм узытхьэкъуу зы сурэт яхэтщ, ину ищIауэ. Абы къыщыгъэлъэгъуар Хьэуарэ Iэдэмрэщ. Куэдым уезыгъэгупсыс лэжьыгъэщ, шэч хэмылъу. 
«Сэ си фIэщ мэхъу адыгэхэми я гъащIэм, я къекIуэкIыкIэм, я щэнхабзэм епха дамыгъэхэр зэрамымащIэр. Абыхэм нэхъыбэу гу лъезгъэтэнут, утыку нэхъыбэрэ кърезгъэхьэнут фи сурэтыщIхэм. Ди лъэпкъ лIыхъужьхэр тцIыхужын хуейщ, ди къалэхэм я утхэм абыхэм я фэеплъхэр итыпхъэщ», - жиIэгъащ сурэтыщIым.
«Смыр Гиви зыми емыщхь сурэтыщIщ. Ар и IэдакъэщIэкIхэм къагъэлъагъуэу къызолъытэ. КъызыхэкIа лъэпкъым епха Iуэхугъуэ псори зыгъэлъапIэ, япэ изыгъэщ я цIыхум абхъазхэр абы и щIэиным ирипагэ хъунущ», - жеIэ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин.
Смыр Гиви 200I гъэм щегъэжьауэ псэуху Новэ Афон бгъуэнщIагъым и унафэщIу лэжьащ. Зи гугъу тщIа Абхъаз зауэм щыгъуи Гумиста щIыпIэр зыхъумэ езанэ батальоным и штаб унафэщIу, иужькIэ еплIанэ фочауэ гупыр и нэIэм щIэту щытащ. Абы къыхуагъэфэщащ Абхъазым и къэрал, дзэ дамыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэхэр – Леон орденымрэ «ПщIэрэ щIыхьрэ» орденым и етIуанэ нагъыщэмрэ.
Скульпторым и IэдакъэщIэкIхэр зытриухуар абхъаз IуэрыIуатэм къыхэщыж лIыхъужьхэрщ - пхъэмрэ мывэмрэ къыхищIыкIахэр. Абы и гъэлъэгъуэныгъэхэр мызэ-мытIэу щекIуэкIащ Сыхъуми, Налшыки, Москваи. Мы зэманым абы и IэдакъэщIэкIхэм и ныкъуэр щахъумэ Новэ Афон и щэнхабзэ центрым.
Нобэ Новэ Афон зыгъэпсэхуакIуэхэр зэрыкуэдым Смыр Гиви и гуащIи хэлъу къалъытэ. Абы щIыпIэ администрацэр и дэIэпыкъуэгъуу, Анакопийскэ (Ивер) бгым, Новэ Афон псыкъелъэм, Кананит Симон и бгъуэнщIагъым зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр щригъэкIуэкIауэ щытащ.
«СощIэж, КПСС-м и япэ секретарь Хрущёв Никитэ Америкэм кIуауэ я Президентым ар США-м щыIэ зы бгъуэнщIагъым иригъэблэгъауэ зэрыщытар. Хрущёв илъэгъуар телъыджэ щыхъуати, совет пашэр къэкIуэжа нэужь, бгъуэнщIагъхэм щIэупщIэшхуэ яIэ хъуат», - игу къигъэкIыжт Гиви. 
Ар ирипагэу тепсэлъыхьыжырт мыгувэу япэ экспедицэшхуэр къызэрагъэпэщауэ зэрыщытам, езыр абы зэрыхэтам. Махуэ I5-м фильм трахыжат бгъуэнщIагъым теухуауэ. Совет къэралыгъуэм и унафэщIхэр абы еплъри, унафэ ящIат бгъуэнщIагъыр зэIузэпэщ щIын хуейуэ. Апхуэдэу абы и унафэщI хъуащ Смыр Гиви.
ЩIэныгъэлI-кавказыдж Цвинарие Игорь жиIэжат Гиви зыплъыхьакIуэхэр къригъэлъауэ зэрыщытам и хъыбари. Дунейм щынэхъ ин дыдэ, ауэ а зэманым иджыри фIыуэ ямыцIыхуа Крубера (Воронья) бгъуэнщIагъым (Гагрэ щыIэм) I96I гъэм щIыхьахэм мывэ блыным щыщ зы къыгуэури я гъуэгур зэхуищIат. Смыр Гиви и IэкIуэлъакIуагъэм и фIыгъэкIэ ар къещэщэхахэм къыхэкIри, цIыхухэм ядэIэпыкъуну яхуишат…
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: