Лыуэ къалэжьым хохъуэ![]() Дызэрыт илъэсым и щIышылэ - фокIадэ мазэхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэщ гъэхъун IэнатIэм къыщалэжьым хэхъуащ. Псалъэм къыдэкIуэу, Кавказ Ищхъэрэм Къэрал статистикэмкIэ и управленэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и мазибгъум республикэм и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэм зэхэту лырэ джэдкъэзылу (псэууэ шэчауэ) къалэжьащ тонн мин 22,1-рэ, нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм елъытауэ процент 13,2-кIэ ар нэхъыбэщ. Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу мэкъумэш IуэхущIапIэхэм псоми зэхэту шэуэ къашащ тонн мин 67,6-рэ е 2023 гъэм и щIышылэ - фокIадэ мазэхэм щыIам проценти 103-кIэ хуэкIуэу. МэкъумэшыщIэхэмрэ фермерхэмрэ зэхэту джэдыкIэу къыщIахащ мелуани 5,4-рэ е нэгъабэ и апхуэдэ лъэхъэнэм щыIэ бжыгъэхэм проценти 148,2-кIэ нэхъыбэу. ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.
Поделиться:
Читать также:
17.04.2026 - 13:09 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
17.04.2026 - 11:08 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
17.04.2026 - 10:50 →
Я псэр зы чысэм илът
17.04.2026 - 10:50 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
16.04.2026 - 16:19 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ ИУНАФЭ
| ||






