Таурыхъым хуэдэ УардэунэМейкъуапэ и къалэ жыг хадэм ит Дыщэ Уардэунэм и теплъэмрэ абы щIэлъ хьэпшыпхэм я дахагъымрэ псалъэкIэ, газет тхыгъэкIэ къэбгъэлъэгъуэным иужь уихьэныр щыуагъэщ. Адыгэм зэ илъагъун хуейуэ и пщэрылъ нэхъыщхьэхэи ящыщу згъэувынт а Уардэунэр. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар ди лъэпкъым и беягъыр, гъуазджэм и дахагъыр, адыгэ бзылъхугъэм и зэфIэкI къызэрымыкIуэр, цIыхупсэмрэ цIыхуIэмрэ къагъэщI телъыджагъэр нэрылъагъу щыхъу таурыхъ унэщ, псэкIэ нэхъ къулей узыщIщ. Абы щIэлъ дэтхэнэ хьэпшыпми езым и тхыдэрэ хъыбаррэ иIэжщ, Уардэунэм и Гуащэм и гъащIэ гъуэгуанэм епхауэ е къызыхэкIа лъэпкъым ехьэлIауэ. Блынхэр, лъэгухэр, унащхьэхэр, пкъохэр, теувапIэхэр - мыбы зы IэпапIи иIэкъым гупсысэ, теплъэ, купщIэ щхьэхуэ имыгъуэтауэ. А псори Уардэунэм щылажьэ экскурсоводым гурыIуэгъуэу къыбжеIэ, уигъэлъагъу хьэпшыпхэмрэ жиIэ хъыбархэмрэ таурыхъым укъыщагъэхутэ. Сыт и уасэ Еутых Iэсият дунейпсо щэнхабзэм, гъуазджэм хэлъхьэныгъэ лъапIэу хуищIахэр уи нэкIэ плъагъуныр, къэралым и музей нэхъыщхьэм, Эрмитажым, щIэлъ дыщэ тажым и копиер, пащтыхь нысэм и адыгэ фащэм хуищIа пкъыгъуэхэр, Иордан Пащтыхьым и щхьэхъумэхэм Iэсият яхуищIа Iэщэ-фащэр, Пащтыхьыкъуэр Еутыхым и унэм зэрыщытхам щыхьэт техъуэ дэфтэрыр, псоми къежьапIэ яхуэхъуж и анэшхуэ Къадырхъан и пасэрей фащэхэр, доллар мелуан бжыгъэкIэ ящэхуну хуейуэ къызыщIэхъуэпс амазонкэ гуащэ тахътэр. АтIэми а хъыбар псоми додаIуэ, нэм илъагъумкIэ гум зимыгъэнщIу дыщэ унэм зыщыдоплъыхьри, ди лъэпкъэгъу бзылъхугъэ IэпэIэсэ цIэрыIуэм и адыгэбзэр зэхэтхыну, иджыпсту нэхъ зэлэжьхэм тедгъэпсэлъыхьыну ищхьэ къатым дыдокIуей. Iэсият и теплъэкIэ адрейхэм ещхькъым, и нитIым я куууагъымрэ и бгым и псыгъуагъымрэ, гъущIым елэжь и Iэхэм я щабагъымрэ и макъым и гуакIуагъымрэ къахегъэщхьэхукI ар адрей бзылъхугъэхэм. - Iэсият, илъэситI и пэкIэ уи унэм сыщыщыIам и гугъу къысхуэпщIат мы Дыщэ Уардэунэр зэрыбухуэм. Бухыу уи гур псэхужа? - Сухауэ жысIэфынукъым, Замирэ. Зэи сухыну къыщIэкIынкъым, махуэ къэс зыгуэр щIэслъхьэнущ, есщIэфынущ. ФIым кIэ иIэкъым жыхуиIэм хуэдэу, епщIэ хъунур иджыри куэдщ. КъищынэмыщIауэ, пщIантIэр зыхуей хуэдгъэзакъым, абы къыдэкIуэу утыкушхуэ тщIыну дыхуейщ, дыщэ жыг иту. Мы унэм и ещанэ къатым метри 8 и лъагагъыу щытынущ. Арагъэнщ дыщэ жыгым сыщелэжьынур, абы иджыри щхьэ телъкъым. Iуащхьэмахуэ дэкIуеяр бгы нэхъ лъагэхэм, ауэрэ Эверест дэкIыну зэрыхъуапсэм ещхьщ си IэщIагъэри. Зыгуэр сщIыну сигу къихьамэ, махуэ къэс абы и инагъым хохъуэ. Зи гугъу сщIы дыщэ жыгри аращ. - Сыт ар бгъэувыну уигу къыщIэкIар? - Жыгыр лIэщIыгъуэхэр къызэрабж, къызэзынэкI къэкIыгъэщ, гъащIэм и нэщэнэщ. ЕтIуанэрауэ, дахэщ. Абы иджыри есхьэлIэну гупсысэхэр куэдщ. Псалъэм папщIэ, насып лъыхъуэм и нэщэнэу тхьэрыкъуэ хужь цIыкIухэр тесынущ… - Уи унэм и щIыхьэпIэбжэр апхуэдэ жыгыу къысщохъуж, Iэсият? - Апхуэдэщ, мис абы куэд къыбгъэдыхьэурэ жыгым пыт дыщэ мыIэрысэхэм Iэ далъэ. Ауэ щIалэ къэмышэхэм мыIэрысэракъым гу зылъатэр, атIэ тхьэрыкъуэ цIыкIухэрщ, зэIусэну нэхъ къащтэри а тхьэрыкъуэхэращ. Мис ахэращ къэзыгупсысар жыгым и мыхьэнэуэ щытынур. Ар цIыхубэрщ зейр, сыт хуэдэ лъэпкъми яIэщ ар, сэри адыгэ нэщэнэ гуэр хэслъхьэркъым, цIыхубэ нэщэнэщ иIэр. Унагъуэ хъуну зэзыухылIа щIалэгъуалэр, хьэгъуэлIыгъуэ зыщIхэр къекIуэлIэнущ абы, фIы гуэр къахуихьыну щыгугъыу икIи къахуихьынщ. Лъэпкъ Iуэху щызепхуэм деж ебгъэлей хъунукъым, лъэпкъ хьэпшыпхэмрэ нэщэнэхэмрэ унагъуэрщ щызепхьэн хуейр, уи тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ уэращ зыджыжын хуейр. Уи дахагъэр, беягъэр, шэч хэмылъу, бгъэлъагъуэн хуейщи, си Iэ къызэрикIкIэ согъэлъагъуэ, ауэ ар нэгъуэщI лъэпкъ къыхэкIахэм залымыгъэкIэ ебгъэщтэну иужь уихьэныр щыуагъэщ. - Уи IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэм цIыхубэр зэхуешэс сыт щыгъуи, журналистхэр тотхыхь, телевизоркIэ къагъэлъагъуэ, хамэ къэралхэм щызэIэпах. Иджы мы Уардэунэр къызэрызэIупхрэ туристу къеблагъэр нэхъыбэ хъуа, фыбжрэ ахэр? - Махуэ къэс нэхъыбэ мэхъу. Сыкъыщалъхуа махуэр згъэпщкIуну сыхуейщ сытым дежи. Ауэ нэгъабэ схуэгъэпщкIуакъым - цIыху 500-м нэблагъэ а зы махуэм къыщызэхуэсат мыбы. Мыдрей махуэхэм, я нэхъ мащIэрамэ, цIыху 25 - 50 къыщIохьэ, нэхъыбэрэ цIыхуи 100 - 150-рэ диIэщ, автобускIи къокIуэ ахэр. Адыгэ Республикэм и ЛIыщхьэм и хьэщIэхэр къешэ. Урысей Федерацэм и Правительствэм хэтхэр, федеральнэ министрхэр республикэм къыщыкIуахэм деж яфIэгъэщIэгъуэну зыщаплъыхь. Махуэшхуэхэм, зыгъэпсэхугъуэхэм, дунейм и щытыкIэм емылъытауэ, ди куэдщ цIыхур. Апхуэдэу гъуазджэм дихьэххэр зэрыкуэдыр гуапэ пщымыхъуу къанэркъым. Ди Уардэунэм нысащIэ щыщIашаи щыIащ. Дахэ хъуат абы иращIэкIа гуфIэгъуэр. - Сыт хуэдэ лэжьыгъэщIэ утыку къипхьэну бгъэхьэзырыр? - Апхуэдэу къыщызэупщIым деж яжесIэнур сщIэркъым. Сэ зэи зы хьэпшыпым селэжьыркъым. Иджыпсту си Iэнэм лэжьыгъэ тIощIым нэблагъэ телъщ. Ритонхэр сощI, мейкъуапэ щапхъэм тет гуащэ шэнт согъэхьэзыр. ИтIанэ зэи зыми имыщIа гуэр сщIыну сыхуейуэ апхуэдэщ. Сэшхуэ сщIын къезгъажьэри, ящIу щIадзащ, къамэ сщIыуэ сыхуежьэри, фи щIалэхэми ящI хъуащ, си IэдакъэщIэкIхэм ящыщу ритонращ зэкIэ зыми хуэмыщIыр, сэ пщIы бжыгъэкIэ сиIэщ. Дыщэ тажхэр сщIащ, иджы тахътэм (троным) иужь сихьащ. Килограмм 50 зи хьэлъагъ тахътэ ювелир жыпхъэм иту иджыри зыми ищIакъым. Апхуэдэ щысщIам деж щIэ гуэр хэслъхьэну сыхуейщ, тхыдэм къыхэщыж тахътитI сщIыну си мурадщ иджыри. - Iэсият, уэ езым зэхэплъхьэжа гъущIым къыхэщIыкIа уи IэдакъэщIэкIхэр тфIэдахэу деплъурэ, нэгъуэщI пкъыгъуэ куэдымкIэ зэхэлъ Дыщэ Уардэунэ пщIащ. Таурыхъым укъыщыхута хуэдэу, мы пкъохэм, гъуджэхэм, лъэгухэм, унащхьэхэм уоплъ. Убэуэну ухуейкъым хьэпшыпхэр щызэпуплъыхькIэ, уэри уигу зэрыхигъахъуэм шэч хэлъкъым. Сыт уи лэжьыгъэхэмкIэ цIыхухэм я деж нэпхьэсыну узыхуейр? - Щэнхабзэм ещхькъым гъуазджэр. Гъуазджэр цIыхум зыхебгъэщIэн хуейщ, ар зыхищIэн папщIэ илъагъун хуейщ. Сэ сыхуейщ адыгэр дахэу, фIыуэ нэгъуэщIхэм къалъагъуну, езы адыгэхэм я беягъыр яцIыхужыну, лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэхэр утыку исхьэну, лъэпкъыр дахэу нэгъуэщI щIыпIэхэм щызгъэлъэгъуэну. Си IэдакъэщIэкIхэр хэлъхьэныгъэ хуэхъуу жысIэфынущ си лъэпкъыр дахэу нэгъуэщIхэм къалъагъуным. Епсэлъар НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэщ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




