Туризмэм гулъытэ хэха хуащI
Урысей Федерацэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм къыхихын щIидзащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу туризм IэнатIэм ехьэлIауэ зыуэ щыт субсидиехэр зратынухэр. «Туризмэмрэ хьэщIагъэм пыщIэ Iуэхугъуэхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ зэхьэзэхуэ ирагъэкIуэкIынущ а IэнатIэм зегъэужьыным ехьэлаIуэ зыуэ щыт субсидиехэр зыхуагъэфэщэну щIыналъэхэр ягъэбелджылын папщIэ. Абы щытекIуахэм илъэсищкIэ, 2025 гъэм щегъэжьауэ 2027 гъэ пщIондэ ахъшэ иратынущ, зы илъэсым сом меларди 9 хуэзэу. ЩIыналъэхэм субсидиер зытрагъэкIуадэ хъунур псы Iуфэхэр, турист кIуапIэхэр зэIузэпэщ щIыным, лъэс лъагъуэхэм, зекIуапIэхэм гъуэгугъэлъагъуэхэр, дамыгъэхэр щыгъэувыным, турист-хъыбарегъащIэ центрхэр къызэгъэпэщыным ехьэлIа лэжьыгъэхэрщ. Апхуэдэуи абыхэм къащэху хъунущ IэнатIэм къыщагъэсэбэп оборудованэхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ. Туристхэр къыщызэтеувыIэн щIыпIэхэр (кемпингхэр) къызэгъэпэщыным, абыхэм щхьэкIэ зыхуэныкъуэну палаткэхэр зэгъэпэщыным, къалэхэм я турист центрхэр зыхуей хуэгъэзэным, зэIузэпэщ щIыным, нэгъуэщIхэми трагъэкIуадэ хъунущ ахъшэр. ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




