Дызыхуэмей «хьэщIэхэр»

 Хьэршым зи инагъкIэ зэхуэмыдэ астероид куэдыкIейм къыщалъэтыхь.  Ахэр ЩIым къытеуэнкIэ  шынагъуэ щыIэ? США-м и НАС космос агентствэм ди гур фIы ещI: ахэр псори кIэлъыплъыныгъэм щIэтщ икIи зи кIыхьагъыр метр 50-м щIигъу  (нэхъ цIыкIухэр ди деж къэмысу хьэуам хисхьэнущ) дэтхэнэри телескопхэм жыжьэу къалъагъунущ.  Пэжщ, къалъагъу, арщхьэкIэ языныкъуэхэр мэбзэх, здэкIуари здэжари ямыщIэу. Псалъэм и хьэтыркIэ, и хьэлъагъыр тонн мелуан 54-рэ, и бгъуагъыр метр 300 хъууэ 2007 гъэм  къахута метеоритыр лъэужьыншэу кIуэдащ икIи иджыри къэс зыми къыбжиIэфынукъым ар «щыхьэулейри»  зыхуэгъэпсари.

Мыбдежым къыщыдгъэлъэгъуэнщ зи бгъуагъыр метри 140-м нэс астероидым цIыху мелуан щыпсэу къалэшхуэр (мегаполис) зэрырихыфынур. Еджагъэшхуэхэм апхуэдэхэр къалъыхъуэ икIи я кIэлъыплъыныгъэм щIагъэувэ. Мы зэманым абыхэм я процент 40-м якIэлъоплъ иджыри 1400-рэ хуэдиз къахутэну къапэщытщ. Зи бгъуагъыр метр 500 хъу Беннэ метеоритыр ЩIым гъунэгъу къыхуэхъунущ 2182 гъэм фокIадэм и 24-м, ауэ астрономхэм къызэрабжамкIэ, къыжьэхэуэнкIэ щыIэ шынагъуэр процент 0,04-м фIэкIыркъым.

Къалэхэр изыхыфынухэм къадэкIуэу, щыIэщ планетэхэр зыкъутэфынухэри. Мы зэманым дыгъэ системэм иIэщ апхуэдэхэу тху.  Ауэ илъэсищэ гъунэгъум апхуэдэ «хьэщIэхэр» ЩIым къыхуеблэгъэнкIэ шынагъуэ щыIэкъым. Зи бгъуагъыр  километри 4,5-рэ фIэкIа мыхъу апхуэдэ метеоритым илъэс мелуан 66-рэ и пэкIэ  ЩIым и Iыхьэ щанэр ирихауэ щытащ,  Юкатан хытIыгу ныкъуэр фэеплъу къигъанэри.

НАСА-м псори кIэлъыплъыныгъэм щIэту зэрыжиIэри уи фIэщ пщIыщэ хъунукъым.  Щхьэ къамылъэгъуарэ-тIэ Челябинск метеоритыр? Щхьэусыгъуэр зыщ: дыгъэм и лъэныкъуэмкIэ къикIати, гу лъатакъым - апхуэдэхэр телескопхэм яIэщIокI.

Ауэ плъагъукIи сыт и мыхьэнэ, зыри пхуемыщIэнумэ? Мы зэманым хьэршыр къэзыгъэIурыщIэ зы къэрали иIэкъым ЩIым къыхуэкIуэу жыжьэу къахута астероидым тетIысхьэу ар лагъым лъэщхэмкIэ зэхэзыкъутэфыну космос кхъухь. Ар зы. ЕтIуанэрауэ, псалъэм и хьэтыркIэ, сыт хуэдэ IэщэкIэ пхуэкъутэну километр 370-рэ зи кIыхьагъ икIи километр 200 зи бгъуагъ Гектор метеоритыр?

Дауи, ракетэхэр ираутIыпщ хъунущ. Ауэ абы папщIэ ахэр ЩIым гъунэгъу къахуэхъун  хуейщ. ЗыгуэркIэ зэблэумэ-щэ?

Ди насыпщи, зи гугъу тщIы хьэщIэхэм ящыщу зыри ди планетэм лъэхъэнэ гъунэгъум къэсыну  фэ теткъым, нэхъ жыжьэкIэ псэунухэм къагъуэтынщ мы Iуэхур зэрызэфIахыну Iэмал.

         Махъшокъуэ Мухьэмэд.

             

                           

Поделиться:

Читать также: