ГъащIэм и уэрыпIэм хэту къекIуэкIащ

Зи гугъу фхуэтщIыну адыгэлI нэсым, щэкIуэгъуэм и 17-м илъэс 90 ирикъуа цIыхум, къикIуащ IуэхуфIхэмкIэ гъэнщIа гъуэгуанэ ин. Полковник Думай Борис къэрал кIуэцI IуэухухэмкIэ министрым и къуэдзэу илъэс куэдкIэ лэжьащ, КъБР щыIэ МВД-м и ветеранхэм я советым и унафэщIуи щытащ. 

Думай Борис 1934 гъэм щэкIуэгъуэм и 17-м Бахъсэн районым хыхьэ Кыщпэк къуажэм къыщалъхуащ: и адэ Щыхьымрэ и анэ Назифэрэ быниплI яIэт - щIалитIрэ хъыджэбзитIрэ. Хъарзынэу я Iуэху зэтеувауэ псэу унагъуэм зэран къыхуэхъуащ Хэку зауэшхуэ къэхъеяр. Адэр фронтым кIуащ икIи 1942 гъэм и гъэмахуэм Назифэ хъыбар къыIэрыхьащ ар зэрыщымыIэжымкIэ. Езы Борис иджыри къэс зэрехьэ адыгэлI хахуэ и адэм Орел областым и губгъуэхэм къритхыкIауэ щыта письмо щимэхэр. Абы щыгъуэм сабийхэм я нэхъыжь Борис и ныбжьыр илъэси 6 ирикъуауэ арат. Адэм Iыхьлы иIэтэкъыми, сабийхэр къызэфIэувэнымкIэ къадэIэпыкъуащ Назифэ и адэ-анэр – ахэр япэмыжыжьэу псэут. 
Куэд зи нэгу щIэкIа Борис нобэ хуэдэу ещIэж 1945 гъэм накъыгъэм и 9-ри. Урокхэр зэпагъэури сабийхэр къыщIашащ. Хъыбар гуфIэгъуэт къапэплъэр – ТекIуэныгъэ! Сабийхэр яутIыпщыжащ а хъыбарыр я унагъуэхэм щIэсхэм ирагъэщIэн папщIэ. Зи гугъу тщIым игу къинэжащ и анэм къыжриIауэ щыта псалъэхэри: «ТекIуэныгъэм дыщогуфIыкI, ауэ фэ фи адэм къигъэзэжынукъым…».
Къуажэ школыр къиуха иужь , Борис щIэтIысхьащ СССР-м и МВД-м мафIэсгъэункIыфI IэнатIэм и лэжьакIуэхэр щрагъаджэу Харьков щиIэ училищэм.  Илъэс 17-м иту абы щитIэгъащ хабзэхъумэ сэлэтым и фащэр. Училищэр 1955 гъэм къэзыуха щIалэр, Лэскэн райисполкомым къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и къудамэм мафIэсым кIэлъыплъынымкIэ и IэнатIэм инспектору ягъакIуэ. 
IэщIагъэлI жыджэрым гу лъатэри, КъБР-м и МВД-м и унафэщIхэм центральнэ аппаратым и инспектору 1958 гъэм ираджэри, 1968 гъэ пщIондэ абы къалэныр щрехьэкI. Зэрылажьэм хуэдэурэ а илъэсхэм Думайм къеух СССР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм и еджапIэ нэхъыщхьэр (1966 гъэ), къыкIэлъыкIуэу КъБКъУ-м промышленнэ-граждан ухуэныгъэмкIэ и факультетыр. 
Зи IэщIагъэрэ щIэныгъэкIэ, къулыкъукIэ дэкIуэтей Думай Борис 1983 гъэм республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэу ягъэуври, 1991 гъэ пщIондэ а къулыкъур ирихьэкIащ. Сыт хуэдэ IэнатIэ дзыхь къыхуамыщIами, пщIэрэ щIыхьрэ иIэу зэфIэзых хабзэхъумэ нэсым мызэ-мытIэу СССР-м и МВД-м, КПСС-м и обкомым, республикэм и Министрхэм я Советым, МВД-м гулъытэ къыхуащIащ, абы къыхуагъэфэщащ СССР-м и МВД-м щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ цIэ лъапIэри.
1992 гъэм Думай Борис пенсэм кIуащ, арщхьэкIэ ипэкIэ къызэрыдгъэлъэгъуащи, тIысыжакъым. Илъэс куэдкIэ ар КъБР-м и хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ къэрал кIуэц1ыдзэхэмрэ я ветеранхэм я советым и унафэщIу щытащ, Урысейм и ОВД-мрэ ВВ-мрэ я ветеранхэм я центральнэ Советым хэтащ. 
И лэжьыгъэм щызыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм папщIэ Думай Борис къратащ «Невский Александр», «Хэкум деж щиIэ фIыщIэм папщIэ» орденхэм я медаль 2-нэ нагъыщэ зиIэхэр. Абы къыхуагъэфэщащ къэрал дамыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр: медалхэр, щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр, Урысей МВД-м, республикэм щыIэ МВД-м, республикэм и Журналистхэм я союзым я щIыхь тхылъхэр. Псом хуэмыдэу и гуапэщ, зэрыгушхуэщ КъБР-м и Президентым, Правительствэм, Парламентым къыхуащIэ гулъытэр, зыпищI щыIэкъым СССР-м и МВД-м къыбгъэдэкI бгъэхэIу дамыгъэу япэу къыхуагъэфэщар
Борис къыхуащI пщIэр къилэжьащ и Iуэху бгъэдыхьэкIэкIэ. Сыт хуэдэ къулыкъу дзыхь къыхуамыщIами пэжу зэрырихьэкIамкIэ.
ПщIэрэ щIыхьрэ зиIэ нэхъыжьыфI, илъэс 90 гъуэгуанэ купщIафIэ къэзыкIуа Думай Борис узыншагъэ, дэрэжэгъуэ иIэу иджыри илъэс куэдкIэ дяпэ итыну, ноби хуэдэу жыджэру илъэси 100-р игъэлъэпIэну ди гуапэщ.
 

 

 

 

 

 

 

 

УАРДЭ Жантинэ.
Поделиться:

Читать также: