АР-м и жылагъуэ гъащIэм жыджэру хэт зэгухьэныгъэщ Адыгей Хасэр. Нобэ абы хэтщ гурэ псэкIэ лъэпкъым хуэлажьэ цIыху 50-м нэс.
Я хабзэр арати, адыгэ Iуэху зэрахуэу республикэм къихьэ псори Хасэ унэм зэрырагъэблагъэм хуэдэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым икIа журналистхэми гулъытэ къытхуащIащ.
Я Хасэм нобэ япэ иригъэщхэм, лъэпкъ Iуэхур къуэш республикэм зэрыщыдэкIым къытхутепсэлъыхьащ Адыгей Хасэм и тхьэмадэ ЛIымыщэкъуэ Рэмэзанрэ абы и къуэдзэ Хъуэт Юнусрэ.
- Сэ куэд щIауэ сыщыгъуазэщ икIи сыщогуфIыкI, лъэпкъ газетищыр зэрызэдэлажьэм. Адыгэ дунейм къыщыхъу-къыщыщIэхэр хасэмрэ газетымрэщ псом япэу цIыхубэм я деж нэзыхьэсын хуейр, – жеIэ Рэмэзан. - АбыкIэ фэри дэри тлъэкI къэдгъанэркъым. Псом хуэмыдэу а къэфIуатэ хъыбархэм хуэныкъуэр хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэращ, абыхэм махуэ къэс ящIэну хуейщ хэкум исхэм я щыIэкIэ-псэукIэр, дызэлэжьхэр.
- Адыгейм и Хасэм хуабжьу лэжьыгъэшхуэ зэфIегъэкI, – къыпещэ Хъуэт Юнус. – Махуэ къэс Iуэху зыбжанэм иужь иту апхуэдэщ Рэмэзан, апхуэдиз дыдэ дэри пщэрылъ къытхуещIри, и чэзум екIурэ-ещхьу зэрызэфIэтхыным дыхущIокъу. ГуащIафIэу къыддолажьэ «Адыгэ макъ» газетри «Адыгей» КъТРК-ри. Нэгъабэ лъэпкъ газетым и илъэсищэм ирихьэлIэу зэIущIэ телъыджэхэр едгъэкIуэкIащ, ди цIыху цIэрыIуэхэр къедгъэблагъэу, цIыхубэм яхуэдгъазэу, нэхъыжьыфIхэр, щIалэгъуалэр зыхэт пшыхь зэмылIэужьыгъуэхэр къызэдгъэпэщу.
НэщIэпыджэ Замирэ: Иджыблагъэ Налшык дыщызэхуэзащ, ДАХ-м и XV Конгрессым дыхэту. Дауэ фыдэлажьэрэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм?
ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан: Мы лэжьыгъэм сызэрыпэрыхьэрэ хуабжьу жыджэру, купщIафIэу дыдолажьэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм. Дэ сытым дежи дапыщIащ тхьэмадэми, ди лэжьэгъуу абы хэтхэми. ДАХ-м и Хасащхьэм и зэIущIэр ди деж къедгъэблагъэурэ зыбжанэрэ щедгъэкIуэкIащ. Псоми ди къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ хамэ къэралхэм ис ди лъэпкъэгъухэм дадэлэжьэнри, ар фIыуэ къыдохъулIэ. Мис мы гъэм хьэщIэ куэд диIащ, лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуами, зыплъыхьакIуэ хэкум къекIуэлIэжами дапежьащ. Абы къищынэмыщIауэ, Тыркум щыIэ КАФФЕД-м и Iуэхур зэтегъэпсыхьыным иужь дитащ, дяпэкIэ дызэрызэдэлэжьэну жыпхъэхэр дубзыхуащ. Иджы жану къыщIадзауэ Iуэху зэдащIэ КАФФЕД-м и тхьэмадэщIэмрэ абы къыдэлажьэхэмрэ. Иорданием къикIа лIыкIуэ гуп мы махуэхэм щыIэщ, ахэр ди республикэм и ЛIыщхьэ КъумпIыл Мурати хуэдгъэзащ. Ди хэгъэгум и махуэшхуэм хэтащ хамэ къэралхэм къикIа цIыху 30-м щIигъу. Къыхэгъэщыпхъэщ къытхуеблагъэхэр Налшыки нызэрыкIуэр, абыкIэ къыщыщIэзыдзэхэр ди деж къызэрыкIуэцIрыкIыр. Апхуэдэ дыдэу Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щылажьэ Адыгэ Хасэми быдэу дыпыщIащ.
Аслъэныкъуэ Мадинэ: Рэмэзан, щIалэгъуалэм дауэ ядэлажьэрэ Хасэр?
ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан: Мис мы къыдбгъэдэс щIалэр щIалэгъуалэ къудамэм и унафэщIщ, Уджыхъухэ ящыщщ, и цIэр Айтэчщ. Мыри, и гъусэхэри зэрыцIыкIурэ Хасэм къекIуалIэу щытащ, театр гупжьейм хэтащ къафэу, джэгуу, уэрэд жаIэу. Тхьэмадэу сыщытехьагъащIэм, илъэсипщI ипэкIэ, КъумпIыл ТIэхьир нэхъ жыджэру къытхэуват, аращ мис мы щIалэгъуалэр къезышэлIар. Иджыпсту хъарзынэу къыддолажьэ, жылагъуэ, лъэпкъ Iуэхухэм нэхъыбэу хэтщ, зэкIэ политикэ Iуэхум хэдгъэIэбэркъым, апхуэдэ щыIэ хъумэ, дэ зэфIыдогъэкI. БлэкIа илъэсри мы гъэри фIы дыдэу кърахьэлIащ, проектыщIэхэр яублащ. Иджы «Адыг-квест» проектым теухуауэ, грант къедгъэхьыну ди мурадщ, улахуэ яIэу елэжьын папщIэ. А проектыр бзэм зегъэужьыным, къыдэкIуэтей щIэблэм ягъэшэрыуэным ехьэлIащ, республикэм и районхэм щекIуэкIынущ.
Аслъэныкъуэ Мадинэ: Нэхъапэм ещхьу джэгухэр фщIырэ иджыри, хьэмэрэ зэпывгъэуа? Абы сыщIыщIэупщIэм и щхьэусыгъуэр мыращ: иужьрей зэманым диныр къэзыщта щIалэгъуалэм джэгур яфIэкъабылкъым, абы куэд ирищызодауэ ди республикэм. Фи деж дауэ щыщыт Iуэхур?
Хъуэт Юнус: Абы щыгъуэм унагъуэхэми джэгу, хьэгъуэлIыгъуэ щымыIэжын хуейуэ ара? Джэгу игъащIэми щыIащ, иджыри щыIэнущ. Джэгур джэгущ, хьэдагъэр хьэдагъэщ. Илъэсибгъу хъуауэ Рэмэзан сэрэ дызэдолажьэри, тхьэмахуэ къэс къалэм адыгэ джэгур щыдогъэкIуэкI, хэгъэгу джэгушхуэхэр дощI. Абы къищынэмыщIауэ, районхэми къыщызэрагъэпэщ.
ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан: Абы теухуауэ дызэпсэлъащ дэри. Краснодар Адыгэ Хасэм и тхьэмадэми я Iуэху зыIутыр къытхуиIуэтауэ щытащ. Езы МэшылI Руслан диныр иIыгъщ, мэжджытым макIуэ, ауэ нэмэз зыщIыр къафэ мыхъуну къилъытэркъым. Абыхэми зэхагъэкIащ а Iуэхур, джэгур йокIуэкI.
НэщIэпыджэ Замирэ: Рэмэзан, Адыгэ Республикэм и унафэщIхэм адыгэ Iуэхуми, хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэми хуащI гулъытэр долъагъу, уеблэмэ КъумпIыл Мурат щIэх-щIэхыурэ яхохьэ нэгъуэщI къэрал щыпсэухэм. Сыт хуэдэу зэпыщIа республикэ къулыкъущIэхэмрэ фи зэгухьэныгъэмрэ?
ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан: Адыгей Хасэм и Уставым къыщыхьа хабзэхэм ящыщу нэхъыщхьэ дыдэхэм яхыдобжэ къэрал къулыкъущIэхэм ядэлэжьэныр. Экономикэ, егъэджэныгъэ, щэнхабзэ, нэгъуэщI IуэхухэмкIи дапыщIащ республикэ унафэщIхэм. Псалъэм папщIэ, быдэу дыпыщIащ Лъэпкъ политикэмкIэ комитетым, иужь дитщ ди щIыналъэм лъэпкъ зэгурыIуэныгъэр щыхъумэным, экстремист щIэпхъаджагъэхэм япэщIэтыным. Абы папщIэ илъэс къэс район псоми лэжьыгъэ, зэIущIэ зэмылIэужьыгъуэхэр щыдогъэкIуэкIри, кърикIуахэр къыдопщытэж.
Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэм деж БзэмкIэ, лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ, дин IуэхухэмкIэ щыIэ советхэм сыхэтщ сэ. Абы и лъэныкъуэкIи лэжьыгъэшхуэ идогъэкIуэкI къэрал къулыкъущIапIэхэмрэ дэрэ.
КъищынэмыщIауэ, Республикэм и ЛIыщхьэ КъумпIыл Мурат хуабжьу гулъытэ хэха къыхуещI ди лэжьыгъэм. Хасащхьэм и зэIущIэхэм щIэсщ, блэкIа пIалъэм къриубыдэу длэжьахэр къепщытэри, и Iуэху еплъыкIэри къыджеIэ. Апхуэдэуи къытхуоблагъэ АР-м и ЛIыщхьэу щытахэу Джарым Аслъэн, ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий, Щэумэн Хьэзрэт гъунэгъуу щыщыIэхэм деж. КъумпIылым и гулъытэр хуабжьу сэбэпышхуэ къытхуохъу.
Республикэхэр щхьэхуэ-щхьэхуэ щыхъум, къалэнышхуэ ягъэзэщIащ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм. Адыгэ Республикэм и гимныр, ныпыр, къэралыгъуэр къэщтэнымкIи, иджыпсту дгъэлъапIэ лъэпкъ махуэшхуэхэр гъэувынымкIи псом япэу сэбэп хъуар Адыгэ Хасэращ. ЖысIэну сызыхуейращи, къэрал къулыкъущIапIэхэмрэ хасэмрэ ди щыIэныгъэм я къару ирахьэлIэу къызэдогъуэгурыкIуэ.