Адыгэм и Iэщэ-фащэр

Адыгэр къызытехъукIыжа пасэрейхэм зэрахьэу щыта Iэщэ лIэужьыгъуэхэр археологием къетIэщIыж. Уеблэмэ гъущIым япэу елэжьын щIэзыдзар ди адэжь жыжьэу хьэтхэрауэ жаIэ щIэныгъэлIхэм. Абы щыхьэт тохъуэ ди IуэрыIуатэм къыхэщыж гъукIэхэу Дэбэч, Лъэпщ, Хъудымыжь сымэ я Iэдакъэ къыщIэкIа Iэщэ зэхуэмыдэхэр. 
Археологхэм щIым къыщIахыж Iэщэхэм ящыщщ къамэхэр, сэхэр, джатэхэр, шабдзэпэхэр, зэи зыми имылъэгъуа, ауэ зи хъыбар тщIэ жаншэрхъыр, нэгъуэщIхэри. Курыт лъэхъэнэхэм щыщрэ, адыгэ щэнхабзэм и фэеплъу нобэми доцIыху Iэщэ лIэужьыгъуэ зыбжанэ. 
Адыгэ лъэпкъым и IэщIагъэу ижь-ижьыж лъандэрэ къыдогъуэгурыкIуэ къамэр. Ар лIым и Iэщэ-фащэм щыщ зыщ, зауэм гъунэгъум щыхуэкIуэжкIэ къыщагъэсэбэпу щыта Iэщэщ. Абы пегъэщхъ икIи мэпыджэ. Щхьэж и щхьэм зэрыхуигъэфащэу и сампIалъэр игъэщIэращIэу щытащ. ТхьэмыщкIэхэм нэхъыбэу сауркIэ гъэщIэрэщIа, лъахъстэн зытебза къамэт зэрахьэр. ХуэщIахэрати, псоми е иныкъуэм дыщэ е дыжьын трагъабзэрти, лъэпкъ тхыпхъэкIэ ягъэщIэрэщIэжырт. Дыжьын зытрамыбза къамэм и убыдыпIэр пылыдзэм е хывыбжьэм къыхэщIыкIат. 
Адыгэхэр зэпымыууэ зауэм зэрыхэтым, яхурикъун гын зэгъэпэщыным гугъуехь зэрыпылъым къыхэкIкIэ, сытым дежи ягъэбзэфрэ Iэщэ бзаджэу якIэрылът сэшхуэр. Уеблэмэ нэхъыбэрэ къэхъур арати, сэшхуэ пцIанэкIэ бий зэщIэузэдам ебгъэрыкIуэрт ахэр. Сэшхуэр фIыуэ бгъэбзэн, бийр и шым тепIэтыкIыу щIым тебдзэн щхьэкIэ, Iэпщэ быдэ зэрыхуэныкъуэм къыхэкIыу, адыгэхэм зыщагъасэкIэ хущIэкъурт я Iэблэр нэхъ лъэщ зэращIыным. ЩIалэхэр сыт щыгъуи мывэ дзынкIэ зэпеуэрт. ГъущI хьэлъэр Iэтын-дзын джэгукIэхэр щIащIыр я Iэпщэхэр нэхъ лъэщ ящIын щхьэкIэт. Зэ уэгъуэкIэ бийр тIууэ зэгуимиупщIыкIамэ, хуэмыхуагъэу къалъытэрт.
Дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа дамаск сэшхуэр Мысырым тепщэныгъэр щызыIыгъа адыгэ мамлюкхэм я фIыгъэкIэ дунейм къытехьауэ жыпIэ хъунущ. ЦIэрыIуэ хъуа сэшхуэр зэрылъэпсейм къыхэкIыу, пщылI зытIущкIэ е унэIут хъыджэбзкIэ къахъуэжырт. 
Адыгэр джатэм пыкIыу сэшхуэм зэрыхуэкIуам гу лъытапхъэщ. Адыгэ куэдым я псэр сэшхуэм къызэрыригъэлам шэч хэлъкъым. Сэшхуэм и къэгъэшыпIэр дэгъэзеяуэ зехьэныр aдыгэхэм хабзэ яхуэхъуат. Мыбы губзыгъагъэ зэрыхэлъым, зезыхьэм и фIагъ зэрекIым и зы щапхъэм Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыфIища и тхылъым щытопсэлъыхь. Къапщтэмэ, адыгэм и сэшхуэр кърихынымрэ и уэгъуэмрэ зы ищIырт.
Адыгэхэм я фочыр нэхъыбэу езыхэм ящIыжырт, псынщIэрэ зехьэгъуафIэу. Метр 200 - 300-кIэ пэжыжьэу ягъэува нэщэнэм и курыкупсым техуэным къыщымынэу, нэщэнэ хъурейм къекIуэкIыу далъхьа сэм и дзэм техуэу, шэр тIууэ изыгъэщIыкIыфыр фочауэу къалъытэрт. Цеибгъэм трада дэтхэнэ гынылъэми япщауэ зы гыныгъуэрэ хъыданым и гъусэу зы шэ зэрилъым папщIэ, я фочхэр псынщIэу яузэдырти ягъауэрт. Щтаучым и жьэм гын гъущэ иралъхьэн щхьэкIэ, сэмэгумкIэ щыIэ жыпым гъэщIэрэщIауэ, зехьэгъуафIэу бжьакъуэ фIыцIэм къыхэщIыкIауэ гынылъэ иIэт.
Фоч дакъэм и кIэр пылыдзэу, дыжьынкIэ гъэщIэрэщIауэ апхуэдэт. Ауэ гъущIым и гущIыIум дыщэр зэзэмызэт щытрабзэр. Фочым щхьэхуэу фочыпс иIэ пэтми, дохъутей фочылъэм илъу зэрахьэ. Дохъутейр, щIакIуэм хуэдэу, и гущIыIур цы утIэрэзауэ фIыцIэщ. Фочыпсыр зращIэну щIыпIэм и лъэныкъуитIми лъахъстэн плъыжьым къыхащIыкIауэ бгырыпх зырыз иIэщ. Фочым и дакъэр сытым дежи егъэзыхауэ дамэ ижьым илът.
Адыгэ кIэрахъуэр фоч кIэщIым ещхьщ, и дакъэр тIэкIу еIуэнтIэкIащ, пылыдзэм е бжьакъуэ фIыцIэм къыхэщIыкIащ. Тхьэгъу гъэщIэрэщIа хуащIырти, абыкIэ блыным палъэрт. КIэрахъуэ дакъэм и тхьэгъухэр хуэщIахэм дыщэ-дыжьынкIэ ягъэщIэращIэ. КIэрахъуэм щэкI хужьым къыхэщIыкIауэ хъумпIырэ кIэрахъуалъэ иIэщ. ХъумпIырэм зэрилъым хуэдэу бгырыпхкIэ щIыбагъ ижьымкIэ щыщIэдзауэ сэмэгумкIэ ирадзэ. КIэрахъуэр гъунэгъу зауэм и Iэщэщ. 
Бгырыпхыр фIыуэ ягъэщIыта, дахэу яла былымыфэм къыхащIыкIырт адыгэхэм. И бгъуагъыр зэрыхъун хуейр залэрэ ныкъуэрэщ, дыщэ-дыжьынкIэ гъэщIэрэщIащ, дагъалъэ гъэщIэрэщIа цIыкIури ижьымкIэ бгырыпхым кIэрылъщ, абыкIэ фоч-кIэрахъуэхэр иралъэщI. ИжьымкIэ сантиметри 5 и кIыхьагъыу Iэщэхэр зэпкърихыну IутIэ гъэщIэрэщIа палъэ. Аргуэрыжьу ижьымкIэ «шуал» жыхуаIэ фэм къыхэщIыкIауэ нэтыжьей цIыкIу бгырыпхым кIэращIэ. Мыбы шэ лейхэр, уанэм зэреIэзэн Iэмэпсымэ цIыкIуфэкIухэр иралъхьэ.
Бгъэм и лъэныкъуитIымкIэ цейм и гущIыIум тращIыхь бгъэгущталъэхэр иралъхьэ гыныгъуэхэр дыжьыным дыщэпс трагъэлъадэри ящI. Дыжьыным къыхащIыкIа бгъэгущталъэхэр дыжьын кIапсэкIэ цейм ирагъэубыдырт. КъызэрыгуэкI бгъэгущталъэхэр Iуданэ фIыцIэкIэ зэхуашэри зыр зым ирапх, кIапсэхэр бгъэгущталъэхэм я лъабжьэмкIэ зы щIыпIэм деж цейм щыгуадэ. 
Апхуэдизу зэгъэзэхуа, зэпэшэча адыгэ Iэщэ-фащэкIэ зыщыхуэпыкIа щауэщIэу Пщыкъан жыхуаIэр инджылыз къулыкъущIэ Спенсер Эдмонд япэ дыдэу хы ФIыцIэм и кхъухьтедзапIэм щилъэгъуам итхыжауэ щытащ: «Адыгэ фащэр слъэгъуа нэужь, ди Европэ фащэм сигу щыкIащ».

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: