ЦIыхубэм щхьэкIэ псэуащЦIыхубэм щхьэкIэ псэуащ жаIэ жылагъуэм и псэукIэр егъэфIэкIуэным, цIыхухэм яфI зыхэлъ Iуэхухэр лэжьыным зи гъащIэри зи гуащIэри тезыухуа цIыху щыпкъэхэм щхьэкIэ. Апхуэдэт мы тхыгъэр зытедухуа, псэужамэ, зи ныбжьыр илъэси I00 ирикъуну щыта Ефэнды Джылахъстэн. Къэрал, политикэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, илъэс 20-м щIигъукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щэнхабзэмкIэ и министру, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и Налшык къалэ къудамэм и тхьэмадэу щыта Ефэнды Джылахъстэн Къасым и къуэм и цIэр дыщэпскIэ хатхащ республикэм и тхыдэм. Ар Iуэхум зэи хуэмыщхьэх, гупсысэ жан зиIэ, зыпэрыхьэ IэнатIэр езыгъэфIакIуэ, уи щхьэр лъагэу уэзыгъэIэт, гур щIэгушхуэ IуэхуфIхэм я къызэгъэпэщакIуэ, цIыхубэм гурэ псэкIэ яхуэлажьэ IэщIагъэлI нэсу дунейм тетащ. Театрым, музыкэм, гъуазджэм, цIыхубэ творчествэм республикэм зыщыщиужьа лъэхъэнэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ Ефэндым и цIэм. Ефэнды Къасымрэ Лъостэнхэ япхъу Баринэрэ я унагъуэм къихъуа щIалитхум язт нэхъыжьыфIыр. И адэм и щIалэгъуэр Граждан зауэм ирихьэлIэри, абы хэтащ. Къигъэзэжа нэужь, псэукIэр зэтраублэжу, къуажэ гъащIэмрэ экономикэмрэ зэтрагъэувэжу жыджэру лэжьахэм ящыщщ. И анэ Баринэ РСФСР-м и цIыхубэ артисткэ иужькIэ хъуа Къашыргъэ КIурацэ и гъусэу пшынэ еуэу щытащ, джэгу куэд игъэдэхащ. «Дэ зэкъуэшхэм Жыраслъэнт нэхъыжь дыдэри, ар школым щыщIэтIысхьам сехъуапсэри, зыкIэрысщIэурэ и гъусэу кIуэн щIэздзат. Псом нэхърэ сынэхъыщIэу икIи сынэхъ цIыкIуу, седжэфынуи ямыгугъэу сыкIуа щхьэкIэ, куэд дэмыкIыу еджакIуэхэм щапхъэу сыкъыхуахьу сыхъуат», – къызжиIэжат Джылахъстэн, и ныбжыр илъэс 90 зэрырикъум ирихьэлIэу интервью къеIысхыну сыщыкIуам.Абы илъэсибл школыр къиуха нэужь, училищэм кIуащ, иужькIэ институтым щеджащ. Джылахъстэн и щIалэгъуэр IэфIу ягу къагъэкIыжхэм хуэдэу щытакъым. Адэмрэ анэмрэ я гумащIагъэм и гъащIэр игъэщIэращIэ щхьэкIэ, и дунейр кIыфI щищIащ зауэм. ЯпэщIыкIэ совет-фин зауэм, итIанэ Хэку зауэшхуэм. Зауэ нэужьым, щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ зиIэ щIалэр зыпэрыхьар комсомол лэжьыгъэрщ. Аращ абы и акъылым и жанагъыр, къызэгъэпэщакIуэ нэсу зэрыщытыр, лэжьыгъэм зэрызыщимыдзейр наIуэ щыхъуари. Обкомым и къудамэм и унафэщIу илъэсибгъукIэ лэжьауэ, комсомол школ нэхъыщхьэм ягъакIуэри, франджыбзэм хуеджащ. Къиуха нэужь Налшык къигъэзэжри, комсомолым и къалэ комитетым и япэ секретару хахащ. Абдеж щыщIидзат Джылахъстэн и балигъ гъащIэ гугъум. 1950 гъэм ВЛКСМ-м и ЦК-м и аппарат нэхъыщхьэм ирагъэблагъэ. Жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ лэжьыгъэт абы къыпэплъэр. ЯпэщIыкIэ Таджик Республикэм и комсомол зэгухьэныгъэм и къызэгъэпэщакIуэу, итIанэ Къэзахъстанымрэ Азие Курытым хиубыдэ республикэхэмрэ и нэIэ щIэту щытащ. Апхуэдэурэ илъэсиплI екIуэкIауэ, 1954 гъэм КПСС-м и ЦК-м и парт школ нэхъыщхьэм журналистикэмкIэ и факультетым щIотIысхьэ, 1957 гъэм ар къеух. КПСС-м и ЦК-м дунейпсо зэпыщIэныгъэхэмкIэ и къудамэм къащтэн хуейуэ щыту КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым къыбгъэдэкI тхылъ Москва ирагъэхьауэ щытащ япэ секретарь Мэлбахъуэ Тимборэ и Iэр щIэлъу. Абы итт парт лэжьыгъэ пэрагъэувэну Ефэндым и лъахэр къызэрыхуэныкъуэр. КПСС-м и обкомым пропагандэмрэ агитацэмкIэ и къудамэм щыщыIам щэнхабзэмрэ щIэныгъэмрэ я дунейм хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ Джылахъстэн. А лъэхъэнэм абы илэжьахэр зэуIуу къеббжэкIыныр гугъущ, ауэ а псори апхуэдэу екIуу зэкIэлъыгъэкIуауэ щIыхузэфIэкIар къызэрымыкIуэу акъылыфIэу, къызэгъэпэщакIуэ нэсу, сыт хуэдэ къалэнри и щхьэ Iуэху хуэдэу зыхищIэу зэрыщытарщ. «Куэд щIауэ сигу илъ хъуэпсапIэр япэу зиужь сихьахэм ящыщщ – Музыкэ театр ухуэныр, оперэ, балет, опереттэ щылажьэу, - къызжиIэжат Джылахъстэн. - Iуэху дахэ куэд щекIуэкIащ 30 гъэхэм зи бжэхэр къызэIузыха, Совет властым и Iэужь Къэбэрдей-Балъкъэр драмэ театрым. ЦIыхухэр зыщыгуфIыкIауэ духуахэм ящыщщ ди щIэблэм я зэфIэкIым, къэухьым зыщрагъэужь, кхъухьым и теплъэ зиIэ Сабий творчествэмкIэ республикэ унэр, КъБР-м и Лъэпкъ музейр, Танцзалыр, Зоопаркыр, макъамэмкIэ, гъуазджэмкIэ школхэр, институтхэр, библиотекэхэр. Щэнхабзэр щызэрахьэу IуэхущIапIэ куэд духуащ а зэманым, адыгэ, балъкъэр щэнхабзэри утыкушхуэхэм щыдгъэлъэгъуащ». Иджыпсту дызэрыгушхуэ щэнхабзэ ухуэныгъэ нэхъ инхэр, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ щадж IуэхущIапIэ нэхъыщхьэхэр республикэм щыухуэныр зи жэрдэму щытар, абы емытIысэхыу иужь итар Джылахъстэнщ. Ар ЩэнхабзэмкIэ министерствэм щыщыIа илъэсхэм я гугъу щыпщIкIэ, «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым утемыпсэлъыхьынкIэ Iэмал иIэкъым. Иджыпсту ди хэкуэгъухэри, хамэ къэрал куэдым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэри зэрыгушхуэ ансамблым и цIэр фIэзыщари, апхуэдиз къэралым концерт щатыныр къызэзыгъэпэщари Джылахъстэнщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэм я гъуазджэр «Кабардинка» ансамблым илъэс 25-м къриубыдэу щигъэлъэгъуащ Кавказ Ищхъэрэм и республикэхэм, Куржым, СССР-м и къалэ куэдым. ЩIы хъурейм и Iыхьэ псоми концерт щитащ абы, Антарктидэм фIэкIа къэмынэу. Республикэм и унафэщIхэм и пщэ далъхьэри, коллективым я гъусэу ар щыIащ Магрибым и къэралхэм (Мароккэ, Алжир, Тунис), Ливием (1968 гъэ), Австралием, Сингапурым, Филиппинхэм (1972 гъэ), Америкэм и Центральнэ, Ипщэ къэралхэм (1974 гъэ), Сирие Хьэрып Республикэм (1977 гъэ), Германием (1978 гъэ), Иордан Хьэшимит Пащтыхьыгъуэм (1981 гъэ). Ефэндым и гъащIэ гъуэгуанэм щыщу мыхьэнэшхуэ иIэу илэжьахэм ящыщщ совет лъэхъэнэ жыжьэм хамэ къэралхэм щикъухьа ди лъэпкъэгъухэм япэу и Iэр зэрахуишияр. Щэнхабзэр зэригъэбжьыфIэм нэмыщI, ди лъэпкъэгъухэм я зэпыщIэныгъэр игъэбыдащ а илъэсхэм. Абы щыгъуэ гугъут хамэ къэрал щыпсэухэм пыщIэныгъэ гуэр яхууиIэну, ауэ Джылахъстэн зы Iэмал цIыкIури къигъэсэбэпыфырт, ди къуэшхэри къыткIэлъыкIуэнри, ди лIыкIуэхэр игъэкIуэнри зэтриухуэфырт. «Пэжыр жыпIэмэ, гъащIэр гурыфIыгъуэкIэ нэхъ къысхуэупсащ, ауэ лъэпощхьэпо мымащIи срихьэлIащ. Ауэ ахэр къызэзнэкIыфащ сыщIэпсэур цIыхухэрати, гугъу зыщIезгъэхьыр абыхэм я псэукIэр езгъэфIэкIуэн папщIэти. Абы щхьэкIэ сэ си къаруи зэмани зэи сыщысхьакъым. Си гум илъ дэпыр къызэщIагъаплъэрэ гъащIэм иджыри гурыфIыгъуэ хузиIэу сызыгъэпсэур си бынхэмрэ абыхэм къалъхужахэмрэщ. Си пхъуитIыр – Маринэрэ Ольгэрэ – абыхэм я щхьэгъусэхэр, абыхэм я бынхэр сыт щыгъуи къысхуэнабдзэгубдзаплъэщ, къысхуэгумащIэщ. Си пхъурылъхухэм я бын цIыкIухэм си жьыщхьэр схуагъэдахэ!», – жиIэу игурэ и щхьэрэ зэтелъу, жьыщхьэ махуэ хъуащ зыхужаIэхэм хуэдэу псэуащ Ефэндыр и ныбжь нэса нэужьи. Республикэм и зыужьыныгъэм гурэ псэкIэ хуэлэжьа, цIыхугъэ лъагэрэ IуэхущIафэ купщIафIэрэ зиIа нэхъыжьыфIым и фэеплъыр зэи ящыгъупщэнукъым цIыхубэм. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы и гъащIэр зэрыщыту зытриухуар ахэращ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




