Нартхэм я кхъэЗеикъуэ пэмыжыжьэу къыщагъуэта кхъэлъахэр Москва къикIа щIэныгъэлIхэм илъэс зыбжанэкIэ яджащ. Къэрал тхыдэ музейм и археологие къудамэм и лэжьакIуэ гуп, Кадиевэ Аннэ зи пашэм, куууэ щIыр иратIыхат икIи, зыр адрейм и лъабжьэм щIэлъу, хьэдэ зыбжанэ къыщагъуэтат.
И лъабжьэ дыдэ щIэлъым илъэс 2800-рэ и ныбжьщ, ищхьэм телъым илъэс 2300-м ноблагъэ. Зеикъуэдэсхэм мы кхъэм щхьэкIэ «Нартхэм я кхъэ» жаIэ. Абы къыдэкIуэуи къыхагъэщ мы щIыпIэм илъэсищэ бжыгъэ хъуауэ зыри зэрыщыщIамылъхьар. Къагъуэта хьэдэхэм ящыщу тIум я щхьэпхэтIыгур кIыхьу хэшащ. Абы и закъуэкъым укъэзыгъэуIэбжьыр! Яхэтщ цIыхубз хьэдэ, и кхъэлэгъунэм нысащIэ хьэпшыпхэр, домбеякъ Iэлъынхэр, тхьэгъухэр, Iэпщэхъухэр куэду щIэлъу. Iэ емыIусауэ, илъэс 2800-рэ ипэкIэ зэрагъэтIылъам хуэдэу щылъщ нобэми. А псори «нысащIэм» кIэрылъу щIалъхьагъэнущ. ГъэщIэгъуэнращи, хьэпшыпхэм ящыщ зыбжанэ шабзэпэм къыхащIыкIыжауэ къахутащ.
Поделиться:
Читать также:
15.12.2025 - 11:37 →
Щыпсэу щIыналъэм къыщалъыхъуэ
15.12.2025 - 11:30 →
Хэкур зыхъумэхэм Iэрагъэхьэнущ
15.12.2025 - 11:21 →
«Адыгэ» фIэщыгъэ зиIэхэр
15.12.2025 - 11:15 →
Куэдым хунэс зэгухьэныгъэ
12.12.2025 - 15:30 →
ЗэхъуэкIыныгъэр ягу ирихьащ
| ||




