Япэ лъэпкъ-щэнхабзэ атласым и лъэтеувэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым зи нэм имылъагъухэм (нэфхэм) я хэгъэгу библиотекэм иджыблагъэ «Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэр. Щэнхабзэ атлас» зи фIэщыгъэ тхылъым и лъэтеувэ щекIуэкIащ.
Тхылъыр УФ-м и Президентым жылагъуэ мыхьэнэ зиIэ щэнхабзэ икIи гъуазджэ пэхуэщIэхэр дэIыгъынымкIэ грантым ипкъ иткIэ дунейм къытехьащ. Абы къыщыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыдэлъху лъэпкъитIым – адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ – я блэкIар къызыхэщыж тхыдэ тхыгъэхэр, я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм, къадэгъуэгурыкIуэ хабзэхэмрэ зэхэтыкIэм, я дуней лъагъукIэм теухуа хъыбархэр. Апхуэдэу абы щызэкIэлъыхьащ щIыналъэм щыпсэу нэгъуэщI лъэпкъ 13-ми ятеухуа тхыгъэхэр – урысхэм, шэшэнхэм, осетинхэм, тыркухэм, азербайджанхэм, нэгъуэщIхэми я лъэпкъ нэщэнэхэмрэ щэнхабзэ щхьэхуэныгъэхэмрэ къызэщIэзыубыдэ къэхутэныгъэхэр.
Зэужь гъэпсыкIэ зиIэ тхылъым къыщыкIуащ адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ щыпсэу щIыпIэхэм ехьэлIахэри. Псалъэм щхьэкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым куэду узыщрихьэлIэ бгыхэм, псыхъуэхэм, мэзхэм я теплъэр уи нэгу къызэрыщIэувэм удехьэх, абыхэм щIэныгъэ лъапсэ зэраIэм узыIэпешэ, лъахэхутэ лэжьыгъэхэм къыщыбгъэсэбэп зэрыхъунум уи нэIэ трегъэт. ЩIыналъэм и щIыуэпсым и гугъу щищIкIэ, абы ижь щIыдэлъху лъэпкъхэм я тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ зэращIихуар къыхегъэщ, тхылъыр абы нэхъ щIэщыгъуэ къыпщещI.
Тхылъыр зыгъэхьэзырар Къэбэрдей-Балъкъэрым зи нэм имылъагъухэм (нэфхэм) я хэгъэгу библиотекэм и унафэщI Хьэмдэхъу Жаннэщ. Абы къызэрыхигъэщамкIэ, мы щэнхабзэ атласым хуэдэ нэхъапэкIэ къызэрыдэмыкIам, абы къыщыкIуа тхыгъэхэм ягъуэта гъэпсыкIэм ещхь зэрыщымыIам зэужьыр гъэщIэгъуэн ещI. «Сыт хуэдэ Iуэхуми щIэщыгъуагъ хэлъын хуейщ. Мы пэхуэщIэм иужь дыщихьэм дэ дегупсысащ абы и гъэпсыкIэ-зэхэлъыкIэ хъунум. Хуабжьу дыхуейт дунейм къытехьэну тхылъыр псоми къахуэщхьэпэну. СыщIэхъуэпсырт абы ифI зи узыншагъэкIэ сэкъат зиIэхэми къекIыну. Шэч къызытезмыхьэр зыт: ар щIыдэлъху лъэпкъхэм ятеухуауэ щытын хуейт. Библиотекэ Iуэхухэм забжанэ лъандэрэ сызэрыхэтым и фIыгъэкIэ ди щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм я атлас диIэныр игъуэу къэслъытащ. Абы си къарур есхьэлIэри, дунейм къытехьащ тхылъыр. Мыбы щызэхуэхьэса тхыгъэхэм къызэщIаубыдэ Iуэхугъуэхэм нэгъуэщI къэхутэныгъэ куэдми узэрыщрихьэлIэнум шэч хэлъкъым. Ауэ ахэр апхуэдизкIэ зэбгрыдза хъуащи, я къэлъыхъуэн къудейм зэман ехь. Ауэ щыхъукIэ а къэхутэныгъэхэри цIыкIукъым, нэхъыщхьэу яхэлъыр шыбзэм щIигъэкIын хуейуэ къыпэщылъщ щIэджыкIакIуэм. ЩIэныгъэ хъэтIкIэ тха тхыгъэм пщэрылъ зыщищIыж Iуэхугъуэхэр щхьэхуэщ. Сэ си къалэныр зыхэслъэгъуар къызэрыгуэкI цIыхум къызэрыгурыIуэн бзэкIэ ди лъахэм и дахагъэр и нэгу къыщIэзгъэувэнырщ, абы щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм сатепсэлъыхькIэрэ, цIыхухэр зэрызэлъэIэсыр, зэрызэхыхьэ-зэрызэхэкIыр IупщI сщIынырщ. Псэкупсэ фIыгъуэхэм куэдкIэ елъытащ ди лъэпкъхэм я зэхэщIыкIымрэ дуней лъагъукIэмрэ. Ахэр хъумэн, къытщIэувэ щIэблэм я дежи нэхьэсын хуейщ. Сыт хуэдиз къару темыкIуадэми, абы дэр фIэкIа нэгъуэщIым и гуащIэ зэрыхимылъхьэнур нахуэщи, къэралым къыдит Iэмалыр къэгъэсэбэпауэ ипэкIэ дыкIуэтапхъэщ. Зэужьыр еджэгъуафIэ, гурыIуэгъуафIэ, къэщтэгъуафIэ хъун папщIэ сурэт зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ гъэнщIащ. Щхьэхуэныгъэхэр абдеж къыщыувыIэркъым: зи нэм фIыуэ имылъагъухэм папщIэ тхылъым аудиогуэдзэн иIэщ, макъкIэ къеджэрэ итым ахэр щигъэгъуазэу. Шэч хэлъкъым апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм абы щIэупщIэ къызэрыхуихьынум.
Президент фондым къыхэкI грантымкIэ тхылъыр дунейм къызэрытехьам папщIэ, абы иращIэкIа лъэтеувэм кърихьэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ зи нэм фIыуэ имылъагъухэм я Iуэхум пыщIа IэщIагъэлIхэр, библиотекэхэмрэ тхылъ хъумапIэхэмрэ я лIыкIуэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр. Апхуэдэу къызэхуэсахэм папщIэ Кавказ Ищхъэрэм гъуазджэмкIэ и институтым и гъэсэнхэм концерт дахэ ятащ, «2024 гъэм и тхылъеджэ нэхъыфI» зэхьэзэхуэми кърикIуахэр хэIущIыIу ящIащ.

 

Тхыгъэри сурэтри зейр ШУРДЫМ Динэщ.
Поделиться:

Читать также: