ЛъэужьыфIэ

ЦIыхум ди гъащIэм щиIа мыхьэнэр, пщIэр, нэмысыр нэсу къыщыдгурыIуэр щыдимыIэжым дежщ, ди жагъуэ зэрыхъунщи. Апхуэдэ зы адыгэлIщ мы тхыгъэр зытеухуари, си гугъэщ ар зыцIыхуахэр акъылэгъу къыздэхъуну. Пэжщ, кIуэ пэтми абыхэм я бжыгъэм хощI. Апхуэдэу щымытамэ, куэд згъуэтынут нэхъыбэу зыцIыхуахэри псалъэ гуапэ мымащIэ жызыIэни. Творческэ лэжьыгъэ къулей, щIыхь лъагэ, Iущагъэ, цIыхугъэ ин зыхэлъа нэхъыжь Iумахуэм нэсу, гугъэзагъэу утетхыхьыныр зэрыгугъур зым и дежкIи щэхуу къыщIэкIынкъым. Ауэ, апхуэдэ цIыхум и и деж илъэсипщIым нэблагъэкIэ сабий-щIалэгъуалэ нэтынхэм я редактору ущыщылэжьакIэ, куэдым ущыхуигъэсакIэ, щапхъэ дахэ мымащIэ щыдэплъэгъуакIэ уигу къыумыгъэкIыжыныр пхуэмыгъэзэкIуэжын щыуагъэу къызолъытэ. 
Псом япэрауэ, фIыщIэ ин хуэсщIу, сигу къэзгъэкIыжыну сыхуейт Зеикъуэ курыт школым псэуху адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэу щыIа, республикэ псом фIыуэ къыщацIыхуу щыта узэщIакIуэ, зи адыгэ лъэпкъыр, къыщалъхуа къуажэр фIыуэ зылъэгъуа, щIэблэм гъэсакIуэу яIа тхакIуэ, журналистхэм къыддэлажьэу щыта Жылау Нурбий. Аращ ипэкIэ зи тхылъхэмкIэ, радиом щигъэхьэзыр и нэтынхэмкIэ фIэкIа сымыцIыхуа Къэрмокъуэ Мухьэмэд и деж си гуащIэдэкI лэжьыгъэр щызубла щIэхъуари. Дызэрыт илъэсым, псэужамэ, илъэс 95-рэ ирикъунут Къэбэрдей-Балъкъэрым
- 2 -
 и цIыхубэ тхакIуэ, драматург, СССР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэта, пенсэм кIуэху ди республикэм и радиом адыгэбзэмкIэ и редакцэм и редактор нэхъыщхьэу I976 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэс I4-кIэ щылэжьа, Къэбэрдей-Балъкъэрым гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ цIэр зыхуагъэфэща Къэрмокъуэ Мухьэмэд. Ар къыщалъхуат Бахъсэн куейм хиубыдэ Зеикъуэ, ХьэтIохъущыкъуей къуажэжьым. Мухьэмэд и гъащIэм и нэхъыбапIэр зытеухуауэ щыта, цIэрыIуэ зэрыхъуа литературэ, журналист лэжьыгъэхэм куэд тепсэлъыхьащ, куэдми я тхыгъэхэмкIэ, радио, телевиденэ нэтынхэмкIэ гулъытэ хэха мы гъэм хуащIащ, ауэ дэтхэнэ зыми езым и Iуэху еплъыкIэ иIэжщ. Сэри сыхуейт щхьэхуэу дэслъэгъуахэр сигу къэзгъэкIыжыну. Си гугъэщ ар си къалэн дахэу.
УщIалэмэ икIи фIыуэ узыщымыгъуазэ лэжьыгъэм упэрыувамэ, иужькIэ къызэрызгурыIуащи, куэд елъытащ уи унафэщIымрэ лэжьэгъу къыпхуэхъуахэмрэ зыхуэдэм. Нэхъри уи щIэныгъэр зыхуэгъэпсар тхыдэрамэ, бзэм хуеджахэм, анэдэлъхубзэр зыгъэшэрыуэхэм, ди республикэм зи цIэр щыIуахэм уадэлэжьэну къыпхуихуамэ. Нэхъыжьхэм зэращIэжщи, Совет Союз къэралыгъуэм и зэманым, унагъуэ къэс радио нэтынхэм къыдэушырт, дэжеижырт. Псом хуэмыдэу, зэрыгурыIуэгъуэщи, Iэмал гуэр иIэхэу щытмэ, адыгэбзэкIэ къат хъыбарыщIэхэм, концертхэм, нэтын купщIафIэхэм цIыхухэр едаIуэрт. Къэрмокъуэ Мухьэмэд, АфIэунэ Рае, Дыкъынэ Хьэмид, Сэкрэк Хьэсэн, Къардэн Хьэсэн, Хьэжыкъарэ Алик, Джыназ Юрэ, Мыз Ахьмэд, Тэтрокъуэ Астемыр, Хьэмту Къадир, Лыхь (МахуэлI) Хъаджэт, Къудей Лидэ, Пщыгъуэтыж Алий, Мыз Майе, 1эщнокъуэ (Къуэдзокъуэ) Тамарэ, БакIуу Борис, Багъэтыр Нинэ, ХьэIупщы МуIэед, Аброкъуэ Бэллэ, нэгъуэщIхэми, я нэгукIэ ямыцIыхуми, зи цIэ - унэцIэм фIыуэ щымыгъуазэ къэгъуэтыгъуейт. Ар къэплъытэмэ, жыпIэ хъуну си гугъэщ унафэщI Iущым и гугъуехьым и хъер илъагъужауэ. Аращ, шэч  хэмылъу, куэдым фIыщIэ лейхуащIу щIыщытари, ноби ягу къыщIагъэкIыжри.
Къэбэрдей щIыналъэм икъукIэ щыцIэрыIуэт «Аркъэн», «Жьэгу пащхьэ», «Пшыналъэ», «Лэжьыгъэм щыпашэхэр уэрэдкIэ догъэлъапIэ», «Радиом едаIуэхэм я лъэIукIэ зэхэтлъхьа концерт», нэгъуэщI нэтынхэр, радио спектаклхэр. Сэ иджыри сысабийт, Мухьэмэд Зеикъуэ школым щыригъэджа си адэ шыпхъу Нинэ, Къэрмокъуэм хуэгъэзауэ, гукъэкIыж дахэ куэд къыщытхуиIуэтэжым. Арагъэнщ ар къызэлъэIуурэ тхакIуэр псом хуэмыдэу, цIэрыIуэ зыщIа, и къалэмыпэм къыщIэкIа «Щихухэр иджыри мэкI» «Щихухэм ныбжь ядз», «Азэмэт» жыхуиIэ романхэм, рассказ зэмылIэужьыгъуэхэм пщыхьэщхьэ къэс макъкIэ сыкъригъэджэн, едэIуэн щIыфIэфIар. Егъэлеиныгъэ лъэпкъ хэмылъуэ, ахэр зэрыт тхылъхэр зэпкърыхуху, цIыху куэд зэIэпах-зэIэпалъхьэу зэрыщIаджыкIар си нэгу щIэкIащ. 
Мухьэмэд и теплъэ къудейм, и зыхуэпэкIамрэ хьэл-щэнымрэ пщIэ зыхуигъэщIырт, щапхъэ пхуэхъурти, сыт и лъэныкъуэкIи зэщIэкъуауэ, нэмысыфIэу, уи лэжьыгъэм уигурэ уи псэрэ етауэ узэрыбгъэдыхьэным ухущIигъэкъурт. ИтIанэ, зыгуэр къомыхъулIамэ е щыуагъэ пIэщIэкIамэ узэрыриудыхын, къызэрыпщIэкIиен яужь имыту, къыбгуригъэIуэжырти, етIуанэу апхуэдэ щыуагъэ зэрыпIэщIэкIын щыIэтэкъым. АпхуэдизкIэ гумрэ псэмрэ нэсу къопсэлъылIэрти, утехьэулеикIын, къыпфIэмыIуэхун дэнэ къэна, икIэщIыпIэкIэ арэзы зэрыпщIыжын жей уимыIэжу ухущIигъэкъурт.
Си гукъэкIыжхэм фэрыщIагъэ, егъэлеиныгъэ хэлъу къэзылъытэни щыIэнкIэ хъунщ, псори арэзы зыщIыфа щыIэкъым, ауэ Мухьэмэд гукъеуэ зыхуиIэ закъуэтIакъуэм, фи фIэщ зэрыхъун, езым я жэрдэмкIэ къамылэжьыжам. Куэдрэ къэхъу, и нэхъыбэм, дэ езым зыдгъэкъуэншэжыным  и пIэкIэ, ди дагъуэр нэгъуэщIым и деж къыщытлъыхъуэу, щхьэусыгъуэ нэпцI къэдгъэщIу. 
Тхьэмахуэ лэжьыгъэ къызэднэкIыху, блыщхьэ махуэм, ди редактор нэхъыщхьэм псори дызэхуишэсырти, къызэдгъэпэща, едгъэкIуэкIа нэтынхэр кууэ щызэпкърыдигъэхырт. АпхуэдизкIэ гумызагъэти, гулъытэншэу зы щыуагъи, ехъулIэныгъи IэщIэкIынутэкъым. Псом хуэмыдэу, гуапэ сщыхъуауэ куэдрэ сигу къэкIыжыр, езым и щхьэзакъуэ Iуэху еплъыкIэр, сыунафIэщIш, псом я щхьэр сэращ жиIэнутэкъым, дэтхэнэ и зы лэжьакIуэми и чэнджэщыр, гукъеуэр, игу ирихьар къызэрищIэным, нэхъыбэм тэмэму къалъытэр япэ зэрыригъэщыным яужь итт. КIэщIу жыпIэмэ, куэдым дыхуигъэсэн, дыхуригъэджэн лъэкIати, и нэхъыбэм фIыщIэ ин хуащIу,  псалъэ гуапэкIэ ягу къагъэкIыжырт. 
«Зыми гукъанэ фхузиIэкъым. Зыгуэрым и жагъуэ сщIамэ, гулъытэншэу къэзгъэнамэ, къысхуэвгъэгъу. Согугъэ адэкIи фи лэжьыгъэм и хъер флъагъуу, къывэдаIуэ цIыхубэм псэ къабзэкIэ фахуэлэжьэну», - къыджиIауэ щытащ Къэрмокъуэ Мухьэмэд, пенсэм кIуа нэужь и унэм дыщригъэблэгъам, дыщигъэхьэщ1ам. И унафэм щIэту лэжьа дэтхэнэми хуэгъэзауэ абы щыгъуэ жиIа псалъэ дахэхэр псэуху зыми щыгъупщэжыну си фIэщ хъункъым. 
ШАФИЙ Аслъэн.
Поделиться: