Ди къуэш республикэм къэрал, политикэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэу, адыгэлI хэкупсэу, куэдым пщIэ хуащIу щыпсэу цIыху щыпкъэщ Дер Вячеслав. Абы и ныбжьыр мы гъэм илъэс 75-рэ ирикъуащ. ГъащIэ гъуэгуанэ кIыхь икIи купщIафIэ, Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ гъэнщIа къызэринэкIащ, политикэ инымрэ хьэрычэт Iуэхушхуэхэмрэ я курыкупсэм хэтащ ар.
Илъэс 15 мэхъу Вячеслав политикэм къызэрыхэкIыжрэ. Пенсэм нэмыс щIыкIэ, и ныбжьыр тIэкIу нэхъ хэкIуатэмэ, ищIэнумрэ щыпсэунумрэ егупсысащ, уеблэмэ, щIыпIэри къыхихащ. ЩIым, къэкIыгъэм, псэущхьэм и псэр зэрыхуэпабгъэм къыхэкIыу, ухуэныгъэшхуэу зэхэтыну ранчор нобэ егъэпс. Адыгэ къуажэ теплъэ зиIэ хэщIапIэшхуэм и цIэр «Бибердщ».
ЩIы IэнэщIыр къызэрыхухьа пхъэ зэкIэрыIулIахэр нэгум къыIуидзэу зыкъомрэ ужа нэужь, пхъэ куэбжэ лъагэм унос. Удэлъадэмэ, нэм къиплъыхьыр мэзыщхьэ бгыхэмрэ тафэ сэтейхэмрэщ, щIыпIэ-щIыпIэкIэ – жыг, нэгъуэщI къуапэхэмкIэ – мэкъу Iэмбатэ. Ранчом и инагъыр нэр здынэплъысым нэхърэ нэхъыбэщ. Унэ лъабжьэр мывэкIэ зэтелъхьарэ ятIэкIэ яйя блынхэм сэху къетыжауэ апхуэдэщ. А бгъэныщхьэ унэм Iут пырхъуэм къыщIоувыкI дуней хъурейр къэзыкIухьу Iуэху куэд къезыхьэлIа, щалъхуа щIыпIэжь иджы къекIуэлIэжа адыгэлIыр. Сэламыр зэфIэкIа нэужь, журналистхэм зэрахьэлу, ихъуреягъыр къыдоплъыхь, псори тфIэгъэщIэгъуэнщи, дыщIэупщIэн щIыдодзэ.
- Елбыргъэн абазэ жылэщ. Илъэс 20 сыхъуху сыдэсащ мыбы. Си анэр мыращ зыщыщыр. Мы щIыпIэхэр фIыуэ соцIыху. Франджым сыкIуауэ мыпхуэдэ зы хэщIапIэ, сехъуэпсат сыщыIащ. Зэман дэкIри, зэзгъэпэщащ. СыкъэкIуэжауэ шым сытесу къызэхэскIухьырт, мыбдеж щыпщI хъунум сегупсысу. Уадыгэу, адыгэш утесу щхьэ жыжьэ угупсысэн хуей, псом япэу шы бгъэхъун хуейуэ аракъэ?! Дуней псом щыцIэрыIуэ адыгэшым зыкъегъэужьыжын, гъэбэгъуэн хуейщ. Абы теухуауэ сщIэр сфIэмащIэти, Къэбэрдей-Балъкъэрым сыкIуащ нэхъыбэ зэзгъэщIэну, шыр зэрагъэхъум, зэрелэжьым зыщызгъэгъуэзэну. Пэжщ, шы зиIэхэр щыIэт, ауэ сыздэщыIа гъэхъупIэхэр абы пыщIахэмкIэ къызэгъэпэщатэкъым…
Иджыпсту шыуэ 100-м нэблагъэ сиIэщ, моуэ тIэкIу къызэхэфкIухьмэ, флъагъунущ абыхэм ящыщи. Нэхъапэм шы лъэпкъыфI цIэрыIуэхэри яхэтащ, ауэ сэ адыгэшым зестыну мурад щысщIым, ахэр хэзгъэкIащ. Шы заводри мы илъэсым и кIэ хъухукIэ къызэIутхыну ди мурадщ, - жеIэ Вячеслав.
Ранчор гектар 612-рэ мэхъу. Абы куэд дищIыхьыну зегъэхьэзыр Дерым. Шэрджэсми абазэми зэхуэдэу яхущыт адыгэлIым и хэщIапIэр а лъэпкъитIми яйуэ игъэпсыну хуейщ.
- Си анэр абазэщ, си адэр адыгэщ. Дерхэ зэкъуэш республикищми щопсэу, къыздикIар Къэбэрдейращ. Дерхьэблэ Бахъсэнёнкэ и гъунэгъуу щысащ. Сэ сытым дежи жызоIэ сызэрыадыгэр. Фэри фощIэж: къыхэтхыкIыр щекIуэкIым зэдауэ къэхъуат, псоми шэрджэсу зевгъэтх жаIэу, ар ямыдэу лIакъуэцIэхэмкIэ зезыгъэтхыну хуейхэри ныкъуакъуэрт. Хэту фыхуейми сыфтх, сэ сыадыгэщ, ар зэи сщыгъупщэнукъым икIи зыми сыхэгъуэщэнукъым, жысIащ.
Адыгэ къуажэм ещхь хэщIапIэущ мыр зэрыщытынур, и теплъэмкIэ адыгэ псэукIэр уи нэгу къыщIигъэхьэу. Апхуэдэу коттедж 30 дэсщIыхьынущ, мес мо флъагъу бгъэныщхьэ унэм хуэдэщ, ауэ и кIуэцIыр, дауи, иджырейуэ гъэпсауэ, цIыхум къигъэсэбэпыну псори иужьрей мардэхэм изагъэу щытынущ, дэтхэнэми цIэ иIэнущ, унэлъащIэхэм я лIэужьыгъуэкIи зэщхьэщыкIынущ. Абы нэмыщI, хьэщIэщу щы дэтынущ, псори зы къат фIэкIа мыхъуу, цIыху 200-300 зыщIэхуэ шхапIэри зэпэщу згъэпсынущ. Дауи, сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я нэгу зыщрагъэужьын, зыщагъэпсэхун щIыпIэхэри иIэнущ, гуэлитI – зым бдзэжьей щещэу, зым зыщагъэпскIыу, парк, шэщ… Куэд си мурадщ сэ.
МафIэ цIыкIуу къежьар мафIэшхуэ хъуащ жыхуиIэм хуэдэу, адыгэшым зыкъезгъэужьыжыну Iуэхур езгъэжьауэ арами, туризм хуэIухуэщIэм сыхуэкIуащ. Сыт щхьэкIэ? Япэрауэ, мы щIыпIэр щилъагъум, ди республикэм и Iэтащхьэм къызита чэнджэщыр – ди цIыхухэми заплъыхьыну къытхыхьэхэми зыгъэпсэхупIэ яхуэсщIынырщ. ЕтIуанэрауэ, сишхэр зэрытын, ахэр щалъагъун, шуууэ къыщажыхьын щIыпIэ сыхуейт, - жеIэ ди бысымым.
Дерым зи гугъу ищIыр хуабжьу Iуэхушхуэщ, мылъкуи лэжьэгъуи хуеинущ. Къапщтэмэ, иджыри къэс иIа хьэрычэтыщIэ Iуэхухэм туризмэр хэтакъыми, ар езым и дежкIи щIэуэ къелъытэ. ИтIани, и мурад псори илъэситIым къриубыдэу зэфIигъэкIыну и гугъэщ, игурэ и щхьэрэ зэтелъщи. Сыт а къарур къыхэзылъхьэр? ГукIи псэкIи зэрыадыгэрщ, и хэкужь, и щIапIэжь зэрисыжырщ.
- Мыр дуней псом щыпсэу адыгэр щызэхуэс щIыпIэ сщIыну сыхуейщ, нэгъуэщI къэрал, лъэпкъ щыщхэм я дежкIи зыгъэпсэхупIэ зэгъэпэщауэ. Ауэ сыт хуэдэ Iуэхуми егъэлеиныгъэр щызэранщ. Сэ сыхуейкъым нэм илъагъу псори уи гур къэзыуIуэ лъэпкъ нэщэнэ, дамыгъэ защIэу щытыну. Адыгэм зэи хэлъакъым иIэр адрейм и нэм щIиIуу, ищIэрт къыщыувыIэжын хуейр. Абы къыхэкIыу, адыгэ къуажэ цIыкIум дэтынухэр бгъэныщхьэ унэщ, адыгэ хьэпшыпхэм ущрихьэлIэнущ, уеблэмэ хьэку щIэтынущ. Ауэ унэхэми шхапIэхэми я кIуэцIыр гъэпсауэ зэрыщытынур иджырей зэманым тетущ. Егъэлеиныгъэ хэслъхьэнукъым, - жеIэ Дерым.
Псалъэм папщIэ, джэдлыбжьэм, пIастэм, лы гъэгъуам, мэлыл гъэвам хуэдэу, езым и гуэлым хэс осетрри щапщэфIынущ. «ЦIыхур дэнэ кIуэми, сыт хуэдизу и нэгу зимыужьми, и ныбэ изу IэфIу щымышхэмэ, зыри и мыхьэнэкъым. Абы къыхэкIыу, зыхуеинкIэ хъуну псори IэфIу щапщэфIынущ», - къыхегъэщ гъащIэм и пIалъэ зыщIэ лIым.
Дерым и хэщIапIэм жыг мини 10 щигъэтIысащ, иджыри мин 20 хисэну и мурадщ, мызыгъуэгукIэ лIэужьыгъуи 100 иIэщ.