Зи хъуэпсапIэхэр лъэпкъым пыщIа

ХамэщIым къыщыхъуа адыгэ цIыхум и гум Хэкур илъмэ, адэжь щIыналъэм и джэ макъыр зыхищIэмэ, ди тхыдэ гуузыр сыт щIыгъуи щIыгъумэ, анэдэлъхубзэр ихъумэмэ - ар лъым и къарущ. Апхуэдэ цIыхухэрщ лъэпкъыр щызыгъэIэри. Адыгэ нэсыр хэкум къекIуэлIэжарэ, щIэбли къыщIэхъуамэ, абы егъэлеяуэ дыщыгуфIыкIын хуейщ, зы адыгэ унагъуэ дахэкIэ лъэпкъыр нэхъыбэ дыхъуащи! Нобэ ди лIыхъужь Шорэ Нарт езым зэрихьэ цIэми лъэпкъми хуэфэщэн гупсысэхэр иIэщ.

Нарт 1984 гъэм дунейм къытехьащ. Сирием къикIыжри, Хэкум къэIэпхъуэжащ 2013 гъэм.

- Си адэр Мэхьмудщ (цIыхухэр къызэреджэр Хьэмудэт), си адэшхуэр Умарщ, Умарым и адэр Гъусмэнщ, абы и адэжыр ПIытIэщ.  Си адэшхуэм и адэшхуэм теухуа хъыбарымкIэ къыщIэздзэ хъуну къыщIэкIынущ. Адыгейм, Блашэпсынэ жыхуаIэ къуажэм, щыпсэуащ. ЗэкъуэшитI хъухэрт, ауэ я цIэ дыдэм дыщыгъуазэкъым, я цIэ лейхэмкIэщ зэрытцIыхур: зыр ПIытIэт, адрейр Зыгъуэт (е Загъуэт). ЗэкъуэшитIыр Хэкум икIауэ щытакъым. Хэкум ирагъэкIар абыхэм я бынхэрт. Уэсмэн къэралыгъуэрт здагъэкIуауэ щытар. Иужьым иныкъуэхэр Тыркум къинащ, иныкъуэхэри СириемкIэ Iэпхъуа хъуащ. Си адэшхуэм и адэ Гъусмэнрэ и щхьэгъусэмрэ СириемкIэ Iэпхъуахэм ящыщащ, и къуэшитI - КIэрашэрэ Ильясрэ, и шыпхъу Зазэ ящIыгъуу… Сирием щагъакIуэм, я къуэш нэхъыщIэр сымаджэ хъури яфIэлIащ, ар щыщIалъхьащ Джолан щIыпIэм. Къэнахэр Хъышние жыхуаIэ къуажэм дэтIысхьащ, псэупIэ яухуэри. Зэман гуэр дэкIри, Ильясыр Хэкум къихьэжащ, «Сыплъэнщи, бгъэзэж хъун хуэдэмэ, фынэсшэжынщ», - жиIэри. Абы ирихьэлIэу Совет Союзым и гъунапкъэхэр игъэбыдат – зыри иригъэхьэртэкъым икIи къригъэкIыртэкъым. Арати, Ильясым Блашэпсынэм игъэзэжри абдеж щыпсэуащ. ЗэкъуэшитIыр зэи зэрылъагъужакъым абы иужькIэ: зыр кърагъэхьэжыртэкъым, мыдрейр ирагъэкIынутэкъым.  - жеIэ, и лIакъуэр Хэкум икIауэ зэрыщытам дыщыщIэупщIэкIэ.

Нарт зэрыцIыкIурэ анэдэлъхубзэм хуэшэрыуэщ. Ар и анэшым (СтIащхэ) къыщыхъуащ. И адэр пасэу дунейм ехыжат.

         - Си нанэр Сирием къыщыхъуащ, и гъащIэр абы щихьащ. Ауэ абы хьэрыпыбзэ ищIэртэкъым, мащIэу къыгурыIуэ мыхъумэ. Диным епха гуэрхэр, нэмэз щищIкIэ жиIэнухэр – ахэрат ищIэр зэрыхъур. Псалъэм папщIэ, уэрамым къыдэкIыу цIыхухэм ядэуэршэрыфынутэкъым. Адыгэбзэрт ищIэр. Сэ, мис, а адыгэбзэ фIэкIа зымыщIа си нанэм сипIащ. Анэдэлъхубзэр схъумэнымкIи ар къысхуэщхьэпащ. Къапщтэмэ, унагъуэми къыщытхуадэртэкъым инджылызыбзэри хьэрыпыбзэри. ПщIантIэм дыкъыдыхьэжа нэужь, нэгъуэщIыбзэхэр адэкIэ къыщыдгъанэрт, - жеIэ езым.

ЩIалэр адыгэ Iуэхум нэхъри дихьэхынымкIэ сэбэп къыхуэхъуащ Адыгэ Хасэр. Абы кIуэхэр хабзэм щыщ Iыхьэхэм щIагъэдэIурт, къагъафэрт, адыгэ уэрэдхэр ирагъащIэрт – лъэпкъым пэгъунэгъу хуащIырт адыгэ щIэблэр.

Нарт хэкум къызэригъэзэжрэ илъэсипщI мэхъу. Унагъуэ дахи иухуащ, Хэкум щыщ бзылъхугъэ псэгъу ищIри. ХъыджэбзитI яIэщ: Данэрэ Гупсэрэ. Анэдэлъхубзэм, къызыхэкIа лъэпкъым пщIэ хуищIу зэрагъэсам хуэдэу, езыми и бынхэр егъасэ. Шорэхэ я унагъуэм яфIэфIщ анэдэлъхубзэм и фIыпIэр, а дахагъэр сабийхэм зыхрагъэщIэну.

Нарт и къуэш нэхъыщIэр ебгъуанэ класс нэужьым Хэкум къишэжри, Налшык медицинэмкIэ колледжым щIигъэтIысхьащ. Илъэс дэкIри, и анэри къишэжащ.

- Гугъущ Хэкум къэбгъэзэжыну. Узэса псори уохъуэжри, нэгъуэщI щытыкIэм утохьэ. Псалъэм щхьэкIэ, Сирием щыIэ адыгэхэр щIым телажьэу, Iэщ зэрахуэу есакъым, къалэшхуэхэм дэсти. Мыбдежым ахэр нэхъ пщIэн хуейхэм ящыщщ. ХэкумкIэ щыIэ ди благъэхэми къызжаIэрт, псэун къызэрыщIэбдзэн мылъку гуэр зэпэщу уимыIэу къэбгъэзэжыну дзыхьщIыгъуэджэу. Ауэ уи Хэку зэрыбгъуэтыжыр и уасэщ гугъуехь псоми, - жеIэ Нарт.

ХамэщI щыщIам компьютерым пыщIа проектхэр ищIырт, IуэхущIапIэхэм зыкъыпащIэрти ядэлажьэрт Нарт. Апхуэдэурэ, IуэхущIапIэ инхэмм ядэлажьэурэ дунейр къызэхикIухьырт. Хэкум къигъэзэжа нэужь къыхуэсэбэпащ электричествэ Iуэхум зэрыхищIыкIыр, зэрыхуэIэкIуэлъакIуэр.IэфIыкIэ щащI заводым электрикыу щолажьэ.

Шорэ Нарт жеIэ Хэкум къихьэжауэ япэу лъэпкъым ди Щыгъуэ-щIэж махуэм щыхэтам егъэлеяуэ зы фIыгъуэшхуэ къызэрехъулIар къызэрыгурыIуар:

- ЗэщIыгъуу, адыгэ фащэхэр ящыгъуу, адыгэ ныпхэр яIыгъыу, адыгэш тесу, адыгэбзэкIэ псалъэу си лъэпкъэгъухэр Лениным и уэрам бгъуфIэм ирикIуэу щыслъагъум, сыщыгъуэжакъым. Дэ дыщыIэщ, допсэу, ди макъ къокI, ди бзэр мэIу – зытхъумэжын хуейщ.  СэркIэ куэд и уасэщ къызэрызгъэзэжыфар, си дадэжьхэр щыпсэуа щIыналъэм хуиту сызэритыр, - жи.

- Уадыгэным сыт къикIыр уэркIэ? – доупщI Нарт.

- Адыгэр лъэпкъ дахэщ, и Хэку, и бзэ, и хабзэ иIэжу. Дызыщыщыну лъэпкъыр къыхэтхакъым, ар Тхьэм къытхуигъэфэщащ. СэркIэ лъапIэщ сызэрыадыгэр, Тхьэм и фIыгъуэхэм ящыщу къызолъытэ лъэпкъ дахэм сыкъызэрыхэкIар.  Ди тхыдэр гуузщ. Ауэ апхуэдиз лей къызытехьар нэгъуэщI лъэпкътэмэ, зэкъуэтыжынтэкъым, щыIэжынтэкъым. Дэ, тхьэм и фIыщIэкIэ, дызэкъуэтщ, зыдохъумэж, - къыджеIэ.

ЦIыхум нэхъыщхьэ дыдэу зы мурад гуэр зыхуигъэувыж хабзэщ. Нарт апхуэдэ мураду игъэуват Хэкум къекIуэлIэжыну.

- Ар къыщызэхъулIакIэ, иджы нэгъуэщI мурадхэр гъэувын хуейщ. Нэхъыщхьэр бын тэмэм къытщIэувэнырщ, лъэпкъым хуэтщIэфын къэдмыгъэнэнырщ, - жеIэ.

ГУГЪУЭТ Заремэ.

 

Поделиться: