Фэеплъ лъапIэЕджагъэшхуэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор Абдокъуэ Iэуес Исмэхьил и къуэм бзэм ехьэлIауэ зэфIигъэкIар къыпхуэмылъытэнщ. ЩIэныгъэ куу зыбгъэдэлът, и лъэпкъым и зыужьыныгъэм хуэунэтIа Iуэху щхьэпэ куэди зэфIигъэкIащ. ЦIыху телъыджэт Абдокъуэр, и зэфIэкIыр, и цIыхугъэр гъунэншэт. Абы теухуа гукъэкIыж гъэщIэгъуэнхэр ятхыжащ ар фIыуэ зыцIыхуу щытахэм. Абыхэм ящыщы зыщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ Елгъэр Кашиф и тхыгъэри. «Абдокъуэ Iэуес пабжьэр зыгъэхъей щхьэ бжыгъэу дунейм тетхэм хуэдэтэкъым – цIыхум яхыхьэу, зыхыхьэхэм яхилъхьэни къахихыни къэзыгъуэтыф, хэлъэт зиIэ, зи хьэсэпэр жыжьэ нэс щIалэ жант. Жыджэрт. БзэщIэныгъэми адыгэхэм я тхыдэми куэд хищIыкIырти, абы уригъусэныр, урипсэлъэгъуныр къалъыхъуэм хуэдэт. КъимыдэкIэ, Абдокъуэр «Iуащхьэмахуэ» журналым къэкIуэрейт – и тхыгъэхэр къытхуихьырт, и чэнджэщхэр къыдихьэлIэрт, зыгуэрхэмкIэ къыдэупщIырт. Дэри зыгуэрхэмкIэ деупщIырт. Абы и деж щыбгъуэтырт узэреупщIхэм я жэуапхэр. ЗэрыжысIащи, ар бзэщIэныгъэм, тхыдэм, литературэм куэд хэзыщIыкI щIалэ Iэзэт. Iэуес и цIэр фIыкIэ къыщраIуэкIэ икъукIэ гуапэ къыщIысщыхъум нэгъуэщI щхьэусыгъуи иIэт – си напщIэм телът Шэрджэсым нэскIэ къикIа щIалэ хьэлэмэтым ди Щхьэлыкъуэ къуажэр хэщIапIэ зэрищIар. Унэ дэгъуэ, псэуалъэшхуэхэр, хадэ хъарзынэ зириIэр. Iуэхум фIыуэ щымыгъуазэхэм ямыщIэнкIэ хъунщ филологие щIэныгъэхэм я доктор, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щезыгъаджэ Абдокъуэ Iэуес куэдым хэзагъэ щIалэ IэпщIэлъапщIэу, ухуакIуэ Iэзэу зэрыщытар. Абы езым и IэкIэ ищIыжат и псэуалъэ зэгъэпэщар. - Мы къомыр зэребгъэщIа ахъшэр, минрэ ущIэныгъэлIуи уегъэджакIуэуи сощIри, университетым къыщыпхь улахуэм къыхэкIауэ дауэ си фIэщ хъун? Хьэмэрэ уэри?.. – щIагъыбзэ гуэр хэлъу сыдэгушыIэну сыщыхуежьэм: - КъэпщIащ: хьэлIамэ ебгъэщIынт мы псор дэ къэтхь улахуэмкIэ. Ауэ, ущоуэ - а уи «хьэмэрэм» пыпщэну узыхэтамкIи езгъэщIакъым мыхэр. Захуэр жыпIэмэ, зыми езгъэщIыххакъым мы плъагъу псори – си IэкIэ сщIыжащ, - къызжиIат япэ дыдэу Iэуес и лъапсэм сыщихьам. – Уи фIэщ мыхъумэ, мы къуажэм ущыщщ, щIэупщIи, къыбжаIэнщ мыхэр зэрысщIари абыхэм есхьэлIа псэуалъапхъэхэр къызэрысщэхуа ахъшэр къызэрызлэжьа щIыкIэри. ТIэкIу и жагъуэ зэрысщIам сыхущIегъуэжарэ и гуапэ сщIыжын мурад сиIэу: - Сэри себгъасэркъэ-тIэ, сыхуебгъаджэркъэ апхуэдэ IэщIагъэми, апхуэдэ ахъшэ къэлэжьыкIэми… Илъэс зыбгъупщI нэсащи унэ, лъапсэ тIэкIу сщIыну къысхуегъажьэркъым. Сытегушхуэркъым. - Фэ зывогъэтхакIуэшхуэ. Къалэм нэхъ хьэлъэ къэфIэтын мурад фиIэкъым… Фи щхьэ ефпэсынукъым. А фи тхылъхэм къыпэкIуэмкIэ фэри фхуэщIэнышхуэ щыIэкъым. Мыдрейуэ, сегъасэ, сегъаджэ жыхуэпIэмкIэ. Апхуэдэ гукъыдэж уиIэмэ… Мо маршынэ укъуеижа фэншэжь цIыкIур плъагъурэ? Ари къызэрысщэхуар а уи «хьэмэрэмкIэ» къэсхьакъым – мы си IэпхъуамбипщIымкIэ къэзлэжьащ. Фи къуажэдэсхэм, ди хьэблэм сащыхуэлажьэм деж лъэсу къэскIухь хъууэ щытами, иужькIэ маршынэ сиIэн хуей хъуащ, - жиIэу къригъажьэри, Iэуес къысхуиIуэтат и Iуэху къызэрекIуэкIыр. ЩIэныгъэлIыр цIыхум яхэгъуащэу, лъабжьэ иIэу, лъапсэ иухуэу псэуну хуейт. А псори и Iэрэ и пщIэнтIэпскIэ къилэжьмэ нэхъ къищтэрти, ищIэрат: гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэхэм деж ухуакIуэу ежьэрт. СыщIэныгъэлIщ, сыегъэджакIуэщ, цIыхум сытыфэ къызаплъын жимыIэу, уи пщIэнтIэпс къабзэкIэ къэблэжьар пшхыным, зэпхьэлIэжыным емыкIу зэрыпымылъыр, зэрыIэфIыр къыгурыIуэу гъэмахуэ кIыхьым унэхэр ищIу, лъапсэхэр иухуэу къикIухьырт. Гъэ еджэгъуэ щIэдзэжыгъуэр къэса – ухуакIуэм зэрихьэ Iэмэпсымэхэр зригъэтIылъэкIырти, университетым игъэзэжырт. Илъэс къэси апхуэдэт: ухуакIуэ IэщIагъэри щIэныгъэлI лэжьыгъэри зэдихьырт. Дыдейхэм я унэ хадэм къыпачри щIы Iыхьэ къызатат. Ауэ, зэрыжысIащи, абы схуимыщIыхьIауэрэ екIуэкIырт. Iэуес и етIуанэ IэщIагъэм хуэдэ щызимыIэкIэ, езы Абдокъуэми и жыIауэ, сэ къэзлэжьымкIэ унэ-лъапсэ сщIынщ жыпIэныр щхьэгъэпцIэжти - сытегушхуэртэкъым. ИтIанэ, Iуэху мыублэ блэ хэсщ жызоIэри, унэ щIыным щIыдодзэ. Ахъшэр си мащIэти, унэ лъабжьэм, щIыунэм ехьэлIа лэжьыгъэхэр, темыкIуадэIауэ, дэр-дэру тщIыну къыщедгъажьэм, си щIалитIри абыхэм я анэри арэзы къыздэхъуатэкъым – апхуэдэ IэщIагъэ зэрыдимыIэрат щхьэусыгъуэ ящIыр. «Псым фыхэмыхьэу бдзэжьей фшхыну аращ фызыхуейр! Сэри ар нэхъ къэсщтэнут, ауэ… Мо си ныбжьэгъу Абдокъуэ Iэуес цIыкIу хуэщIыр дэ тхуэмыщIыну жыфIэу… – согъумэтIымэ. «А уи ныбжьэгъур ухуакIуэу къыщIэкIынщ. Дэ а Iуэхум хэтщIыкI щыIэкъым», - жаIэу къыщыспэрыуэхэм, а ухуакIуэр щIэныгъэхэм зэрадокторыр, ди университетым зэрыщригъаджэр я нэм щIызоIу. Ауэ ди мыш дышэсауэ къыщIокIри… А дэ зэIыдгъэхьахэр пхузэхахыжын, пхузэрагъэзэхуэжын щхьэкIэ мис иджыт уи щхьэм ущыщIагъэтIэхъуэнур. КъытIэщIэщIа щыуагъэмкIэ къуаншагъэр зыбгъэдэлъыр сэрати, сыт сщIэнт? Iэджэрэ сыхэплъа нэужь, си гур Iэуес деж мажэ. Я унэр сцIыхуххэрти, сокIуэ. Дэскъым. Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэщи, и етIуанэ IэщIагъэм ирилажьэу къекIухь. Зыхуэлажьэр къызжаIати, къызогъуэт. - Унэ сщIыну щIэздзэмэ, батэр къысхуэбгъэшыну жыпIэурэ сытебгъэгушхуэри… Сэ зэIызгъэхьахэр зэбгъэзэхуэжыну накIуи нобэ къысхуэщIыхьэху. - Нобэ щыIэж, лIэун, иджы? Шэджагъуэ хъуащ. Апхуэдэ махуэ щIыхьэху щыIэ? Тхьэм жиIэмэ, пщэдджыжь жьыуэ дыкъыщIэтэджэнщи… А уэ зэIыбгъэхьауэ зэгъэпэщыжын хуейуэ сызэбгъэдэIуахэр зы махуэ лэжьыгъэкIэ къыдэхъулIэмэ, дыбланэу, дыIэзэу бжы. Еуэ. Пщэдджыжь зэхудипIалъэщ… Къалэм сикIыжу жьыуэ сыщынэсыжам, Iэуес цIыкIу зигъэкIэрахъуэу ди куэбжэпэм щытт. - Мыр сыт, зиунагъуэрэ? Нэхумыщым.. - ЛIыщIэр зи лIыщIэм япэ къэтэдж хабзэу щытащ, – жери и нэхэр щIиукъуанцIэу къыпогуфIыкI. – Iуэхум нэхъыфIу щыхэщIыр пщэдджыжьымрэ пщыхьэщхьэмрэщ. Урысхэм жаIар пщIэркъэ? Коси, коса, Пока роса. Роса долой – Иди домой. УхуакIуэхэми апхуэдэ лэжьэкIэр нэхъ къыдощтэ, - жиIэу IэнатIэм пэрыува Iэуес, пщIэнтIэпсыр ирикъуэкIыу лажьэри, ди нэм нэху имылъагъуж хъуа нэужьщ щыдэкIыжар. Iуэхур а зы махуэмкIи зэфIэмыкIыу етIуанэ пщэдджыжьми жьыуэ къытщIэтэджауэ щытащ. Мис апхуэдэ цIыхугъэшхуэ хэлът а лIы телъыджэм».
Поделиться:
Читать также:
03.12.2024 - 17:35 →
IуэхугъуэщIэхэм я зэхэублакIуэт
03.12.2024 - 17:18 →
Мылъкурщ псори къыщежьар
03.12.2024 - 16:32 →
Дзэ атомашинэхэр Налшык щагъэлъэгъуащ
03.12.2024 - 15:01 →
Хы ФIыцIэм и лъабжьэм псы щIож
03.12.2024 - 14:16 →
Ди лэжьэгъухэм я гупсысэ
|