Узыфэ шынагъуэм зэрызыкъуигъащIэ щытыкIэхэр

Лышх узымкIэ Ростов къалэ щыIэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым щрагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къагъэлъэгъуащ хьэбзэгупэм (поджелудочная железа) еуалIэ а узыфэ шынагъуэм и лIэужьыгъуэ 26-рэ къызэрыунэхуар, лъатэмрэ бгъэмрэ къеуалIэ лIэужьыгъуэхэми зэрыкIэрымыхур.

Мы къэхутэныгъэр Урысейм япэ дыдэу щрагъэкIуэкIыу аращ. Гу лъытапхъэщ, лышхым хьэбзэгупэр зэриубыдым нейроэндокриннэ щхьэусыгъуэ зэрыхэлъым къыхэкIыу, зэрахуэмыгъэхъужыр. НэгъуэщIу жыпIэмэ, а пкъыгъуэм еуэлIа лышхым гормон «цIэла» къеутIыпщри, Iэпкълъэпкъым псынщIэу зреубгъуэ, абы къыхэкIыуи, узыр и чэзум къэпхутэну гугъущ.

Дызытепсэлъыхь лышх лIэужьыгъуэр цIыхубзхэми цIыхухъухэми (ныбжьым емылъытауэ) зэхуэдэу къоуалIэ, ауэ нэхъ зыхуэлъэр зи ныбжьыр илъэс 54 - 60-м итхэрщ.

- Япэ дыдэу Урысейм щрагъэкIуэкIа мыпхуэдэ къэхутэныгъэм ди институтым къекIуалIэ сымаджэ 24-рэ къыхэтшащ. Абыхэм я узыр едгъэпщащ цIыхум иджа онкоген 409-рэ щыIэм. ИкIи, ди жагъуэ зэрыхъунщи, лышхым и лIэужьыгъуэщIэу 26-рэ къэдгъуэтащ. Ар къыздикIар дэнэ жыпIэмэ, мы узыфэ шынагъуэм къыхуагъэщIа хущхъуэхэм зыщахъумэурэ, къызэрытIэпIыкIауэ жыпIэ хъунущ, заужьауэ аращ. Иджы Iуэху хьэлъэ къытпэщылъщ – къэунэхуа узыфэ лIэужьыгъуэхэм я хущхъуэ къэгъэщIыныр. Къыхэгъэщыпхъэщи, а лIэужьыгъуэ 26-м и Iыхьэ щанэр – анэдэлъху узщ. Ди къэхутэныгъэхэр нэхъ куууэ дджымэ, мы къэунэхуахэм дызэреIэзэну щIыкIэри ар цIыхум къемыуэлIэн папщIэ егъэкIуэкIын хуей Iуэхугъуэхэри наIуэ къэхъунущ. КъищынэмыщIауэ, языныкъуэхэр къыдалъхуа узу зэрыщытым къыхэкIыу, лышхыр зыхуэлъэ унагъуэхэм исхэми зэпымычу дакIэлъыплъынущ, - жеIэ лышх узымкIэ Ростов къалэм дэт щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и лэжьакIуэ нэхъыщхьэ Трифанов Владимир.

- Зи гугъу тщIы къэхутэныгъэхэр хэIущIыIу тщIын и пэ къихуэу, Азием и хирург гепатолог-панкреатологхэм я зэгухьэныгъэм и зэхуэсышхуэм щыдгъэлъэгъуащ. А зэIущIэр Корее Ипщэм щекIуэкIат. Урысей Федерацэм къыбгъэдэкIыу абы ирагъэблэгъар Ростов икIа гупым я закъуэщ. Ди щIэныгъэлIхэр а зэIущIэм къыщыпсэлъэн папщIэ, уеблэмэ нейроэндокринологиемкIэ къудамэ щхьэхуэ къызэрагъэпэщащ. КъищынэмыщIауэ, а конгрессыр къызэIузыхари япэ дыдэу къагъэпсэлъари дэращ. Ди къэхутэныгъэхэр абдежым щызэфIэкIыркъым. Iэмал имыIэу пытщэнущ. Утыку къитлъхьа къэхутэныгъэхэм иджыри зэ дриплъэжынущ, шэч лъэпкъ къыхэмыкIын папщIэ, нэгъуэщI IэмалхэмкIи дджынурэ, кърикIуар хэIущIыIу тщIынущ, - жиIащ институтым и унафэщI, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и академик Кит Олег.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, лышх узымкIэ Ростов къалэ дэт щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтыр УФ-м и IуэхущIапIэ нэхъыщхьэхэм ящыщу Кавказ Ищхъэрэ ЩIыналъэ округым щыIэщ. Абы Урысей псом къикIыу сымаджэ мин бжыгъэхэр къокIуалIэ, лабораторэу 5 щыIэщ, щIэныгъэхэм я кандидату 144-рэ, щIэныгъэхэм я доктору 40, профессору 30, доценту 3, зы академик щолажьэ. Абыхэм ящыщу цIыху 20-м Урысейм щIыхь зиIэ и дохутыр цIэ лъапIэр зэрахьэ.

- Лъатэ лышхыр цIыхум къызэреуалIэм тепщIыхьмэ, 6-нэ увыпIэм щытщ. Мы узыфэм и сыт хуэдэ лIэужьыгъуэми ещхьу, ар щIидзагъащIэу къахутэмэ, лъэужьыншэу тхуогъэхъуж. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, 2-нэ стадием нэсам и процент 60-рщ дызыпэлъэщыр, - пещэ Китым.

Лъатэм лышх узыфэр къызэреуэлIам и нэщэнэ нэхъыщхьэхэр: бынжэм ищхьэIуэу IэгупIэкIэ укъыдэIэбеймэ, къыхоузыкIырей, ушхэфыркъым е уи ныбэр псынщIэIуэу из мэхъу, умымэжалIэу къыпщохъу, цIыхур псынщIэу уэд мэхъу, уи къэжьын къокIуэ, пшхам къегъэзэж (хьэжыгъэ фIыцIэм ещхьу хэлъу), цIыхум къыдэхым фIыцIагъэ хэлъщ. А псоми къадэкIуэу цIыхур псынщIэу йош, зыхуэужьыркъым. Мы къедбжэкIа щытыкIэхэр зыдэфлъэгъужмэ, нэхъ псынщIэIуэу дохур-терапевт, гастроэнтеролог е онколог зэвгъэплъ.

Ростов дохутырхэм зэрыжаIэмкIэ, лъатэ лышхыр нэхъ зыхуэлъэхэм ящыщщ шыгъу, ерыскъы сыр, гъэжьа, IугъуэкIэ гъэгъуа куэдыIуэ зышххэр, фадэрэ тутынрэ ефэхэр. КъищынэмыщIауэ, щыIэщ лышхыр лъэпкъ узу къыздекIуэкI. Апхуэдэхэм я щIэблэм кIэлъыгъэплъыпхъэщ. Иджыри зы щхьэусыгъуэ - хеликобактер инфекцэ (Helicobakter pylori). Ар лъатэм ис, кIуэцIыр зыгъэуз, абы и лэжьэкIэр зэтезыкъутэ бактерие лIэужьыгъуэщ.

ЩIэныгъэлIхэм цIыхухэр къыхураджэ шхын пщтырыIуэрэ сыррэ ямышхыну, лъатэр зыуIэн, зэран хуэхъун къупщхьэхэми хуэсакъыну, тутынымрэ фадэмрэ кIэрачыпэну.

- ЗыгурыгъэIуэн хуейщ лышхыр узыфэ щэху-бзаджэу зэрыщытыр, къыщыщIидзари къыпхуэмыщIэу хэтIэсэнкIэ зэрыхъунур. Абы къыхэкIыу, илъэсым зэ дохутыр зэгъэплъын, лъы тын хуейщ. Лъатэ лышхыр нэхъ псынщIэу къэзыхутэфыр эндоскопиеращ, - къыхегъэщ Китым.

Бгъэр лышхым зэриубыдам и нэщэнэ 11 къраIуэ щIэныгъэлIхэм:

  1. Бгъэм шыкъыр хищIауэ къыпIэрыхьэмэ;
  2. ЦIыхубзыр фагъуэ хъуамэ;
  3.  Бгъэр нэхъ ин хъуамэ;
  4. Бгъэм къытридзэ лъынтхуэхэр бэгауэ фэ тетмэ;
  5. Бгъэм IэпапIэ-IэпапIэурэ кIуэцIрыщэта иIэмэ;
  6. ЩIыфэр къищэщырей хъуамэ;
  7. БыдзыпIэр ипщхьамэ;
  8. Лимоныфэм хуэдэу бгъэм и фэр зэхуэлъэфэсамэ;
  9. Быдзыпэм уэтэпс къыпыткIумэ;
  10.  БгъитIыр зэхуэмыдэ хъуамэ;
  11.  БлэгущIэм щIэлъ лимфоузелхэр бэгамэ.

      Мыбыхэм языхэз дагъуэ зыхуэфщIыжмэ, Iэмал имыIэу гинеколог е онколог зэгъэплъын хуейщ!

Онкоцентрым и щIэныгъэлIхэм къытрагъэзэжурэ бзылъхугъэхэм дигу къагъэкIыж зэпымычу бгъэм кIэлъыплъын, къэплъыхьын, къэпщытэн зэрыхуейр: шыкъыр хэлърэ хэмылърэ къэтщIэн папщIэ, мазэм зэ къыдоIэбэрэбыхь, илъэсым зэ дохутыр зыкIэлъыдогъэплъ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ къыпхуэхутэнущ зиужьын щIэзыдзагъащIэ лышхыр, икIэщIыпIэкIэ яужь уихьэми, а уз шынагъуэр яхуэгъэхъужынущ.

- Бгъэ лышхыр и чэзум къэпхутэн папщIэ, зэпымычу узыкIэлъыплъыжын хуейщ. Абы къищынэмыщIауэ, илъэс къэс дохутыр зэбгъэплъмэ нэхъыфIыжщ. Апхуэдэу, маммолог, гинеколог, онколог дохутырхэр зыкIэлъагъэплъэну чэнджэщ естынут бзылъхугъэхэм. Лышхыр ныбжьым елъытакъым. Ар къеуэлIэнкIэ хъунущ илъэс 18 фIэкIа мыхъуа пщащэми, илъэс 40-м итми, 60-м щхьэпрыкIыжами. УЗИ-рэ маммографиерэ илъэсым зэ, псом хуэмыдэу зи ныбжьыр илъэс 40-м щIигъуахэм яхуэзгъэлъэгъуэнут, - жеIэ Лышх узыфэхэмкIэ Ростов къалэм дэт IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Шатовэ Юлианэ.

ФЫРЭ Анфисэ.
Поделиться: