Хэхъуэ яIэщДызэрыт илъэсым и мазибгъум къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым ерыскъыхэкIхэм елэжь и IуэхущIапIэхэм къыщIагъэкIа псыхэкIхэм я куэдагъым хагъэхъуащ. 2024 гъэм и щIышылэ – фокIадэ мазэхэм хуэзэу псыхэкIхэмкIэ промышленнэ индексыр проценти 186,8-рэ хъуащ. Нэгъабэ щыIа бжыгъэхэм ебгъапщэмэ, мы гъэм и мазибгъум къриубыдэу сырэу къыщIагъэкIар процент 14,6-кIэ нэхъыбэщ, псыIэфIыр – процент 17,2-кIэ, нарзаныпсыр – процент 1,2-кIэ. Апхуэдэуи хэхъуэ къагъэлъэгъуащ спирт, аркъэ, нэгъуэщI фадэ лIэужьыгъуэхэри къыщIэзыгъэкI IуэхущIапIэхэм.
Поделиться:
Читать также:
13.08.2026 - 10:50 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
13.08.2026 - 10:01 →
Лъэпкъым къыдекIуэкI хъугъуэфIыгъуэхэр
13.08.2026 - 09:05 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
12.08.2026 - 17:40 →
«Уи лъэпкъ хуэпщIэфынур хуэпщIа?»
12.08.2026 - 14:30 →
ЛъэужьыфIэ
| ||




