Ди зэдэлэжьэныгъэр йофIакIуэ«Адыгэ псалъэ» (КъБР), «Адыгэ макъ» (АР), «Черкес хэку» (КъШР) лъэпкъ газетхэр илъэс 40-м нэблэгъауэ зэдолажьэ. Илъэс зыбжанэ и пэ редактор нэхъыщхьэу адыгэ газетхэм къэкIуахэу Жыласэ Заурбэч («Адыгэ псалъэ»), Абидокъуэ Люсанэ («Черкес хэку») МэшлIокъуэ Саидэ («Адыгэ макъ») сымэ я япэ зэIущIэгъуэм «Адыгэ псалъэ» газетым и журналист, тхакIуэ Чэрим Марианнэ къыщыхилъхьэри, мы гъэм проект купщIафIэ зэдагъэзэщIащ лъэпкъ газетхэм. Журналистхэр адыгэ зэрыс адрей хэгъэгухэм ягъакIуэурэ щагъэлэжьащ, абыхэм редакцэхэм яхьыжа тхыгъэхэр газет щхьэхуэу, е зы рубрикэм щIэт тхыгъэ гупу къытрадзэжащ. Мы гъэм Къэрэшей-Шэрджэсымрэ Адыгеймрэ кIуэну зыхуагъэфэщар сэрати, абы щыслъэгъуа псори иту газетитI къыдэкIащ: №108 (фокIадэм и 7) КъШР-м теухуауэ, №123 (жэпуэгъуэм и 12) АР-м теухуауэ. Журналист зэдэлэжьэныгъэм къыпызыщэ Iуэхур щэкIуэгъуэм и пэщIэдзэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къэсащ. «Адыгэ макъ» газетым и журналист нэхъ пажэ Ансыкъуэ Иринэрэ «Черкес хэку» газетым жэуап зыхь и секретарь, «Лэгъупыкъу» журналым и редактор нэхъыщхьэ, журналист зэчиифIэ Аслъэныкъуэ Мадинэрэ тхьэмахуэкIэ «Адыгэ псалъэ» газетым щылэжьащ, Iуэхур зытеухуауэ щыта лъэпкъ газетым и илъэсищэм иращIэкIа махуэшхуэми хэтащ. Ди редактор нэхъыщхьэхэм зэакъылэгъуу къыздрахьэжьа Iуэхур ахэр зи унафэ щIэт къулыкъущIапIэхэм я тхьэмадэхэм къызэрыддаIыгъар гуапэ лей пщымыхъункIэ Iэмал иIэкъым. КъШР-м лъэпкъ IуэхухэмкIэ, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ печатымкIэ и министр Есенеев Мурат, АР-м Лъэпкъ IуэхухэмкIэ, хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ядэлэжьэнымрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и къэрал комитетым и унафэщI Щхьэлахъуэ Аскэр, «КъБР-Медиа» къэрал IуэхущIапIэм и унафэщI Бежан Беслъэн сымэ реадкторхэмрэ журналистхэмрэ я жэрдэмымрэ лэжьыгъэмрэ къыддаIыгъащ икIи Iуэхум дытрагъэгушхуэу фIэхъус гуапэкIэ щIыналъэхэм къыщытпежьащ. Япэ дыдэу дезыгъэблэгъа, «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэ Абидокъуэ Люсанэ газетым и илъэсищэм триухуэу зэхилъхьа программэмкIэ ди къуэшхэр зэрыс Къэрэшей-Шэрджэс Республикэр къытхузэIуихауэ жыпIэ хъунущ. «Адыгэ макъ» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ Тау Замирэ сэрэ а зекIуэм къыщытцIыхуащ КъШР-м ис цIыху цIэрыIуэхэмрэ IэпщIэлъапщIэхэмрэ, щIэныгъэм, гъуазджэм, щэнхабзэм, псэукIэм зезыгъэужь ди лъэпкъэгъухэм дахуэзащ, а псоми ятеухуахэр ди щIэджыкIакIуэхэм я пащхьэ итлъхьэжащ. «Адыгэ макъым» и редактор нэхъыщхьэ МэшлIокъуэ Саидэ Адыгэ Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 33-рэ щрикъум ирихьэлIэу дригъэблэгъати, абы тхуигъэхьэзыра программэмкIэ адыгэ хэкур нэхъыфIыжу дигъэлъэгъуащ, махуитхум къриубыдэу цIыху гъэщIэгъуэн куэдым дахуэзащ, адыгэ Iуэхур дэзыгъэкI, Адыгейм и цIэр фIыкIэ зыгъэIу, ди лъэпкъым бгъэдэлъ хъугъуэфIыгъуэхэм къахэзыгъахъуэ нэхъыжьхэмрэ щIалэгъуалэмрэ зэдгъэцIыхуащ икIи датетхыхьыжащ. Ди къуэш республикэхэм дызэрыщыIам хуэдэ дыдэу, дэри ди лэжьэгъухэр къедгъэблэгъэжри, яхузэхэтлъхьа программэм тету Налшык щылэжьащ. «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ Жыласэ Заурбэч япэ махуэм и пщэдджыжьым хьэщIэхэмрэ газетым и лэжьакIуэхэмрэ зэригъэцIыхуащ, щхьэж и редакцэм лэжьыгъэр зэрыщызэтеублам тепсэлъыхьу махуэ къэс зэрымылъагъу журналистхэр зэбгъэдэсащ. Ансыкъуэ Иринэрэ Аслъэныкъуэ Мадинэрэ а махуэхэм яхуэзащ икIи интервью къыIахащ ди газетыр зи нэIэ щIэт «КъБР-Медиа» къэрал IуэхущIапIэм и унафэщI Бежан Беслъэн; адыгэу дунейм тетыр зэрыгъэщIэным, зэрыгъэубыдыным, лъэпкъ Iуэхур дэгъэкIыным иужь ит Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий; зи гъащIэ псор лъэпкъ Iуэхум хуэзыгъэпса, хамэ къэрал щикъухьа адыгэхэр зэшэлIэжыным хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа, лъэпкъ газетым зегъэужьыным, къыдэгъэкIыным илъэс 24-рэ хухэзыха, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и вице-президент, ДАХ-м и Хасащхьэм хэт ХьэфIыцIэ Мухьэмэд; хэхэс адыгэхэм ящыщу япэ дыдэу хэкум къэкIуэжауэ зи Iуэху дэкIыу щыпсэу, «Адыгэ унэ» тыкуэн-музейм и тхьэмадэ IутIыж Мэжид сымэ. Нэхъыжьхэм я лъагъуэм хуэфащэу ирикIуэу, адыгэ тхыдэр, хабзэр, щэнхабзэр, бзэр хъумэным хуэпабгъэу диIэ щIалэгъуалэм ящыщу ди хьэщIэхэр хуэдгъэзащ «Акрополь» нэгузегъэужьыпIэ центрым и тхьэмадэ Къардэн Хьэсэн, абы щIэт музейм и бея гъымрэ ди лъэпкъым и тхыдэ къулейм и щыхьэту щIэлъ хъугъуэфIыгъуэхэмрэ хьэщIэхэм яригъэлъагъуащ, яхуиIуэтащ Хьэсэн. Апхуэдэу адыгагъэмрэ хабзэмрэ щызэрахьэрэ хьэщIэхуэфIу ди къалащхьэм дэт «Налшык» ресторан-музейм и унафэщI, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Уэзрокъуэ Чэрим «Адыгэхэм я деж хьэщIапIэ» и проект гъуэзэджэр яригъэлъэгъуащ, метр мини 8 зи лъэгагъ бгыуэ дунейм тет I4-м дэкIуея адыгэ пщащэ Пекъу Алинэ ялъагъуну я нэ къыхуикIти, ди хьэщIэщым къедгъэблэгъащ, гъэщIэгъуэн куэд къыджиIэжащ. Адыгэ уэрэдыжьхэр, иджырей лъэпкъ щэнхабзэр, адыгэбзэмрэ зыIыгъыкIымрэ дахэу утыку щызыгъэлъагъуэ, КъБР-м и Филармонием и солисткэ Хьэкъул Оксанэ и творчествэр нэхъ гъунэгъуу зрагъэцIыхуащ. ГуIэфIтещIэжу ди лэжьэгъу пщащэхэр иджыри зэ «Адыгэ псалъэм» и хьэщIэщым щыбгъэдэсащ ди газетым и журналистхэу, нобэ лъэпкъ литературэм лъэ быдэкIэ хэува тхакIуэ, усакIуэхэу Хьэщыкъуей Олег, Чэрим Марианнэ, Къаныкъуэ Анфисэ, Гугъуэт Заремэ сымэ. Мы зэIущIэхэм ятеухуа тхыгъэхэр ди газетми тетынущ. Ауэ нэхъыщхьэр республикэ зэпэщхьэхуэхэм ис журналистхэр нэхъ гъунэгъу зэрызэхуэхъум фIы куэд къызэрыдэкIуэнурщ. Ди IэщIагъэм пэрытхэр зэпсалъэ, зэхуэзэ щыхъукIэ, цIыхубэми хъыбару ящIэнур нэхъыбэщ, ар лъэпкъ журналистикэм ехьэлIамэ, щIыналъэ, къэрал куэдым щызэбгрыпхъа ди лъэпкъэгъухэр Iуэхум зэрыщыгуфIыкIынум, хъыбархэм яфIэфIу зэреджэнум шэч хэлъкъым. Налшык къэкIуа журналистхэр, «Адыгэ псалъэм» и илъэсищэ махуэшхуэм хэтыну Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым къикIа редактор нэхъыщхьэхэмрэ абыхэм я къуэдзэхэмрэ гуп дахэу хэтащ пшыхьым, къытхуащIа пщIэмрэ гулъытэмрэ ди щхьэр лъагэу дигъэлъагъужащ. Ди унафэщIхэр щызэхуэзам иджыри зэ жаIащ проектым мыхьэнэшхуэ зэриIэр, ар илъэс къэс егъэкIуэкIын зэрыхуейр. КъищынэмыщIауэ, «Адыгэ макъым» и редактор нэхъыщхьэ МэшлIокъуэ Саидэ журналистхэм я зэхэтыкIэмрэ зызыщамыгъэнщIу зэрызэдэуэршэрымрэ илъэгъуа нэужь, къыхилъхьащ дяпэкIэ илъэсым зэ адыгэ газетищым щылажьэ псори гупу зэхуэсыну, щхьэж и лэжьыгъэм и пIалъэкIэ щызэдэгуашэ, нэхъ гъунэгъуу щызэрыцIыху, гупсэхуу щызэбгъэдэсыну зэхыхьэ къызэгъэпэщын зэрыхуейр. АбыкIэ арэзы хъуащ зэIущIэм хэта псори.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




