ГъащIэ гъуэгуанэ

Дэтхэнэ зы цIыхуми езым и щэхухэр иIэжщ. Абы езым и тхыдэ къыдокIуэкI. Ар и унагъуэ хъуми, и къуажэ, и къалэ, и къэрал теухуами - мыхэр зэпхащ. Урыс тхыдэмрэ щэнхабзэмкIэ «Вече» зэгухьэныгъэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа Канунников Анатолий щыдгъэпсалъэм, гъащIэм и купщIэм щыщ куэдым, къызыхэкIа унагъуэм къыдекIуэкI тхыдэм и гугъу къытхуищIауэ щытащи, дызыщIигъэдэIуахэр зэрыгъэщIэгъуэныр къэтлъытауэ фыщыдогъэгъуазэ. Ауэ нэхъ ипэкIэ къыжытIэнщ, абы и гуащIэм Лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэ орденымрэ медаль 11-рэ къызэрыпэкIуари.

- Нэхъ ипэкIэ дыIэбэжмэ, си адэшхуэ Артеминкэ Иосиф и лъабжьэр къыщыщIедзэ Украинэм щыIэ Черкасскэ губернием. 1890 гъэхэм цIыхухэр я диным папщIэ зэхэзехуэн щащI куэдрэ къэхъурти, Iэпхъуэшапхъуэхэр щыIэт. Абы щыгъуэм Черкасскэ губернием щыIа Топиловкэ къуажэр зэрыжылэу зэбгрыкIауэ щытащ. Языныкъуэхэм КъуэкIыпIэ ЖыжьэмкIэ яунэтIат, нэгъуэщIхэм УрысеймкIэ къагъэзащ. Иужьрейхэм яхэтащ си адэшхуэм и адэ-анэри. Сэ къызэрысхуаIуэтэжамкIэ, си адэшхуэр абы щыгъуэм гущэм иджыри хэлът. ЗэрыжаIэу, лъапцIэу, пцIанэу унагъуэр къэсащ Тэрч районым хиубыдэ Тамбовкэ жылэм. Зыри къыщомыджакIэ, хэт и деж ущылъэIуэнт псэупIэ щхьэкIэ?! АрщхьэкIэ ахэр пIалъэкIэ я деж ирагъэблэгъащ я диным къытехуэу жылэм дэсахэм.

АдэкIэ зэрыпсэуным егупсысын хуейт. XIX лIэщIыгъуэм и кIэрати, зэхъуэкIыныгъэхэм хэхуэри, абыхэм щIырэ лэжьыгъэрэ къыщыхуагъэлъэгъуащ Мэздэгу адрыщIкIэ Къалмыкъымрэ Дагъыстэнымрэ я гъунапкъэхэр щызэбгъэдэлъ щIыпIэм хуэзэу. Пшахъуалъэ щIыпIэм ущыпсэуныр гугъут, ауэ нэгъуэщI хэкIыпIи щыIэтэкъым. Апхуэдэу си адэшхуэм и адэ-анэм абдеж щыпсэун щIадзащ. Иосиф мэкъумэш Iуэхум хурагъэджащ, а IэщIагъэмкIэ лэжьащ.

1917 гъэм си адэшхуэр илъэс 27-рэ ирикъуат. Къишэну мурад щищIым, зыхуэлэжьам шы зыбжанэ, выгу, бжэн 30, жэмитху, щIы IыхьэфI абы къритащ, ирипсэуфын хуэдэу. Жылэм дэсым я нэхъ тхьэIухуд жыхуаIэм ещхьу, абы къыхихат си анэшхуэр. Ауэ куэдрэ екIуэкIакъым мамыр гъащIэр. 1918 гъэм граждан зауэр къэхъеящ, зэпымыууэ къатеуэурэ я гъэтIылъыгъэхэр зэрызэхадыгъуэр цIыху гуащIэрыпсэухэм щахуэмыхьыжым, зызэщIакъуащ аргуэру нэгъуэщI щIыпIэ я щхьэр яхьыну. Тэрч округымкIэ яунэтIат. Си адэшхуэм IэщIагъэфI иIэти, дэни и Iэр къыщысэбэпынут: дагъэ къызэрыщIахум фIыуэ хищIыкIырт, псыкIэ, бахъэкIэ лажьэ щхьэлхэм я щэхухэм щыгъуазэт.

1920 гъэхэм цIыхухэр аргуэру зэхэзехуэн ящIащ, зыгуэр зыхузэфIэкIым и мылъкур колхозым иратын хуейуэ къыхуагъэуври. КIэщIу жыпIэмэ, зэрагъэпэщахэр унагъуэм къытрахащ, Библием щыщ тхылъхэр зэрахъумэм щхьэкIэ си адэшхуэр ягъэтIысащ. Жэщым къыщIэпхъуэжщ, бынищыр зэщIакъуэри Прохладнэ щIыналъэмкIэ яунэтIащ. Абыи си адэшхуэр щхьэлым машинисту, IэщIагъэлIу щылэжьащ. Ауэрэ Мэртэзей (иджы Тэрч къалэр) элеватор щаухуащ, абы щагъэува машинэхэр ирагъэжьэн хуейти, адэшхуэр къашащ ягъэлэжьэну. Унагъуэр Прохладнэм къыщынащ, я шхын къезыхьэлIэн, къакIэлъыплъын зыри къащхьэщымыту. Зы махуэ гуэрым щхьэгъусэмрэ бынхэмрэ (быниплI ягъуэтагъэххэт: Иван, Тимур, си анэр, Евгение сымэ) лэжьапIэ бжэIупIэм къэкIуауэ Iуту къилъэгъуащ. МэжэщIалIэу, щыгъыныджэу зэхэтхэт. ЯIыгъыр зэрыдэ машинэ тIорысэ закъуэрт. Си анэшхуэм ар зы щIыпIи зэи къыщигъанэртэкъым, езыр здэкIуэм ари здихьырт. Сыту жыпIэмэ, абы зыгуэр нэхъ мыхъуми къриблэжьыфынут. Си анэр нэхъ балигъ хъуа нэужь, зэрыдэ машинэм и нэIэ тетыныр къылъысат.

Си адэшхуэм ищIэнур ищIэртэкъым. Дэнэ унагъуэр здишэнур? И Iуэхур зэрыхэплъэгъуэм гу къилъытащ абы къыдэлажьэ зы адыгэ щIалэм икIи си адэшхуэмрэ и унагъуэмрэ езым и деж иригъэблэгъащ щыпсэуну. ЩауэцIыкIу Хьэжмырзэт ар. Езым бынитху иIэу унагъуэшхуэт, итIани гущIэгъу къахуищIащ. Дей къуажэм щыпсэути, абы и пщIантIэм дэт унэ нэхъ цIыкIур си адэшхуэм хуит къыхуищIат. Хьэжмырзэ и къуэ Залымджэрий иужькIэ КъБР-м мэкъумэш IэнатIэмкIэ и министр, УФ-м щIыхь зиIэ и агроном, мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБР-м щIыхь зиIэ и механизатор хъуат. Апхуэдэ унагъуэт а зэманым си адэшхуэмрэ анэшхуэмрэ зыкъыщIэзыгъэкъуар, уеблэмэ илъэситIкIэ ахэр зэхэсат.

Абы щыгъуэщ Дей щхьэлхэм си адэшхуэр щыщылэжьар. ИужькIэ ар унагъуитIым тещIыхьауэ яухуа унэм щIагъэтIысхьауэ щытащ. Гъунэгъу къыхуэхъуар цIыхубэ тхакIуэ Тхьэгъэзит Зубер и адэм и унагъуэрт. Мис абы 1937 гъэм сэ дунейм сыкъыщытехьащ. Си адэр слъагъуу сыкъэхъуну си насып къихьакъым. Ар Краснодар крайм щыщт, Мэртэзей гъэшхэкIыр къыщыIах и пунктым щылэжьэрт. 1939 гъэм дзэм къулыкъу щищIэну ираджауэ зауэр къэхъейри, 1943 гъэм хъыбарыншэу зэрыхэкIуэдам теухуа тхыгъэ къытIэрыхьащ.

… 1942 гъэм нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр ди щIыпIэм къызэрысу, псом япэу щхьэлымрэ дагъэ къыщIэзыгъэкI заводымрэ лагъым къыхадзэри къагъэуат. Апхуэдэ дыдэу абы ди унэри дэкIуащ. Унэншэ дыщыхъум, Мэртэзей дэс Алкашевхэ я унагъуэм я унэм дыщIэсыну хуит дащIащ. Синасинэ и щхьэгъусэр зауэ IэнатIэм Iутти, езыр и закъуэу мыпсэун щхьэкIэ и благъэхэм я деж Iэпхъуауэ и унэр нэщIт. 1942 гъэм и фокIадэм нэмыцэхэр къуажэм къыдыхьэри, адрей насыпыншэ куэдым ещхьу, унэм дыкъыщIахуащ. Си адэшхуэм щIытI къитIри, абы дисащ. Зэгуэрым хъыбар къэIуащ Прохладнэм къыщызэрагъэпэща гъэрыпIэм махуищ дэкIым псори дашэну жаIэу. Нэмыцэхэм я мурадт гъэрыпIэм ирашалIэхэм яхэт щIалэгъуалэр Германием ягъэкIуэну, лIыжь-фызыжьхэр нэгъуэщI нэмыцэIуэхэм трагуэшэну. Си адэшхуэр чырэм исхэм ягурыIуэри, гулъэмыжым кърихащ, арати, гур уфэрэнкIащ. Ахэр зышэ нэмыцэр си адэшхуэм чнутIкIэ къеуэри, къэхъуар езым щыщхэм яжриIэну IукIащ. ЦIыхухэр зэбгрыжащ Прохладнэм хэт и благъэ, хэти и цIыхугъэхэм я деж зыщагъэпщкIуну. Жэмыр зым здихуащ, нэгъуэщIхэм гум шэрхъхэр къыщIахри заудыгъуащ. Нэмыцэхэр гупу лъыхъуащ цIыхухэм, зыри ягъуэтыжатэкъым. Жэщым, зэрызэгурыIуам хуэдэу, ахэр зэхуэсыжри, гур зэщIащIэжауэ щытащ. Си адэшхуэм гъуэгу щэхукIэ игъэзэжащ псэун къыщыщIидзамкIэ. Ар къыщыувыIар иджыпсту Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Ставрополрэ я зэпылъыпIэрт. Нэмыцэхэр къыдэбгъэрыкIуэрэ ди дзэр къикIуэтмэ, абыхэм яужь диту дикIуэту, дыдейхэм бийр ирахужьэмэ, жэмыр зэщIэтщIэрэ дэри ипэкIэ дыкIуатэу арат.

Губгъуэм щIакъуэу къина зыш си адэшхуэм игъэхъужри, нэхъ къулей дыкъэхъуа хуэдэт. Иужьым нэгъуэщI зы хьэлъэзешэ шы уIэгъэ хъуауэ (ар сэ фIы дыдэу сощIэж) яукIыну, си адэшхуэм: «Сэ згъэхъужынщ, къызэфт», - жиIэри ари апхуэдэу къригъэлат. Апхуэдэу зы жэмрэ шитIрэ диIэ хъужат, 1943 гъэм и щIышылэм Мэртэзей дыщекIуэлIэжам. АрщхьэкIэ дыщыпсэун диIэжтэкъым. А зэманым зыр адрейм дэIэпыкъурт, арыншамэ лъапсэншэ хъуа куэд арыххэу хэкIуэдэпэныр зыхуэIуа щыIэтэкъым. ЗэрамыщIэхэ я унэм дыщIагъэтIысхьэри, абы дыщыпсэуат, щIы къыдату, хуэмурэ зыкъэтIэтыху.

Дыщысабийм уэрамым дэт щIалэжь цIыкIухэр, адыгэри урысри, дызэхэту дыкъэхъуащ. СщIэркъым, ауэ дызэгурыIуэфырт. ИтIанэ, гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэтэкъым урысыбзэр яджыным а зэманым Тэрч районым гулъытэшхуэ щыхуащIу зэрыщытам. Къапщтэмэ, къуажэ къэс ирагъэблагъэрт урыс егъэджакIуэхэр. Иджыри 1902 гъэм Алъхъо жылэм я молэм зы Iуэху закъуэкIэ цIыхубэр зэхуишэсауэ щытащ. Ар теухуат урыс егъэджакIуэ жылэм къэшэн зэрыхуейм. Ар щIыжысIэрщи, сыт щыгъуи дызэрылъытэу дыкъызэдэгъуэгурыкIуащ. Ди унагъуэм теухуауэ къэсIуэтэжамкIэ гурыIуэгъуэ хъуауэ къыщIэкIынщ дэ сыт щыгъуи адыгэхэм дапыщIауэ, дызэгурыIуэ-дызэдэIуэжу, зым адрейм зыщIигъакъуэу дыкъызэрызэдекIуэкIар. Уи гъунэгъуми, укъыщалъхуа щIыпIэми, къэралми, зыми емылъытауэ, пэжу убгъэдэтыпхъэщ. ПхузэфIэмыкIрэ, зэран умыхъу…»

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: