ГъукIэпщокъуэ Щауэмир Адыгейм щыщ сурэтыщIщ, ауэ щIыпIэ куэдым къыщацIыху. Абы зригъэхъулIащ сурэтыщI гъуазджэм и IэмалыщIэ - Sand art (пшахъуэ графикэ) зи фIэщыгъэр. ПшахъуэкIэ абджыпсым трищIыхь сурэтхэм гъащIэ псо къуагъэлъагъуф. Къыхэгъэщыпхъэщ а гъуазджэр нэсу къэзыгъэсэбэпыф куэд зэрыщымыIэр.
Щауэмир и IэщIагъэм, Iэзагъэм лъабжьэ щигъуэтар гъуазджэмкIэ Тхьэбысым Умар и цIэр зезыхьэ еджапIэрщ. Ар къиухри, Щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмкIэ Краснодар къэрал университетым щIэтIысхьащ. Абы иджыри щеджэу, ГъукIэпщокъуэм езым псапэ хуэщIэу къызэригъэпэщауэ щытащ гъэлъэгъуэныгъэ, «Нэхущ пшэплъхэр» и фIэщыгъэу. Жьы хъуахэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэт ар щIищIар. 2003 - 2005 гъэхэм ГъукIэпщокъуэм дзэм къулыкъу щищIащ. КъэкIуэжа нэужь, ар Москва Iэпхъуащ, Педагогикэ къэрал университетым и художественно-графикэ факультетым щIэтIысхьэну. 2006 гъэм сурэтыщIым Санкт-Петербург къыщызэригъэпэщащ «ДжэгуакIуэхэр» выставкэр.
Мы щIалэр Хэкум, лъэпкъым гурэ псэкIэ зэрепхар пасэуи наIуэ къэхъуат, абы и диплом лэжьыгъэр Идар Темрыкъуэ ипхъу Марие (Гуащэнэ) и сурэтыр щIыным щытриухуэм щыгъуэ. Еджэным къыдэкIуэу, Щауэмир жыджэру хэтащ дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэ-зэпеуэ куэдым икIи мызэ-мытIэу текIуэныгъэ къихьащ. Псалъэм папщIэ, 2008 гъэм Москва щекIуэкIа «Смерть в современном искусстве» дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэ-зэхьэзэхуэм «Живопись» IыхьэмкIэ япэ увыпIэр къызэрыщихьар, «Дух и реальность» зэпеуэшхуэми апхуэдэ пщIэ Щауэмир зэрыщигъуэтар, Берлин дэт Щэнхабзэмрэ щIэныгъэмкIэ урысей центрым щызэхэта «German artweek» зэхыхьэми пашэ зэрыщыхъуар, нэгъуэщIхэри я щыхьэтщ абы и зэфIэкIым.
ПшахъуэкIэ сурэт щащI студием ГъукIэпщокъуэм 2009 гъэм (дуней псом япэу апхуэдэ еджапIэ Москващ къыщыщызэIуахар) щригъэджэн щIидзащ. Апхуэдэу Щауэмир нэхъыбэжым къацIыхуу, и дерсхэр игъэлъэгъуэну щIыпIэ куэдым ирагъэблагъэ. 20I0 гъэм щыщIэдзауэ Урысейм, Австралием, Испанием, Германием, Литвам, Молдавием я къалэхэм и гъуазджэр щегъэлъагъуэ, Шемякиным и цIэр зезыхьэ щэнхабзэ фондым (Санкт-Петербург) къызэригъэпэщ выставкэхэми и IэдакъэщIэкIхэр щIэх-щIэхыурэ хагъэхьэ.
2012 гъэм и жэпуэгъуэм спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ дунейпсо чемпионатым (Москва) Щауэмир пшахъуэкIэ сурэт теплъэгъуэ дахэхэр щигъэлъэгъуащ, Кунгуров Евгений игъэзащIэ «Кърухэр» уэрэдыр щIэту.
ЦIыхуфI и IуэхущIафэ куэдщ, жыхуаIэрщи, ГъукIэпщокъуэм зы махуи пщIэншэу зэримыгъэкIуэнум пылъщ. Вильнюс къэрал симфоние оркестрым и гъусэу Щауэмир иригъэкIуэкIащ псапэ пэлъытэу сабийхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Славянский родник» концертыр. Абы нэмыщIкIэ, Саральп Роберт и проектхэми Щауэмир хэтщ, модельер ХьэцIыкIу Мадинэ 2013 гъэм къызэригъэпэща «Фащэ» фестивалми «Адыгэм и къэхъукIэ» фильмыр щигъэлъэгъуащ.
Лэжьыгъэшхуэт ГъукIэпщокъуэ Щауэмир 2014 гъэм Налшык къалэм утыку къыщрихьауэ щыта «1763 - 1864» и гъэлъэгъуэныгъэр. Илъэси 101-кIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэрт ар зытеухуар. Хэкур зэрагъэлъэлъар, лъэпкъыр зэрызэбградзар Щауэмир и гъуазджэмкIэ Iэзэ дыдэу къигъэлъэгъуэжат. А лэжьыгъэр Черкесск къалэми щагъэлъэгъуати, адыгэм и нэгу щIэкIам имыгъэгумэщIа яхэтагъэнкъым абы къекIуэлIахэм.
ГъукIэпщокъуэм и гъуазджэм, ди жагъуэ зэрыхъунщи, зы щыщIэныгъэ хэлъщ: абджыпс къагъэнэхум пшахъуэкIэ трищIыхь сурэтхэр асыхьэтым хогъуэщэж. Ауэ, дызэрыгушхуэнщи, абы Iэмал къыхуагъуэтащ гъуазджэм и лэжьакIуэхэм. Дэтхэнэ теплъэгъуэри пхуэхъумэнущ сурэт е видео тепхыу. Абыхэм езы сурэтыщIым и псэм щыщ Iыхьи и дуней еплъыкIи зэрахэлъыр гурыIуэгъуэщ. «Уи Хэкум, лъэпкъым ущыпэIэщIэм абы нэхъ ухуэныкъуэ мэхъу. Сэ Москва сыщопсэури, а гурыщIэр псом хуэмыдэу зыхызощIэ. Ди блэкIар тщIэну адыгэм ди къалэну къызолъытэри, сыкъызыхэкIа лъэпкъым теухуахэр нэхъыбэу сщIыну сыхущIокъу», - жеIэ езы Щауэмир.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий жеIэ: «ЩIалэм и унэцIэ дыдэм «гъукIэ» псалъэр и лъабжьэщ, абыкIэ къыбгурыIуэнтэкъэ ар сурэтыщI нэс зэрыхъунур?! Пэжыр жыпIэмэ, абы и IэдакъэщIэкIхэм къыбжаIэ философ Iэзэуи тхыдэдж гурыхуэуи зэрыщытыр. Апхуэдэ пхузэфIэкIыу адыгэм и тхыдэм и напэкIуэцI нэхъ гугъухэр къэбгъэлъэгъуэныр ехъулIэныгъэшхуэщ. Абы ищI теплъэгъуэ щхьэхуэхэм уи гур кърагъэкIэзызыкI, языныкъуэхэр телъыджэ пщохъу, нэгъуэщIхэм пагагъэ къыпхалъхьэ ди лъэпкъ уардэм папщIэ. Зэман жыжьэм Шэрджэс щIыналъэм къытепсыхауэ щыта гузэвэгъуэр афIэкIа ди цIыхухэм ямылъэгъужыну Тхьэм жиIэ. СурэтыщIым и лъэпкъыр, и лъахэр игъэлъапIэу и Iуэхум зэрыпэрытым уегъэгушхуэ».
Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд: «Адыгэм нэхърэ нэхъыбэу пшахъуэр зыуба, пшахъуэм ирикIуа нэгъуэщI лъэпкъ щыIэу къыщIэкIынкъым. Тенджыз ФIыцIэм и Iуфэр, ди псышхуэхэм я Iуфэ дахэхэр… Ауэ дэ тщыщ зыми иджыри къэс зэи игу къэкIатэкъым ГъукIэпщокъуэм пшахъуэм къыхищIыкIым хуэдэ теплъэгъуэ гъуэзэджэхэр пщIы хъуну. Псом хуэмыдэу ди гум къыщIитхъ, дызыгъэпIейтей Урыс-Кавказ зауэм и напэкIуэцI нэхъ гузэвэгъуэ дыдэм Щауэмир триухуащ и IэдакъэщIэкIхэм щыщ. Адыгэ цIыхухэр зэтезыукIа генерал Засс и сурэтыр, адыгэ къуажэхэр, зауэшхуэм и лIыхъужьхэр… фIэщ щIыгъуейщ мы щIалэр илъэси 101-кIэ екIуэкIа а зауэм хэмытауэ абы апхуэдизкIэ Iэзэу псори ди нэгу къыщIегъэувэри. Зэчий къызэрымыкIуэ зыбгъэдэлъщ мы щIалэр».
Филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор БакIуу Хъанджэрий: «ГъукIэпщокъуэ Щауэмир гупсысэщIэ зиIэ цIыхущ, си гуапэщ абы и цIэр ди аузхэм, адыгэр щыпсэу щIыпIэхэм я мызакъуэу, дуней псом щыIуну. Урыс-Кавказ зауэр зылъэIэсар зы унагъуэтэкъым, зы къуажэтэкъым, атIэ лъэпкъ псом гузэвэгъуэу къатепсыхат… А гуауэм и фэеплъу Щауэмир игъэлъагъуэ теплъэгъуэхэр я щыхьэтщ ди блэкIар зэрытщымыгъупщэми адэкIэ лъэпкъым зэрызиужьыжынуми».