ЗэфIэкI лъагэ зиIэ

 Абыдэ Мусэ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ докторщ, профессорщ, урысей, дунейпсо академиехэм хэтщ, ЩIДАА-м и академик цIэрыIуэщ. Къуажэм дэт курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, Мусэ фельдшер IэщIагъэм щыхуеджащ Налшык дэт медучилищэм. И IэщIагъэм хуэдэ дыдэу спортымрэ жылагъуэ Iуэхухэмрэ дахьэх щIалэщIэр медицинэ щIэныгъэм епха къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэм щыдахьэхар дзэм къулыкъу щыщищIэ илъэсхэрщ. Абы мурад ищIащ къулыкъур зэфIэкIа нэужь и щIэныгъэм хигъэхъуэну. Апхуэдэуи ищIащ: ар щIэтIысхьащ Сеченовым и цIэр зэрихьэу Москва дэт Езанэ медицинэ институтым. ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэта щхьэкIэ, абдежым къыщыувыIакъым Абыдэр. Узыфэ зэрыцIалэхэм пыщIа къэхутэныгъэхэм дахьэха IэщIагъэлI ныбжьы-щIэр ординатурэ нэужьым щIэтIысхьащ зыщеджа институтым и аспирантурэм. 1984 гъэм абы игъэхьэзыращ и диссертацэ лэжьыгъэр, ар ехъулIэныгъэкIэ пхигъэкIащ икIи къыфIащащ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат цIэр.
АдэкIи и къэхутэныгъэм пищащ щIэныгъэлIым. Ар елэжьащ вирус узыфэ зэрыцIалэхэм я къежьэкIэмрэ Iэпкълъэпкъым зэрызыщиужь щIыкIэмрэ хэлъ щхьэхуэныгъэ куэдым, ипэкIэ щIэныгъэм и «нэху» ятримыдзауэ. Абы къихутащ вирус лъабжьэ зиIэ узыфэхэм, лышх узым, цIыхум и Iэпкълъэпкъым щыщ Iыхьэ зэхуэмыдэхэм къайуалIэ уз зэрыцIалэхэм япэщIэтын папщIэ къэгъэсэбэпыпхъэ хущхъуэхэр, Iэмалхэр. Апхуэдэхэщ «Галавит», «Тамерит» препаратхэр. А псори Абыдэм къыщигъэлъэгъуащ 1994 гъэм игъэхьэзыра икIи ехъулIэныгъэкIэ пхигъэкIа доктор диссертацэм. Абы гулъытэшхуэ хуащIауэ щытащ щIэныгъэлIхэм. Абыдэм и IэзэкIэ мардэр нобэ шэщIауэ къыщагъэсэбэп медицинэм. 
Зыхуэдэ щымыIэ IэзэкIэмрэ хущхъуэхэмрэ лъэпкъ медицинэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ зэрыхуищIам папщIэ Абыдэ Мусэ къыхуагъэфэщащ къэралпсо, дунейпсо медицинэ зэгухьэныгъэхэм, академие зэмылIэужьыгъуэхэм къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр. ХущхъуэщIэхэр зэхэлъхьэным зэрелэжьам, ахэр медицинэ практикэм зэрыхигъэхьам папщIэ щIэныгъэлIым зыбжанэрэ къратащ Урысейпсо гъэлъэгъуэныгъэ центрым, Дунейпсо медицинэ академиехэм я дыщэ, дыжьын медалхэр, нэгъуэщI дамыгъэ лъапIэхэр.
Абы и къалэмыпэм къыпыкIащ и къэхутэныгъэхэр къыщыгъэлъэгъуа монографие зыбжанэ, иIэщ щIэныгъэ лэжьыгъэу 200-м щIигъу, хущхъуэгъуэщIэ къызэригупсысам щыхьэт техъуэ патенту 30-м нэс. Профессор цIэрыIуэм и мащIэкъым гъэсэнхэри. Абы и нэIэм щIэту гъэхьэзыра хъуащ доктор диссертацэу 4, кандидат лэжьыгъэу 10.
Дунейпсо цIэрыIуагъ иIэщ ди лъахэгъу щIэныгъэлIым. Апхуэдэу Урысей-швейцарие бизнес-клубым абы къыхуигъэфэщащ «И Iуэху зехьэкIэ пэрытым папщIэ» дыщэ медалыр. Социальнэ медицинэм щиIэ ехъулIэныгъэхэр къалъытэри, абы Германием къыщратащ Эрлих и цIэр зезыхьэ щIыхь медалыр. «Досс-Астра» зыфIащауэ щыIэ вагъуэхэм я каталогым зэритымкIэ, хьэршым щыIэ вагъуэхэм ящыщ зым фIащащ «Абидофарма» цIэр.
2003 гъэм Швейцарием щекIуэкIауэ щытащ «ЩIы хъурейм и щытыкIэр зыубзыху цIыху» дунейпсо зэпеуэр. Абы щытекIуауэ къалъытар икIи «Хрустальнэ лIыхъусэжь» кубокыр зыхуагъэфэщар адыгэлI щэджащэ Абыдэ Мусэщ. А цIэ лъагэр икIи лъапIэр Абыдэм къихьащ и псэ хьэлэл лэжьыгъэшхуэхэмкIэ, Iуэху зехьэкIэ пэрытымкIэ, цIыхум и узыншагъэм, гъащIэм папщIэ зэфIих Iуэхугъуэ дахэхэмкIэ.
 

Тхьэхущынэ Ланэ.
Поделиться:

Читать также: