Хъыбар нэпцIхэм дазэрыпэщIэтыр

Тхыдэ къулей къызыдекIуэкI къэралщ Урысейр. Абы и щэнхабзэри гъуазджэри куущ. Зи гугъу тщIыхэм я мыхьэнэм школым ущытепсэлъыхьыныр мащIэщ, щIэблэм ахэр ящIэу икIи ягъэлъапIэу къэхъун щхьэкIэ. ЗэрыжаIэу, а Iуэхум къэралри жылагъуэ IуэхущIапIэхэри зэгъусэу елэжьын хуейщ. 
Къыхэгъэщыпхъэщ дызытепсэлъыхьым хэлъхьэныгъэ хуэзыщI IэнатIэхэм хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэри зэращыщыр. Махуэ къэс дунейм къыщыхъу Iуэхухэм цIыхухэр зэрыщагъэгъуазэм къыдэкIуэу, абыхэм ди тхыдэри лъэпкъхэм къадекIуэкI хабзэхэри яхъумэ. Аращ ахэр Iуэхум и пэжыпIэм и телъхьэу, хъыбар нэпцIхэм пэщIэтыфу щытын щIыхуейр. 
Мы зэманым, псом хуэмыдэу дзэ Iуэху хэхар щыщекIуэкIым, набдзэгубдзаплъэу зэрыщытыпхъэр дэтхэнэ журналистми ещIэ. КъызэрагъэлъагъуэмкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым 2024 гъэр къызэрихьэрэ СВО-м теухуауэ тхыгъэ 2183-рэ республикэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм къытрагъэдзащ. Апхуэдэуи республикэм и хъыбарегъащIэ агентствэр Урысейм и щIыналъэщIэхэм ядолажьэри, абыхэм щекIуэкIхэм щыгъуазэщ, щхьэхуит къащIыжа щIыпIэхэр зэрызэрагъэпэщыжыр къагъэнаIуэ.
Мы Iуэхухэм топсэлъыхь Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм дунейпсо IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI, союзым и секретарь Шафир Тимур. 
«Къалэн мытыншхэр дгъэзэщIэн хуейуэ къытпэщылъщ, сыту жыпIэмэ гъэунэхуныгъэ дызыхэтым ди гъащIэм и лъэныкъуэ псори къеубыд. Ар хъыбарегъащIэ IэнатIэхэми ехьэлIащ, - жеIэ Тимур. - Журналистхэм зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым къытеддзэ дэтхэнэ ди псалъэми къаруушхуэ зэриIэр, ар цIыхубэ зэкъуэтыныгъэм хуэгъэзауэ щытын зэрыхуейр. Жылагъуэм хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм дзыхь къыхуащIыным куэд елъытащи, Iуэхум и пэжыпIэм ахэр щыдгъэгъуэзэн хуейщ. ЕтIуанэрауэ, мы зэманми къэхъукъащIэ цIыхур зыгъэпIейтейм къищынэмыщIа, абы и гур фIы зыщIи ялъэдгъэIэсыни хуейщ. Ещанэу къыхэгъэщыпхъэщ, хьэрпхъэр гуэр къэмыхъуным дызэрыпэщIэтыпхъэр. Нэхъыжьми, нэхъыщIэми, къэрал IэнатIэ Iутми, хьэрычэтыщIэми, цIыху къызэрыгуэкIми, дэтхэнэми къызэрыгурыIуэну бзэкIэ «депсэлъапхъэщ». Ди псалъэм кърикIуэнур зыхэтщIыкIыпхъэщ. Иджыпсту, зэрытщIэщи, хъыбарегъащIэ IэмалкIи «зауэ» ирагъэкIуэкIыну хэтщ Урысейм къыпэщIэувахэм. Абы щхьэкIэ соцсетхэри къагъэсэбэп, цIыхухэм я гупсысэр зыхуеймкIэ яунэтIын мурад яIэу. Аращи, хъыбар нэпцIхэр къыщIэдгъэщыным мыхьэнэшхуэ иIэщ. 
Шафир Тимур зэхэщIыкI IэрыщIыр къызэрыунэхуам гугъуехьхэр къишэнкIэ хъуну къызэралъытэм арэзы техъуэркъым, уеблэмэ а Iэмалым журналистхэм я лэжьыгъэр ящигъэпсынщIэну къелъытэ. 
Абы къыхегъэщ щIыналъэхэм я къыдэкIыгъуэ нэхъ цIыкIу дыдэхэри сакъын зэрыхуейр, «зыми къалъэгъунукъым» жамыIэу, я лэжьыгъэм зэрегугъупхъэр. «Иджыпсту дуней псоми я хъыбарегъащIэ IэнатIэхэр апхуэдизкIэ щIэгъэхуэбжьауэ мэлажьэри, щIыналъэ нэхъ пхыдза дыдэми къыщыдэкIа тхыгъэр утыкушхуэ къихуэнкIэ хъунущ. Псом хуэмыдэу щIэдгъэхуэбжьэн хуейуэ къызолъытэ хъыбар нэпцIхэр зэрызэбграгъэкIым дызэрыпэщIэт лэжьыгъэр», - жеIэ абы.
Къэгъэлъэгъуэн хуейщ, Шафир Тимур лэжьыгъэ IуэхукIэ Ирак, Палестинэ, Сирие, Судан, нэгъуэщI щIыналъэхэми зэрыщыIар, Урысейми хамэ къэралхэми я хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм зэрапыщIар, абыхэм «Россия-24» каналри яхэту. 
Апхуэдэуи Шафир Тимур Москва бзэхэмкIэ и къэрал университетым коммуникацэ технологиехэмкIэ и кафедрэм и егъэджакIуэщ, иджырей журналистикэм теухуа щIэныгъэ тхыгъэ пщIы бжыгъэхэр и Iэдакъэ къыщIэкIащ. Хэку хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм зегъэужьыным и гуащIэ зэрыхилъхьэм къыпэкIуэу, абы къыхуагъэфэщащ УФ-м и Президентым и ЩIыхь тхылъыр, УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм «Зэдэлэжьэныгъэр зэрыригъэфIакIуэм папщIэ» и медалыр».
 

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: