Лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ

Хьэрш

ЩIыхьыр цIыхум зэхуэдэу къыхуэкIуэркъым. Псалъэм и хьэтыркIэ, Гагарин Юрий занщIэу цIэрыIуэ хъуащ, дунейм щыяпэу хьэршым зэрылъатэу. Космос Iэмэпсымэхэм я конструктор нэхъыщьэ Королёв Сергей щыпсэум и цIэр жаIэххэу щытакъым, хэIущIыIу ящIыртэкъыми. Ауэ абыхэм яхэтащ уэгу жыжьэр къэгъэIурыщIэным хэлъхьэныгъэ ин дыдэхэр хуащIами, щыпсэуами иужькIи пщIэи щIыхьи зылъымысахэри. Апхуэдэхэм шэч хэмылъу ящыщщ Кондратюк Юрий.

… 1969 гъэм и гъатхэпэм «Лайф» американ журналым къытридзащ щIэныгъэ къэхутэныгъэ хьэлэмэт. Абы и купщIэр зыхуэгъэзар хъурейуэ къэзылъэтыхь кхъухьым икIыу Мазэм щетIысэхынырт. ИтIанэ къыдэкIуеижынурэ, ЩIым къэзыхьыжыну а кхъухьым къитIысхьэжынут. Ар егъэлеяуэ гугъут икIи дзыхьщIыгъуэджэт, ауэ ардыдэращ а илъэсым «Аполлон»-м ису Мазэм лъэта американ астронавтхэм ящIар: икIри Мазэм техьащ, Iэмэпсымэ хэхамкIэ къыдэкIуеижри, къитIысхьэжащ. АдэкIэ къахуэнэжар ЩIым къагъэзэжынырт.
Апхуэдэ пхузэфIэмыкIыну къалъытэу щыта а пэхуэщIэр къыхэзылъхьа Хуболт Джон ехъуэхъуахэщ, щIыхьыцIэхэр фIащащ, дамыгъэхэр иратащ. Ауэ Хуболт занщIэу зиумысыжащ, мыр къэзыгупсысар езыр зэрыармырамкIэ. Абы жиIахэм ящыщу псом нэхърэ нэхъ телъыджэр а пэхуэщIэр зыми имыцIыху икIи еджагъэшхуэу щымыт Кондратюк Юрий и лэжьыгъэм къызэрыхихарт: ар зэпкърыхауэ къыщыгъэлъэгъуат а цIыхум 1929 гъэм Новосибирск къыщыдигъэкIа «Хьэршыр къызэрыбгъэIурыщIэнур» тхылъым.
Хуболт и псалъэхэм Совет Союзым Iэуэлъауэшхуэ къыщаIэтащ. Iуэхум тетхыхьащ «Правда», «Комсомольская правда» газетхэр, нэгъуэщIхэр. Кондратюк украин унэцIэщ. УССР-м цIыхухэр щыгубжьащ: ди лъахэгъум пхиша гъуэгумкIэ американхэр Мазэм мэлъатэ, дэ абы теухуауэ зыри тщIэркъым…
Украинэм и компартым и ЦК-м и япэ секретару а зэманым щыта Шелест Петр унафэ ищIащ а тхылъыр зи Iэдакъэ къыщIэкIам теухуа хъыбар псори зэхуахьэсыну: а лэжьыгъэм хуэфащэ пщIэ игъуэтын хуейт. Iуэхум хыхьащ парт лэжьакIуэхэр, еджагъэшхуэхэр, журналистхэр. Я мурадт къэхутакIуэ телъыджэм жэзым къыхэщIыкIа фэеплъ къыщалъхуа Луцк къалэм щыхуагъэувыну, теухуа документальнэ, художественнэ фильмхэр трахыну, и цIэр уэрамхэм фIащыну. Ауэ а псори зэуэ ужьыхыжащ, еджагъэшхуэр мыгувэуи аргуэру ящыгъупщэжащ. Сыт щхьэкIэ?
Кондратюк Юрий и цIэ-унэцIэ дыдэр Шаргей Александру къыщIэкIащ! 1900 гъэм Луцк къыщалъхуакъым, атIэ 1897 гъэм Полтавэ дунейм къыщытехьащ. Гимназиер дыжьын медалкIэ къиухри, и ныбжьыр илъэс 17 фIэкIа иримыкъуауэ уэгу жыжьэр къэхутэным яужь ихьащ. Петроград къыщыхутащ, ауэ абы куэдрэ щеджакъым: зауэр екIуэкIырт. Александр дзэ къулыкъум ираджэри, прапорщикхэм я школым щIагъэтIысхьащ икIи абы щеджащ иужькIэ Совет Союзым и Маршал хъуа Говоров Леонид и гъусэу. Къиуха иужь КавказщIыб фронтым ягъакIуэри, взводым и Iэтащхьэу ягъэуващ.
Революцэ нэужьым, офицер куэдым хуэдэу, хужьыдзэм къыхэхутащ. АрщхьэкIэ цIыхубэм езэуэну хуейтэкъыми, 1918 гъэм и накъыгъэм къыхэкIуэсыкIыжащ, мамыр гъащIэми хыхьэжащ. ЩIэныгъэ лэжьыгъэхэм пэрытт. Хужьхэм аргуэру зыхашэжат, ауэ абы щыгъуэми, къыщIэпхъуэжащ.
Шаргей псоми я дежкIэ хамэт. Плъыжьхэм ар офицер хужьу, хужьхэм офицер щIэпхъуэжауэ къалъытэрт. Ар, дауи, шынагъуэт. Абы къыхэкIыу и анэнэпIэсым 1921 гъэм къритащ Александр и анэ шыпхъум и къуэ Кондратюк, щIалэ дыдэу дунейм ехыжам, и тхылъхэр. Апхуэдэ щIыкIэкIэ 1900 гъэм Луцк къыщалъхуа Кондратюк Юрий хъуащ, лъэпкъкIи украину къыщIидзащ.
Ауэ къанэ щымыIэу и блэкIам, абыхэм институтым щызригъэгъуэта щIэныгъэри хэту, къыпыкIын хуей хъуащ. Абы къыхэкIыу илъэс тIощIкIэ Шаргей-Кондратюк Iэпщэ къарукIэ фошыгъу заводым щылэжьащ, Алтайм, Сыбырым, Осетие Ищхъэрэм щхьэлхэр щиухуащ. Ауэ нэхъапэми хуэдэу, езым и дежкIэ нэхъыщхьэр хьэршым ехьэлIа къэхутэныгъэхэрт.
ТIэу кIуэсэжа ар шынэкъэрабгъэу щытауэ къэзылъытэн щыIэщ. Ар пэжкъым. Хэку зауэшхуэм щыщIидза 1941 гъэм Москва и ополченэм езым фIэфIу хыхьащ, иужькIэ КъухьэпIэ фронтым щызэуащ, 1942 гъэм и мазаем абы щыхэкIуэдащ. Апхуэдэу гуауэу иухащ зэфIигъэкIа лэжьыгъэшхуэхэмкIэ зи цIэр Циолковский Константин, Королёв Сергей, нэгъуэщIхэм я цIэхэм ябгъурытын хуея цIыхум и гъащIэр.
Шаргей-Кондратюк и къэхутэныгъэхэм пщIэ гуэрхэр хуащIу щыщIидзар етIощIанэ лIэщIыгъуэм и кIэухырщ. 1995 гъэм ЮНЕСКО-м унафэ къищтащ ар къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъур ягъэлъэпIэным теухуауэ. Дипломи имыIэу, щIэныгъэцIи зэримыхьэу, дамыгъэ лъапIэхэмкIэ ямыгъэпажэу хьэршыр къэгъэIурыщIэным хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа цIыхум и цIэр фIащащ Полтавэ и къэрал техникэ университетым, Днепр Iус Комсомольск щагъэуващ и фэеплъ.
Къэгъэлъэгъуэн хуейщ зи гугъу тщIы еджагъэшхуэм и пэхуэщIэр мы зэманми къызэрагъэсэбэпри: абы тету мэлажьэ «Прогресс» космос кхъухьхэр. 

Махъшокъуэ Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также: