Ажэгъуэмэ

Ажэгъуэмэ лIэужьыгъуэхэр зэхуэхьэсыным «галантафелиекIэ» йоджэ. Британием и Глочест къалэрщ ажэгъуэмэ лIэужьыгъуэ нэхъыбэ дыдэ здэщыIэр - абы удз гъэгъахэр щызэхуахьэсащ илъэси 130-кIэ. 
Пасэрей алыдж усакIуэ, гупсысакIуэ Гомер ажэгъуэмэм телъыджагъэ хилъагъуэу щытащ. Абы и поэмэхэм щыжеIэ а гъэгъам Одиссей Цирцей удым и Iейм щихъумауэ. Одиссейм ажэгъуэмэхэр къритат Гермес. Андерсен Ганс Христиан и «Ажэгъуэмэхэр» («Подснежники») таурыхъыр нэхъыщхьэу теухуащ егъэлеяуэ бэшэч гъэгъа цIыкIум. Маршак Самуил и «Мазэ пщыкIутI» («12 месяцев») таурыхъым къыхощыж анэнэпIэсым и мылъхупхъум ажэгъуэмэхэр зэхуихьэсыну щIымахуэ уаем унэм зэрыщIихуар. А тхыгъэхэр сабийхэм нэхъыфI дыдэу ялъагъухэм ящыщщ.
Ажэгъуэмэр гугъэмрэ шыIэныгъэмрэ я нэщэнэу къалъытэ. Ботаникэ щIэныгъэр ажэгъуэмэм зэреджэр «галантусщ». ЛатиныбзэкIэ абы къикIыр «шэ ткIуэпс» жиIэу аращ. Жэщым ажэгъуэмэм и гъэгъахэр зэхуищIа нэужь, пэжу абы и теплъэр шэ ткIуэпсым ещхьщ.
Ажэгъуэмэхэм яхэтщ псантхуэ узым, гум, лъым, къупщхьэм зэреIэзэ хущхъуэхэр къызыхащIыкI лIэужьыгъуэ. Ахэр къыщокI Кърымым и къырхэм. Ди къэралым и хабзэм хуит уищIыркъым Тхылъ Плъыжьым иратха ажэгъуэмэ лIэужьыгъуэхэм хущхъуэ къахэпщIыкIыну. Псори зэхэту лIэужьыгъуих итщ абы.
И теплъэм тепщIыхьмэ, хуэбгъэфэщэнущ ажэгъуэмэр къэкIыгъэ махэ цIыкIуу. Ауэ щыхъукIи, ар егъэлеяуэ бэшэчщ - градуси 10 хуэдиз хъу щIыIэм тыншу полъэщ. Уае къэхъумэ, гъэгъар мэщт, ауэ хуалэркъым. Мылыр ткIужа нэужь, ар къощIэрэщIэжри, нэр игъэгуфIэу мэщIэращIэ.
Ажэгъуэмэм и лъабжьэм щхъухь хэлъщ. ЦIыхум ар ишх хъужыкъуэмэ, и щхьэр игъэунэзэнущ, и гур къригъэкIуэнущ, уеблэмэ и щхьэцыр иригъэкIынри зыхуэIуа щыIэкъым. А щхъухьымкIэ ажэгъуэмэм защехъумэ дзыгъуэ лIэужьыгъуэхэм, сыту жыпIэмэ, ар яIухуэмэ, къелыркъым. Ажэгъуэмэм щымышынэр хъумпIэцIэджхэрщ. Абыхэм къэкIыгъэм хэлъ щхъухьым зыри къарищIэркъым. Езыхэри сэбэп яхуохъу - я жылэр зэбгырахри ягъэбагъуэ.
Ажэгъуэмэм и лъабжьэм хэлъ щхъухьым мэ гуакIуэ къыхех. А къэкIыгъэ цIыкIухэм яхэтщ егъэлеяуэ лъапIэу ящэ лIэужьыгъуэхэр. 2011 гъэм ажэгъуэмэхэм я зы лIэужьыгъуэм и лъабжьэ аукционым фунт стерлинг 350-кIэ щащауэ щытащ. 2012 гъэм онлайн-аукционым фунт стерлинг 725-кIэ щащат зи тхьэмпэхэм гъуэжьыфэ хэпхъа ажэгъуэмэ лIэужьыгъуэ дахэ.
Ди къэралым ажэгъуэмэ лIэужьыгъуэ нэхъыбэ дыдэ къыщыкIыр Кавказырщ. Абы къыщабжащ лIэужьыгъуэ 16.
Мэлыжьыхьым и 19-м дунейм щагъэлъапIэ ажэгъуэмэм и махуэр. Ар махуэшхуэу инджылызхэм къагупсысауэ щытащ 1984 гъэм.

 

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться:

Читать также: