ЕджакIуэхэм я Урысейпсо олимпиадэхэр йокIуэкI

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм еджакIуэхэм я Урысейпсо олимпиадэхэм я щIыналъэ Iыхьэр щокIуэкI.
КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм хъыбар къызэритамкIэ, къэралпсо олимпиадэхэр IыхьиплIу зэхэтщ: еджапIэхэм щекIуэкIыр, щIыналъэм щызэхашэр, хэгъэгум щызэхэтыр, къызэщIэзыкъуэж Iыхьэр. 2024–2025 гъэ еджэгъуэм къриубыдэу зэпеуэхэм хэтащ сабий мин 32-м нэблагъэ. КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, щIыналъэ Iыхьэр дыгъэгъазэм и 12-м зэфIэкIынущ, дяпэкIэ абы щытекIуа икIи къыщыхэжаныкIа ныбжьыщIэхэм хэгъэгупсо зэхьэзэхуэхэм зыхуагъэхьэзыру хуежьэнущ.
Илъэс къэси хуэдэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм щадж дерс 22-мкIэ зэхьэзэхуэхэр йокIуэкI. Апхуэдэу, еджакIуэхэм хунэсащ урысыбзэмрэ литературэмкIэ, инджылызыбзэмкIэ, тхыдэмкIэ, географиемкIэ, химиемрэ биологиемкIэ, физикэмрэ астрономиемкIэ, есэпымкIэ, нэгъуэщIхэмкIи къапщытэжын.
Хэгъэгупсо зэхьэзэхуэхэм кIуэцIрыкI ныбжьыщIэхэм балл бжыгъэ пыухыкIахэр къахьын хуейуэ къалэн яIэщ, къызэщIэзыкъуэж зэпеуэхэм нэсын папщIэ. Ар нэхъыбэу зытеухуар 9-11-нэ классхэм щеджэ еджакIуэхэращ. Къыхэдгъэщынщи, къэралпсо зэпеуэр 2025 гъэм гъатхэпэ мазэм къыщегъэжьауэ мэлыжьыхь мазэ пщIондэ екIуэкIынущ. Псори зэхэту дерс унэтIыныгъэ 24-мкIэ зэпеуэхэр къызэрагъэпэщынущ.
«Дызэрыт лъэхъэнэр сыт хуэдизу мыгугъуми, дызэрефIэкIуэным, ди псэукIэр нэхъ зэпэщ зэрытщIыным дыхущIэкъун хуейщ, дэтхэнэ зы цIыхуми щыпсэу щIыналъэм и пащхьэ щиIэ пщэдэкIыжыр зыхищIэу, и къэкIуэнум хуэлажьэуи щытыпхъэщ. Псом хуэмыдэу, къытщIэхъуэ щIэблэм я зэфIэкIымрэ лъэкIыныгъэмрэ къэтIэщIын, зэчий зыбгъэдэлъхэр къэгъэнэIуэн хуейщ. Дауи, сабийм и зэфIэкIыр къэхутэныр нэхъыбэу егъэджэныгъэ Iэмалхэм, методикэр зи лъабжьэ бгъэдыхьэкIэхэм елъытащ, лэжьыгъэшхуэ пыщIащ, зэман куэд зытекIуадэ Iуэхущ. Гъэсэнри гъэсакIуэри пыухыкIауэ зытелажьэ Iуэхум и щыгум удэкIыныр тыншу пхужыIэнукъым. ЩIыпIэхэм къыщызэрагъэпэщ зэхьэзэхуэхэр нэхъри щIагъэбыдэжу аращ хэгъэгупсо зэхьэзэхуэхэм. Ауэ зэчий зиIэ ныбжьыщIэм а къызэщIикъуэж щIэныгъэм еплъыкIэщIэ гуэрхэр хелъхьэ, жыпIэнуращи, абдеж зыщегъэлъагъуэ, и лъэкIыныгъэхэр здынэсыр щегъэунэхуж. Тынш зыри щыIэкъым – сытри цIыхум и гуащIэдэкIкIэщ къызэрилэжьыр. Дапщэщи хуэдэу, ди ныбжьыщIэхэм зэфIэкI хьэлэмэтхэр зэрагъэлъагъуэфынум зы шэч къытесхьэркъым, я зэфIэкIхэр лъагапIэ дашыну, щIэныгъэфIхэр утыкушхуэхэм щагъэлъагъуэну сыщогугъ», – жиIащ КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор.
Къэралпсо зэхьэзэхуэхэм щытекIуэхэмрэ къыщыхэжаныкIхэмрэ Iэмал яIэщ Урысейм щыщу дунейпсо зэпеуэхэм кIуэнухэр щагъэхьэзыр еджакIуэ гупхэм яхыхьэну, я есэныгъэхэмрэ щIэныгъэмрэ къэзыIэт, лъабжьэ быдэ яхуэзыщI еджапIэ-гъэхьэзырыпIэхэм щIэхуэну. Апхуэдэу, зэпеуэхэм зэфIэкI лъагэхэр щызыгъэлъэгъуа ныбжьыщIэхэм я фIыщIэ тхылъхэм къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэ нэхъыфIхэм екIуалIэ гъуэгухэр къахузэIуех, гъэунэхуныгъэ хэмыту щIэтIысхьэну Iэмал къарет.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться:

Читать также: