Къамылэжьам хэтхъыкIхэр ЩэкIуэгъуэм и 10-м ди къэралым щагъэлъэпIащ Хабзэхъумэ органхэм я махуэр. Абы «щIакIуэ кIэлъытщтэж» щIыкIэу, «коррупцэ» жыхуаIэ Iуэхугъуэм дытепсэлъыхьыну тфIэигъуэщ. И мыхьэнэр адыгэбзэм къидгъэзэгъэну дыщыхуежьэкIэ, ар нэхъыбэм Iулъхьэ етын-къеIыхыным хуэдгъакIуэ хабзэми, фIэщыгъэ къызыхуэгъуэтыгъуей мы терминым къызэщIеубыдэ къамылэжьа зэрызэрахьэлIэ Iэмал псори.
ЩIэджыкIакIуэ нэхъ набдзэгубдзаплъэхэм гу зэрылъатащи, ди газетым къыщетхьэжьэ Iуэхугъуэхэр нэхъыбэу зытеухуар нэгъуэщI щIыналъэхэрщ. Зэ IуплъэгъуэкIэ дэ абыхэм щIы къатиблкIэ дапэIэщIэу, ди Iуэху зыхэмылъ псалъэмакъ къетлъэфэлIауэ къыпщыхъуми, фIы и лъэныкъуэкIэ бий дыдэми щапхъэ тепх мыхъуну щыткъым, ныбжьэгъухэм, цIыху губзыгъэхэм я гугъу умыщIыххэ. Дэ хэкIыпIэ зыхуэдмыгъуэт гуэрым нэгъуэщIхэм бгъэдыхьэкIэ къыхуагупсысамэ, сыт ягъэ кIырэ, дэри нэхъыбэ зыгъэунэхуам жиIэр зыгурыдгъаIуэмэ?
Нобэ зи гугъу тщIынур урысей къэрал хабзэр IэнатIэ Iут IэщIагъэлIым къызэрыщхьэщыжыр уи фIэщ зыщI щапхъэщ, ар лэжьакIуэм и улахуэр къызыхуэтыншэу къыIэрыхьэным зэрыхуэгъэпсарщ.
Хабзэхъумэхэм я деж тхыгъэ къэкIуащ, зытхар наIуэ къащIыркъым. Машинэ къыщIэзыгъэкI фирмэм и лэжьакIуэр мэтхьэусыхэ мазэ къэс и улахуэм щыщ Iыхьэ гуэр и унафэщIхэм я зым иритыжын зэрыхуейм щхьэкIэ. Тхыгъэм итым зэгъусэу дыкъевгъаджэт:
«Ди лэжьапIэм цIыху 73-рэ дыщолажьэ. Хабзэ хъуауэ, ди унафэщIымрэ абы къыкъуэгушхыкI къуэдзэмрэ ахъшэ гуэрхэр «дэ къэдлэжьа хуэдэу» къытпатхэри, улахуэ тыгъуэм еттыжын хуей бжыгъэр зыхуэдизыр тхылъымпIэм тетхауэ къытIэрагъэхьэ. Ар езыхэм я жыпым кърахыу, IуэхущIапIэм иубыд унэм храгъэлъхьа бжэхэм, щхьэгъубжэхэм, шэнтхэм я уасэу къыджаIэ. Дауэ мы Iуэхум дыкъызэрелынур? ПщIэ къыфхуэзыщI Мовсар».
Жэуап езытыр Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI майор Стрельцов Никитэщ:
«Мовсар, мы узытепсэлъыхьыр къамылэжьа зрахьэлIэн нэрыгъ зиIэ къулыкъущIэхэм «хабзэ хъуа хабзэншагъыу» къагъэсэбэп Iэмалщ. Апхуэдэ улахуэ дэшхыкIыкIэр апхуэдизкIэ къызэрыгуэкIщи, хьэрэмышххэр щрагъаджэ еджапIэ щыIатэмэ, мы Iэмалыр япэ классым щрагъэджынт. Уи унафэщIхэм я IэбэкIэр сэ къыбгурызгъэIуэнщ. Нэхъыщхьэ упщIэу къэувращи, сыт ар зэрыкъуаншэр? Фи IуэхущIапIэр зыхиубыдэ къулыкъущIапIэ нэхъыщхьэм абы ахъшэ къыхуеутIыпщ лэжьакIуэхэр Iуэхум тригъэгушхуэн, нэхъ лэжьэныгу ищIын папщIэ. Езым ар абыхэм премие хуэдэу яретри къаIехыж, и жыпым кърихыу щхьэгъубжэ къищэхуа хуэдэу жиIэурэ. Фэ ахъшэр унафэщIым ивотыж, езым ар зэрыхуейуэ къегъэщхьэпэ, хагъэзыхь хъумэ, «офисым тезгъэкIуэдащ» жиIэфын хуэдэу. «И IэнатIэр къэзыгъэщхьэпэу имымылъку зэзыхьэлIа» жыхуаIэхэм хеубыдэ зи гугъу тщIыр, УФ-м и Уголовнэ Кодексым и 159-нэ статьям и 3-нэ Iыхьэр, абы щхьэкIэ илъэси 6-м нэс тралъхьэ. ЛэжьакIуэхэм унафэщIым иратыжа ахъшэр сом мелуан 12-м щIигъумэ, зэрагъэтIысынкIи хъунур илъэси 10-м нос».
Стрельцовым и жэуапым къызэрыхэщымкIэ, лэжьакIуэхэм унафэщIыр ягъэкъуаншэ щхьэкIэ, хабзэр къахэIэбэмэ, ахъшэр иратыжыну арэзы зэрыхъуамкIэ езыхэри ягъэкъуэншэну хуитщ, апхуэдэхэм зэреджэр «зэгурыIуэу щIэпхъаджагъэ зыщIа» гупщ.
Псом нэхърэ нэхъыфIыр къэралри цIыхухэри къыумыгъапцIэу, уи Iыхьэ мащIэр зэбгъэзэхуэнырщ. Берычэт зыхэлъ мащIэри урокъу, ар зыбгына куэдри пэщ пхуэхъуркъым.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




