ЩIэпхъаджащIэхэр щыкъулейщАмерикан жылагъуэр гъэщIэгъуэну зэхэтщ. Куэдрэ жаIэ: США-р Iэмал гъунапкъэншэхэр здэщыIэ къэралщ, абы дэтхэнэ факъырэри мелуанырыбжэ щыхъуфынущ. Ар зэрыпэжыр игъэунэхуну зыри яужь имыхьэмэ нэхъыфIщ, ауэ апхуэдэ къыщыхъуи щыIэщ. Сыт хуэдэ щIыкIэкIэ? Бонанно Джозеф зы доллари и жып имылъу Америкэм къыщыхутауэ яIуатэ, и ныбжьыр илъэс 26-м щынэсам абы а къэралым и мафием увыпIэ лъагэ щиIыгът. Къулейуэ зэрыщымытар пцIыкъым, арщхьэкIэ икIи факъыракъым. Джозеф «и ехъулIэныгъэхэр» лIыгъэкIи акъылкIи къихьакъым. ЩIалэр езыр мафием къыхэхъукIат: и адэ Джо псэухукIэ абы хэтат, и адэ къуэшитIым я зыр, уеблэмэ, Сицилием апхуэдэ щIэпхъаджащIэ гупым и Iэтащхьэу щытат. Бдзэжьей зэрещэ кхъухь цIыкIум икIыу Флоридэ и деж щитIысыкIауэ, полицэм щиубыдам ар къэралым зэрырамыхужари зи фIыгъэр абы и пэщIэщIэгъухэм Бонанно Iулъхьэу хурата доллар минырт. Арати, Джозеф мафием хуэзышэ гъуэгур зэIухат. ЕтIощIанэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм Италием и Сицилием икIа щIалэхэм я Iуэху къыщикIырт США-м. Бонанно бутлеггер хъуащ – къэралым щащэну хуимыт фадэр зезыгъакIуэхэм яхыхьащ, езым хуэдэу Сицилием икIа Широ Николо и щIэпхъаджащIэ гупым щыщ хъуащ. Массериерэ Маранцарэрэ я мафие къудамэшхуэхэр лIэн-къэнэну зэпэщIэува нэужь, и щхьэр ихъумэн мурадкIэ Широ Италием игъэзэжащ. Абы и пIэ иуващ Бонанно. ЛъэкIыныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ а гупитIыр куэдрэ зэпэщIэтыну къыщIэкIынт, ещанэ къарур Iуэхум хэмыхьамэ. Апхуэдэ хъужыр къулыкъукIэ дэкIуеину хуей ныбжьыщIэхэрт. Абыхэм къалъытэрт лIыжьхэр IукIуэтын хуейуэ. А къарур зэщIэзэгъэуIуа Лучано япэщIыкIэ езым и тет Массерие Iуихри, Маранцано тригъэкIуащ, ауэ мыгувэу иужьрейри абы кIэлъигъэкIуащ. ДяпэкIэ зауэшхуэхэр къэмыхъун папщIэ Нью-Йорк и мафиер «унагъуэ» зырызу ягуэшащ, псори тху хъууэ. Абыхэм я унафэщIхэр «комиссэм» хагъэхьащ. Бонанно зыхэхуа «комиссэр» къызэрызэрагъэпэщар сэбэп хъуа фIэкIа зауэшхуэхэр Нью-Йорк къыщыхъеижакъым, ауэ «унагъуэхэр» щызэщыхьэ икIи «щызэтIыркъ» мымащIэу къэхъурт. Бонанно апхуэдэ къаугъэхэм IэкIуэлъакIуэу зыпыIуидзырт. Лучано, Костелло, Анастазие сымэ къадэщI хуэдэт, ауэ ахэр зыпэщIэува Джановезе текIуэн папщIэ зыри илэжьакъым. Абы къыхэкIыу Лучано США-р ибгынэн хуей хъуащ, Костелло и щхьэр яуIэри, Iуэхухэм хэкIащ, Анастазие яукIащ. Абыхэм ятекIуа Дженовезе 1959 гъэм яубыдащ, илъэс 15 тралъхьэри ягъэтIысащ, лъэхъуэщми илIыхьащ. АрщхьэкIэ апхуэдэ «зэхъуэкIыныгъэхэм» Джозеф зы фейдэи къыхихакъым. «Комиссэм» и унафэщIу ягъэуващ Гамбино Карло. А къулыкъум щIэхъуэпса Бонанно и дежкIэ ар удынт. Джозеф гъунэгъу зыхуищIащ нэгъуэщI «унагъуэм» и Iэтащхьэ Профачи Джо. А тIур благъи зэхуэхъуащ. Иджы адрей «унагъуищыр» а тIум къатекIуэнутэкъым. Ауэ апхуэдэу куэдрэ екIуэкIакъым. Мыгувэу Ганбинорэ нэгъуэщI «унагъуэм» и унафэщI Луккезе Томасри благъэ зэхуэхъуащ, я бынхэр зэрагъашэри. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Нью-Йорк аргуэру гупитI щызэпэщIэуващ. АрщхьэкIэ щIэпхъаджащIэхэм я дунейм а тIум нэхъ пщIэ зыщыхуащIыр жиIам трагъуэтэж етIуанэрт: Гамбино псалъэкIи IуэхукIи къэувырт наркотикхэр ящэу имыдэу. Бонанни афиянхэм защидзей хуэдэт. Ауэ псалъэкIэ, Iуэхум щыхуэкIуам и деж, Джозеф мылъкушхуэ къыхихырт а IэнатIэм. Луккезеи и пщIэр куэдкIэ нэхъ лъагэт Профачи ейм нэхърэ. Къапщтэмэ, Профачи 1959 гъэм унафэ ищIат Галло зэкъуэшхэм я цIыху Аббатемарко Фрэнк яукIыну. Зэкъуэшхэр губжьащ. Ахэр Профачи и гупым хэкIри, абы къыпэщIэувэжащ. ЗэпэщIэтыныгъэр илъэс зыбжанэкIэ екIуэкIащ икIи абы хэкIуэдащ цIыху 20, апхуэдизми ныкъуэдыкъуагъэ хахащ. Езы Профачи 1962 гъэм лIащ, и узыншагъэр зыIыхьэри. И закъуэу къыщынэм икIи лъэкIыныгъэншэ зэрыхъур къыщыгурыIуэм, Бонанно тегушхуэн хуей хъуащ егъэлейуэ дзыхьщIыгъуэджэм - абы мурад ищIащ Гамбино, Луккезе, апхуэдэу «комиссэм» къыдыхэт Магаддино Буфало сымэ Iуихыну. Ахэр яукIыныр къызэригъэпэщыну и пщэ дилъхьащ Профачи и пIэм иува Мальоко. Иужьрейм а Iуэху фIейр хуигъэкIуэтащ езым и лIыукIхэм ящыщ Коломбо Джо. АрщхьэкIэ иукIыным и пIэкIэ иужьрейм Мальоко и мурадхэр абыхэм яхуиIуэтащ. «Комиссэр» зэхуагъэсащ Iуэхур зэхигъэкIыну. Шынэри, Бонанно Канадэм зыщигъэпщкIуащ, къэгузэва Мальоко и гур къэузри, лIащ. Хьэрамыншэу къызэрыщIэкIам папщIэ Коломбо Профачи и «унагъуэм» и унафэщI ящIащ. Мис апхуэдэу зэхэзэрыхьауэ икIи щхьэуназэу Iуэхухэр екIуэкIащ. Ядыгъуауэ жиIэри, Джозеф Нью-Йорк игъэзэжащ 1966 гъэм. ЩымыIэхукIэ абы и «унагъуэр» нэгъуэщIхэм яIэщIыхьат икIи ахэр хуейтэкъым ахъшэ къигъэхъуапIэр зыIэщIагъэкIыну. Зыкъомрэ зэныкъуэкъуащ, ауэ 1968 гъэм Бонанно зиумысыжащ Iуэхухэр къызэригъанэмкIэ. «Пенсэм» щагъакIуэм ар «хьэкумэщI нэхъыжь» ящIащ, «иIэ фIыщIэхэм папщIэ». АрщхьэкIэ Джозеф тIысыжыфакъым: хьэгъэщагъэхэр зыпылъ сондэджэрыным яужь ихьащ. 1975 гъэм ар япэу судым IэщIыхьащ, Илъэситху къытралъхьат, ауэ мазэ бжыгъэкIэ фIэкIа щысакъым. ЕтIуанэу щагъэтIысами, мыгувэу хуит къэхъужащ и ныбжьыр зэрыхэкIуэтам къыхэкIыу. А «зи ныбжьыр хэкIуэтар» тхъэжу иджыри куэдрэ псэуащ, илъэс 98-м иту щылIари 2002 гъэрщ. Мис апхуэдэщ США-м цIыхухэр къулей зэрыщыхъу зы Iэмалыр.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




