Гум и «плъыр»

Илъэс куэд хъуауэ ди газетым къыдэлажьэ, щIэджыкIакIуэ пэж, Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Ислъэмей къуажэм щыпсэу нэхъыжьыфI Къардэн Мухьэмэд и тхыгъэхэр нэхъыбэу зытеухуар цIыхумрэ цIыхугъэмрэщ. Абыхэм сыт щыгъуи къахыбогъуатэ гуапагъэрэ хуабагъэкIэ гъэнщIа псалъэхэр. Мухьэмэд и нобэрей тхыгъэри теухуащ зи лэжьыгъэм пэжу бгъэдэт цIыхубзым, сымаджэхэм сэбэп яхуэхъуу и къалэнхэр гу къабзэкIэ зыгъэзащIэм. Ди гугъэщ ари фигу ирихьыну.

                            

Лаурэ ехъуапсэу еплъырт гъуджэм кӀэрыту зызыгъэхьэзыр и шыпхъу нэхъыжь Софият. Абы дохутырым и халат дахэр екӀупсырт.

- Дохутырышхуэм хуэдэу укъыщIидзащ, - жеIэ гушыIэу Лаурэ. - Фащэм ухуэфащэщ, си шыпхъу цIыкIу, егъэфIакIуэ адэкIи. ПцIы хэмылъу, уэ жыжьэ укIуэнущ. Сэри школыр къэзухмэ, уэ пхуэдэу дохутыру седжэнущ. Моднэу си щхьэцыр езгъэщынурэ, дохутыр фащэ дахэр щыстIэгъэнущ…

- Тхьэм къыпхузэпищэ, умыгузавэ, нобэ хуэдэу къэсынщ ари, - жиӀащ Софият. – Ауэ зыщумыгъэгъупщэ, нэхъыщхьэр псэ къулеягъырщ, фащэмрэ щхьэцым и теплъэмрэ сыт щыгъуи пхъуэж хъунущ.

Дохутыр IэщIагъэр зэрыгугъур ищӀэ пэтми, абы илъэс куэд щIауэ ирилажьэ я анэ Риммэ и пхъум пэрыуакъым, «мурад щищIакIэ», - жиIэри.

КъехъулIащ Лаурэ и хъуэпсапIэр. Ди университетым и медицинэ къудамэр къиухри, интернатурэри кӀэлъыкӀуащ. ИужькIэ Москваи Ставрополи терапевт, ревматолог IэщIагъэхэми щыхуеджэжащ икIи дохутыр Іэзэ къыхэкIащ.

… Жэщыр хэкIуэтауэ Лаурэ унэм мэкIуэж. СигукIэ согъэщIагъуэ: «НасыпыфIэу къыщIэкIынщ мы дохутырыр. Псори иIэщ: лэжьыгъэри, щӀэныгъэри, унагъуэ дахи, куэдыщэми фIыуэ къацIыху, нэмыс, пщIэ къыхуащI».

«ЦӀыхум и гъащӀэр нэхъыбэм епхауэ щытыху, ар нэхъ насыпыфӀэщ», - куэд щIакъым а псалъэхэр езы Лаурэ зэрыжиIэрэ.

Хъупсырджэн Лаурэ зэрылэжьа илъэс 18-м къриубыдэу куэдым «шыпхъу» яхуэхъуащ. Ар иджыри щIалэщ, дяпэкIи Iуэху куэд къыпоплъэ.

Зи нэгур зэлъыIуха, гущӀэгъум къыхуигъэщIауэ къыпщыхъу Лаурэ сеплъурэ согупсыс: «Си зэман нэхъыфIщ жимыIэу, сыт щыгъуи ар къызэрыпхуэкIуэнум шэч къыщIытепхьэн щыIэкъым. НасыпыфIэу зызыбжыж, зи къару илъыгъуэ дыдэри зэуэзэпсэу сымаджэ
щыхъу щыIэщ. Сыту фӀы гузэвэгъуэ щытыкIэ ущихуам деж дохутыр Iэзэ Хъупсырджэн Лаурэ хуэдэ къыпхуэкIуэну».

Лаурэ и насыпыр ин зыщIыр, и лъэр щIэзыгъэкIыр, и гъащIэр зыгъэдахэр ищхьэкIэ зи гугъу щытщIахэм я закъуэкъым. Абы иIэщ щхьэгъусэ тынш, и псалъэр тIу зымыщI бынхэр. И щхьэгъусэ Мурат илъэс куэд хъуауэ Налшык МВД-м щолажьэ, подполковникщ.

БлэкIа илъэсхэм сымаджэ куэдым ирихьэлIащ Хъупсырджэныр. Узыфэр тэмэму убзыхуауэ, иужькIэ сымаджэр бгъэхъужын папщIэ, сыт щыгъуи абы сэбэп къыхуэхъур ткIийуэ, гумызагъэу Iуэхум зэрыбгъэдыхьэм нэмыщI, гъащIэм щиIэ пщалъэрщ икIи Лаурэ зэи абы къигъэпцIакъым: «Сымаджэм и пӀэм иуви, къызыфӀэгъэщI абы къеузыр уэ къоузу, къыхуэгъуэт бгъэдыхьэкIэ тэмэм, итIанэ бгъэхъужыну иужь ихьэ».

Дохутырыр сымаджэм дежкӀэ хущхъуэ нэхъыфI дыдэщ, абы кърит гугъапIэрщ къару къыхэзылъхьэжыр. Дохутырым псэкIэ зыхещIэ сымаджэм и гузэвэгъуэр, и узыр. НэхъыфӀыжу зыхещIэ езым сымаджэм теухуауэ ихь жэуаплыныгъэр. Хъупсырджэным и дежкIэ сыт щыгъуи зэгъусэщ и IэщIагъэм пыщIа къалэнхэри цIыху напэм епха жэуаплыныгъэри.

… Лэжьыгъэ нэужьым Лаурэ я унэ нэсыжыпат, зыгуэр ину къыщыкIэлъыджам. Абы зыкъригъэзэкIри къилъэгъуащ сымаджэщым щылажьэ медсестрар.

- Уэ къыпхуейуэ сыкъагъэкӀуащ, нумыгъэзэжу хъунукъым.

Дохутырым игъэзэжащ. Сымаджэм еплъа иужькIэ узыфэр къищIащ - инфаркт хъуауэ арат. ХуэщIапхьэр псори зэфӀигъэкIри, иужькIэщ унэм щыкӀуэжар…

ГъащIэр сфӀэмыIэфIыж жыхуаIэм хуэдэу сыкъэнат. Сэ бэлыхьу стелъар, згъэвар пхужыIэнкъым. Налшык сыздыщIэлъа сымаджэщри сэбэп къызэрысхуэхъуа щыIэкъым. Иужьым Зеикъуэ поликлиникэм щылажьэ, категорие ищхьэ зиIэ кардиолог Хъупсырджэн Лаурэ и деж сашащ. КӀэщIу
жысIэнщи, махуэ бжыгъэм сыкъызэфӀигъэувэжри, дуней хуитым си нэр щызу сытригъэплъэжащ Лаурэ. Iуэху сщIэуэ, къэскIухьу щIэздзэжащ.

Лаурэ и лэжьыгъэм теухуауэ унафэщIым сыщIепсэлъэн щымыIэу къэслъытащ. Сыту жыпIэмэ, сэ зым фIэкIa абы имыгъэхъужами, сыт хуэдэ щытхъу тхыгъэри абы хуэфащэщ.

Иджы си псалъэ гуапэр Лаурэ игъэхъужа сымаджэхэм я фӀыщIэм щIызгъуу, дохутырым хузогъазэ: «Гуапагъэу цӀыхухэм яхуэпщIэм хуэдиз уэри уиIэну, узыншагъэ ущымыщIэну, бынкӀэ гузэвэгъуэ умылъагъуу куэдрэ дунейм утетыну си гуапэщ».

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олегщ.
Поделиться:

Читать также: