КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Урысей Федерацэм и Конституцэм и махуэм теухуа и хъуэхъу

Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэу пщIэ зыхуэсщIхэ! Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу сынывохъуэхъу УФ-м и Конституцэм и махуэмкIэ!

        ​ 
Илъэс 31-рэ ипэ къащтауэ щыта Дэфтэр нэхъыщхьэм жылагъуэмрэ къэралымрэ я гъэпсыкIэм и жыпхъэхэр наIуэ къищIауэ щытащ, абы зэпIэзэрыту зиужьын папщIэ хабзэм, экономикэм я лъабжьэр щатхат, Урысейм и щхьэхуитыныгъэмрэ гъунапкъэхэмрэ къыщыгъэлъэгъуат, цIыхухэм я хуитыныгъэхэр щыубзыхуат.

Абы итщ къэралыр цIыхум, унагъуэм, анагъэмрэ сабиигъуэмрэ хуэсакъын, тхыдэ, щэнхабзэ, псэкупсэ-гъэсэныгъэм ехьэлIа лъапIэныгъэхэр, хэкупсагъэр, Хэкур фIыуэ лъагъуныр хъумэн зэрыхуейр.

Дэ ди къалэнщ Конституцэм пщIэ хуэтщIыну, абы къыщыхьам дытетыну.

Хабзэ Нэхъыщхьэм и лъабжьэр къэралым ехъулIэныгъэхэр иIэу зиужьынымкIэ хэкIыпIэхэрщ. Си фIэщ мэхъу, ди къару псори зэхэтлъхьэмэ, абы къыщыгъэлъэгъуа хабзэм дытетмэ, сыт хуэдэ лъэпощхьэпори къызэрызэднэкIыфынур, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Хэкумрэ заужьын папщIэ зыхуэдгъэувыж къалэн псори къызэрыдэхъулIэнур.

Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу сынывохъуэхъу узыншагъэ быдэрэ ехъулIэныгъэрэ фиIэну!

Поделиться:

Читать также: