И гъащIэр IуэхуфIхэмкIэ гъэнщIат

Республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм и IэщIагъэлI пашэхэм ящыщащ Жы­лэ Исмэхьил Хьэту и къуэр. Зы­пэ­рыта дэтхэнэ лэжьыгъэри жэ­уаплыныгъэшхуэ пы­лъу ирихьэ­кIащ абы, и зэфIэкIми и цIэр фIыкIэ игъэIуащ. Iэзагъышхуэрэ цIыхугъэш­хуэрэ зыхэлъа доху­тырыр зэгуэр игъэхъужахэми зыхэта гупми, шэч хэмылъу, фIыкIэ ягу къинащ. ЦIыху ­гуапэт, гулъытэ иIэт, гущIэгъу хэлът, хузэ­фIэкIымкIэ псоми дэIэ­пы­къуэгъу яхуэхъунут. ПщIэрэ щIыхьрэ зы­пылъ гъащIэ гъуэгуанэ купщIафIэ къызэ­ри­нэкIащ Жылэм.

Шэрэдж районым хыхьэ Жэмтхьэлэ къуажэм 1941 гъэм къыщалъхуащ Исмэхьил. Курыт школыр фIы дыдэу къиухри, Исмэхьил щIэтIысхьащ Осетие Ищхъэрэ къэрал медицинэ институтым. Еща­нэ курсым щIэсу дзэм къулыкъу щищIэну ираджэри, 1962 гъэм щегъэжьауэ 1965 гъэ пщIондэ а къалэныр щрихьэкIащ Украинэм хыхьэ Житомир щIыналъэм. Абы иужькIэ медицинэ институтыр къиухыжащ, адэкIэ Къэзан къалэм ягъакIуэри, абы ординатурэм и щIэныгъэм щыхигъэхъуэжауэ щытащ. 1970 гъэм Жылэм Анзорей къуажэм хирургыу лэжьэн щыщIидзащ, иужькIэ Республикэ клиникэ сымаджэщым илъэс зыбжанэкIэ щыIащ. ПIалъэ кIыхькIэ ар щылэжьащ Жьэн узыфэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ республикэ диспансерым, хирургыуи, IуэхущIапIэм и дохутыр нэхъыщхьэм и ­къуэдзэуи щытащ. И IэщIагъэм фIы дыдэу хищIыкIырт Исмэхьил, щыуагъэншэу тхьэмбылым и узыфэр къихутэрт. Гурэ псэкIэ зыбгъэдэта лэжьыгъэм гуащIэшхуэ хилъхьащ абы. Сымаджэм игу щIэузу, гущIэгъу хуиIэу щытт, и нэIэ щIэтым игу хуэмызэгъауэ ар унэм щыкIуэжа къэхъуакъым. И гулъытэ ялъигъэсырт IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэми, абыхэм я дежкIэ щапхъэу зэрыщытым къи­щынэмыщIауэ, чэнджэщэгъуи яхуэхъурт, езым и щIэныгъэмкIэ ядэгуашэу, лэжьыгъэ и пIалъэм нэхъ куууэ зэрыхигъэгъуэзэным хущIэкъурт. 
Жылэ Исмэхьил зыцIыхуу щытахэм ягу къыщагъэкIыжкIэ и Iэзагъэм къыдэкIуэу къыхагъэщ гулъытэшхуэ зиIа цIыху телъыджэу зэрыщытар. ЛъэIукIэ къыбгъэдыхьа щигъэщIэхъуа къэхъуакъым, жэщ-махуэ жиIэнутэкъым, езэш ищIэркъым. «Сэ къысщыгугъыу зи щхьэ къызэзыхьэлIар дауэ зэрызгъэщIэхъунур?!» - жиIэрти, езым и Iуэхур къигъанэрти, зыкъыхуэзыгъэзам ейр зэфIигъэкIырт. НэгъуэщIуи щытыфынутэкъым Исмэхьил, и напэм хутегъэхуэнутэкъым, ар и цIыху щIыкIэти, къыхуиуха гъащIэр ирихьэкIыху а хьэ­лым тетащ. 
- Абы хуэдэр зырызщ, егъэлеяуэ цIыхуфIт, гуапэт, и гулъытэр цIыкIуми инми ялъигъэсырт, сыт хуэдэ зэманми къэдгъуэтыфырт. Исмэхьил сымэ зэкъушиплI хъурт, езыр я нэхъыщIэт. Нэхъыжьхэр къуажэм къыдэнэри, Исмэхьил къалэмкIэ къэкIуат. ЗэкъуэшиплIми къатехъукIауэ къалэм цIыху 16 дыщыIэт. Абы щыгъуэм си адэм, ар зэкъуэшхэм я нэхъыжьт, Исмэхьил къыжриIат: «Къуажэм дэс­хэм сэ си нэIэ ятезгъэтынщ, къалэм нэкIуахэр уэ уи анэмэтщ». Игъэ­зэщIащ адэ къуэш гумащIэм пщэрылъ къыщащIар. Дэри ди щIэблэми ди Iуэху зыIутым зыщимыгъэгъуазэу, къытщIэмыупщIэу зы махуэ дигъэкIакъым. ЩIэныгъэр езым фIэфIт, абы и мыхьэнэр, и къарур къыгурыIуэрти, ди щIэблэр сытым дежи еджэным тригъэгушхуэрт, абыкIэ ехъулIэныгъэ гуэр зыIэрызыгъэхьэхэм гулъытэ яхуищIырт. Къыщыхъуа жылэжьыр зыпищI щыIэтэкъым, къуа­жэ­дэсхэми фIыуэ къалъагъурт, ахэр щыгъуазэт, хуей хъумэ, Исмэхьил сытым дежи къызэрагъуэтыфынум, зэрызыхуагъазэ Iуэхур тэмэму зэрызэфIигъэкIынум. ЩIыбагъ быдэу диIащ, абы къыдит гушхуэ­ныгъэм ди лъэр нэхъ псынщIэу щIигъэкIырт, - жеIэ Жылэм и къуэш нэхъыжьым ипхъу Уэрдокъуэ Разият.
Сыт хуэдиз цIыхум ар сэбэп яхуэхъуами, дапщэм я узыншагъэр зэтригъэувэжами къыпхуэлъытэнукъым. Нэхъыщхьэращи, Исмэ­хьил и дэIэпыкъуныгъэр зылъысахэм зэхащIыкIащ и гулъытэр, абы хуэгъэза щытхъу, фIыщIэ псалъэ куэд зэхыбох. Аращ дохутырым и лэжьыгъэр зыхуэдэр къызэралъытэ пщалъэ нэхъыщхьэри. Игури и псэри IэщIагъэм етауэ, жэуаплыныгъэшхуэ пылъу зыпэрыт Iуэхур зэрырихьэкIам папщIэ Жылэ Исмэхьил къыхуагъэфэщащ къэрал къулыкъущIапIэ зэхуэмыдэхэм я фIыщIэ, щытхъу тхылъхэр, дамыгъэхэр, «КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр» цIэ лъапIэр. 
ТыншыпIэ къилъыхъуакъым абы зэи, къапщтэмэ, фIыуэ илъагъу IэнатIэм гупсэхугъуэ къритут къызэрилъытэр. Аращ пенсэ ныбжьым щынэсами, мытIысыжу абы и лэжьыгъэм щIыпищар. 
ЦIыху жумартт Жылэ Исмэхьил, пхъэщхьэмыщхьэ хадэ дэгъуэ иIэт, дэтхэнэ зы жыгми елIалIэу къигъэхъурт, бэвуи кърихьэлIэжырти, абыкIи цIыхухэм ядэгуашэрт. 
Унагъуэ дахэу зэдэпсэуащ Исмэхьилрэ и щхьэгъусэ Майерэ. Хабзэ, нэмыс, зэгурыIуэ, лъагъуныгъэ, пщIэ зыдэлъ жьэгу пащхьэм абыхэм щагъэсащ хъыджэбзищ, ахэр гъащIэм лъэ быдэкIэ хагъэуващ. Япхъу нэхъыжь Ингэ и анэм хуэдэу филологщ, Иринэ адэм и лъагъуэм ирикIуэжащ - гум еIэзэ дохутырщ, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидатщ, Аринэ экономистщ. Абыхэм я щIэблэми къа­хэкIащ адэшхуэр щапхъэ зыхуэхъуа - Ингэ ипхъу Лаури дохутыр IэщIагъэм хуеджащ.
Илъэс мэхъу Жылэхэ я лъэпкъым Исмэхьил зэрахэмытыжрэ. Лъэпкъым и мызакъуэуи, щIыналъэм и медицинэмкIи ар хэщIыныгъэшхуэщ. Ауэ ар гъащIэм и хабзэщи, псэ зыIуту къигъэщIами, пIалъэ иIэщ. Нэхъыщхьэращи, Жылэ Исмэхьил и гъащIэ пIалъэр IуэхуфIхэмкIэ гъэнщIауэ ирихьэкIащ, лъэужь дахэ дунейм къытринащ, абы и щапхъэр езым и щIэблэм я мызакъуэу, медицинэ IэщIагъэр къыхэзыххэми гъуазэу яIэнущ. 
ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.

Поделиться:

Читать также: