КъБР-м и Правительствэм и Унэм щызэхэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм деж Ныкъуэдыкъуэхэм я IуэхукIэ щыIэ советым хэтхэм я зэIущIэр. Абы хэтащ КъБР-м и Парламен- тым и депутат Къэжэр Хъусейн, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат, КъБР-м Лэжьыгъэмрэ соци-альнэ зыхъумэжыныгъэмкIэ и министр Тогузаев Тахир, нэгъуэщI министерствэхэмрэ къэрал къулыкъущIапIэхэмрэ я лIыкIуэхэр, ныкъуэдыкъуэхэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэу республикэм итхэм я пашэхэр.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ ныкъуэдыкъуэхэмрэ зи узыншагъэм сэкъат иIэхэмрэ къэрал IуэхущIапIэхэм зэращыдэлажьэм, медицинэ IуэхущIапIэхэм я электрон дэIэпыкъуныгъэхэр зэрыгъэпсам, зи узыншагъэм сэкъат иIэхэр зэрырагъаджэм, нэгъуэщIхэми.
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин зэрыжиIамкIэ, гъуазджэмкIэ сабий еджапIэхэм я сайтхэм зи нэм имылъагъухэм папщIэ Iэмалхэр щызэтегъэпсыхьащ, абы къралъхьэхэм къоджэф. Апхуэдэуи зи тхьэкIумэм зэхимыххэм папщIэ, абыхэм къагурыIуэн хуэдэу тхыгъэм къеджэхэр щыIэщ. Къэрал театрхэмрэ музейхэмрэ псапэ зыпылъ гъэлъэгъуэныгъэхэр къызэрагъэпэщ, абыхэм къокIуалIэ зи узыншагъэр мытэмэм цIыхухэр. ЩэнхабзэмкIэ IуэхущIапIэхэм екIуалIэ ныкъуэдыкъуэхэм папщIэ Iэмал псори щыIэщ, абы и щIыхьэпIэхэри зыхуей хуэгъэзащ. Псалъэм папщIэ, щIыхьэпIэм деж иIэ кнопкэм тепкъузэмэ, лэжьакIуэхэр къыщIокIри, сымаджэр щIашэ, зыхуэныкъуэр хуащIэ. Сабий ныкъуэдыкъуэхэм папщIэ библиотекэхэр мэлажьэ, езыр-езыру къэзымыкIухьыфхэм, фIыуэ зымылъагъухэм, зэхэзымыххэм папщIэ кинозалхэм Iэмалхэр къыщызэрагъэпэщ. Республикэ телеканалхэм къэралыбзэхэмкIэ къигъэлъагъуэ нэтынхэм субтитрхэр къытредзэ. Къэрал хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм хагъэгъуазэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ зи узыншагъэм сэкъат иIэхэмрэ волонтерхэр зэрадэIэпыкъу щIыкIэм.
Медицинэ IуэхущIапIэхэмрэ медико-соци-альнэ экспертизэмрэ зэрызэдэлажьэм къытеувыIащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министрым и къуэдзэ Аникушинэ Татьянэрэ МСЭ-м и эксперт нэхъыщхьэ Щэрмэт Иринэрэ.
КъБР-м бжыгъэхэр зи лъабжьэ IэмалхэмкIэ IуэхущIапIэ псори зэпыщIа хъуным теухуа лъэпкъ проектым хыхьэу, 2023 гъэм медицинэ IуэхущIапIэхэмрэ медико-социальнэ экспертизэ бюромрэ электроннэу зэдэлажьэу зэтраухуащ. Иджыпсту Узыншагъэр хъумэнымкIэ министерствэм и нэIэ щIэт IуэхущIапIэ псори бюром электроннэу пыщIащ. 2024 гъэм щегъэжьауэ а Iэмалым тету зэфIах Iуэху зэмылIэужьыгъуэу 12.
Зи узыншагъэм сэкъат иIэхэр зэрырагъаджэм теухуауэ къэпсэлъащ КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Мокаев Ашэмэз. Министерствэмрэ абы и нэIэ щIэт егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэмрэ зэгъусэу къызэрагъэпэщри, ныкъуэдыкъуэхэм ядэлажьэ егъэджакIуэхэм я IэщIагъэм хагъэхъуащ. ЦIыху 22-р федеральнэ программэхэмкIэ еджащ. Мы гъэм и закъуэ егъэджакIуэ мини 3-м я щIэныгъэр хагъэхъуащ.
ЗэIущIэм къыщащтащ 2025 гъэм зэрылэжьэну планыр, абы къыхалъытащ ныкъуэдыкъуэхэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я пашэхэм жаIахэри. Зэхуэсыр езыгъэкIуэкIа Хъубий Марат къыхигъэщащ ягу щIэныкъуэ Iуэхур къыхалъхьэнумэ, Iэтащхьэм деж щыIэ советыр сыткIи сэбэп хъуну зэрыхьэзырыр.
Къэбарт Мирэ.