«Нептун щIыIэмрэ» ЩIым ещхьхэмрэЩIы Хъурейм ирагъэщхьу астрономхэм иджыблагъэ къахута планетэхэм «GJI80», «GJ229A» нагъыщэхэр иратащ. ГъащIэ здэщыIэнкIэ хъуну зыхуагъэфэща уафэщIитIыр егъэщIылIащ ди Дыгъэм нэхъ къыпэгъунэгъухэм ящыщ «плъыжь цIыкIужьей» вагъуэ жьэражьэм. Зи гугъу тщIы планетэхэм гу ялъызытар Карнеги и цIэр зэрихьэу США-м щыIэ щIэныгъэ институтым и IэщIагъэлIхэу Фенг Фаборэ Батлер Полрэщ. А уафэщIхэм нэмыщI, зи цIэ къитIуа астрономхэм иджыблагъэ хьэршым къыщагъуэтащ абы къыщызылъэтыхь пкъыгъуэ абрагъуэхэм ящыщу «Нептун щIыIэ» зыфIащари. Пэжщ, абыхэм гъащIэ щыIэну хуагъэфащэми, тIури ди планетэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ хьэлъэщ: зэрызэкIэлъыкIуэу къэдгъэлъагъуэмэ, хуэдэ 7,5-кIэ, 7,9-кIэ. Ахэр дыщыпсэу ЩIыгум къыщхьэщокI зэгъэщIылIа я «дыгъэхэм» я хъуреягъыр къызэралъэтыхь махуэ бжыгъэхэмкIи: зэрызэкIэлъыкIуэу къэдгъэлъагъуэмэ, хуэди 106-кIэ, 122-кIэ нэхъыбэщ. Планетэхэр зэрыщыIэм гу лъатащ ахэр зэпха вагъуэхэм уахэм къызэрыщакIухь гъуэгуанэхэм узыпэмыплъа я зэщIэхъеекIэмкIэ (зым адрейр зэрызыщIишэм къыхэкIыу). Ахэр «къалъэгъуащ» мардэщIэм ипкъ иту зэхагъэува иджырей Iэмэпсымэ лъэщхэм я фIыгъэкIэ. Плъыжь цIыкIужьейр ди Дыгъэм елъытауэ зымащIэкIэ нэхъ упщIыIуащ, и щIыгум и зэпрыупIэри зытIэкIукIэ нэхъ кIэщIщ. КъызэрахутамкIи, апхуэдэ къэщIыгъэхэр ди Галактикэм щыкуэдыкIейщ. ИкIи, щIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, апхуэдэхэм къедза планетэхэрщ, ди ЩIы Хъурейм зэрызыщиужьам ещхьу, гъащIэ нэхъ здэщыIэнкIэ хъунухэри. «Нептун щIыIэ» зыфIащам и гугъу тщIымэ, ар къыщагъуэтар GJ433 зи нагъыщэ вагъуэ къызэрыгуэкIым и Iэгъуэблагъэрщ. Астрофизикхэм къызэрабжамкIэ, абы и щхьэфэм псы щыбгъуэтынущ, ауэ зэщIэщтыхьауэщ, зыпыщIа и «дыгъэм» зэрыпэжыжьэIуэм къыхэкIыу. ЩIэныгъэлI Фенг Фабо зэрыжиIэмкIэ, мы планетэр ящыщщ Нептун хуэбгъэдэну ди Дыгъэм и къэухьым нэхъ пэгъунэгъу дыдэу къагъуэтахэм. «Ди къэхутэныгъэм хуэдэхэм дызыхуашэнур аращи, дызыхуэкIуэ лъэхъэнэ мыжыжьэм къагупсысыну телескопыщIэхэмкIэ дэ езым ди нэхэмкIэ зэдгъэлъагъуфыну планетэхэм я бжыгъэми къыхэхъуэнущ. АтIэми, мы зэманым нэхъыбэу дызытелажьэр нэхъ къытпэгъунэгъу вагъуэхэм я Iэгъуэблагъэм къыщызылъэтыхь къэщIыгъэхэм гъащIэ щыIэнкIэ зэрыхъунур зэхэдгъэкIынырщ», - жиIащ Батлер Пол. КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




