Артистхэм ветеранхэр ягъэгушхуэ
Бахъсэн районым къыщызэрагъэпэщащ артистхэмрэ щэнхабзэм и лэжьакIуэхэмрэ зыхэт «Фронтовая бригада» гупыр. Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм я унэхэм кIуэурэ абыхэм нэгузыужь концертхэр ят. Iуэхур къызэзыгъэпэщахэр щыIащ Кременчуг-Константиновскэ къуажэм щыпсэу, Хэку зауэшхуэм и ветеран Боченков Василий и деж. Узыфэ зэрыцIалэм и зэранкIэ, Василий къыдэкIыфакъым мобильнэ автоклубыр къыщыпэплъэ уэрамым нэс. Артистхэмрэ «Кавказ» цIыхубэ ансамблым хэтхэмрэ абы и унэм и гупэм деж зауэ уэрэдхэр щагъэзэщIащ.
Поделиться:
Читать также:
08.09.2026 - 12:26 →
Пщэдейрей гъащIэм сыткIэ дыхуэхьэзыр?!
08.09.2026 - 12:26 →
Румкъалэ и хъыбар
07.09.2026 - 14:18 →
Адэжь щIыналъэм и кIэдахъуэм
07.09.2026 - 13:01 →
ЛъагапIэ куэдым ухуэзышэ
06.09.2026 - 13:28 →
Тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр
| ||





