Проценти 121,1-рэ мэхъуКавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ - жэпуэгъуэм мазэхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и промышленнэ индексыр нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм елъытауэ проценти 121,1-рэ хъуащ. Республикэм и экономикэм хыхьэ IэнатIэхэм я зэфIэкIхэр къэбгъэлъагъуэмэ, щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр къыщIэхынымкIэ - проценти 106,6-кIэ, машинэ щIынымкIэ, ерыскъыхэкIхэм елэжьынымкIэ, химие, дэрбзэр промышленностхэмкIэ, ухуэныгъэ материалхэр къыщIэгъэкIынымкIэ, н.къ. – проценти 134,4-кIэ, псыкIэ къызэзыгъэпэщхэм, псы къагъэсэбэпар Iузышхэм, кIэрыхубжьэрыхухэр зэщIэзыкъуэхэм, уэрамхэр, пщIантIэхэр зыгъэкъабзэхэм, зэщIэзыкъуэхэм - проценти 101,5-кIэ, электрокъарукIэ, газкIэ, хуабэкIэ къызэзыгъэпэщ, хьэуар зыгъэкъабзэ IэнатIэхэм - процент 91,8-кIэ хэхъуащ. 2023 гъэм и щIышылэ – жэпуэгъуэ мазэхэм къриубыдэу щыIа бжыгъэхэм елъытауэ къапщытэж лъэхъэнэм хуэзэу къыщIагъэкIа щэкI-фэхэкIхэм, полиграфием, химие пкъыгъуэхэм, компьютерхэм, электроннэ, оптикэ Iэмэпсымэхэм, транспортхэм, оборудованэхэм, унэлъащIэм, нэгъуэщIхэми я куэдагъым кIэрагъэхуащ, ауэ псори зэхэту къэбгъэлъагъуэмэ, республикэм и промышленнэ IэнатIэм къыщIигъэкI продукцэхэм я куэдагъым хэхъуэ зэпытщ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




