Гулъытэншэ ящIыркъым

«Урысей зэкъуэт» партым, хабзэ дахэ хъуауэ, илъэс къэс ирегъэкIуэкI «Коробка храбрости» фIэщыгъэр зиIэ, псапэ зыпылъ урысейпсо Iуэху. Ар хуэунэтIащ узыфэ хьэлъэхэр зыпкърыт, пIалъэ кIыхькIэ зи узыншагъэр медицинэ IуэхущIапIэхэм щызэфIэзыгъэувэж сабийхэя ядэIэпыкъуным. ТхылъымпIэ Iувхэм къыхэщIыкIа ашыкхэм илъу ахэр зэрыджэгун, я зэфIэкIхэм зэрыхагъэхъуэн хьэпшып зэмылIэужьыгъуэ куэд хуашэ.
Мы Iуэхум жыджэру хэтщ «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и къудамэу КъБР-м щыIэри. ЦIыху нэхъыбэм сабийхэм гулъытэ хурагъэщIын папщIэ, абы къыхашэ IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ. Мы махуэхэм «Урысей зэкъуэт» партым и хэгъэгу къудамэм Нылшык къалэ щиIэ IуэхущIапIэм и гъэзэщIакIуэ секретарь Мэкъушэ Русланрэ урыс тхыдэмрэ щэнхабзэмкIэ «Вече» щIыналъэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Литвинов Романрэ щыIащ  Республикэм и сабий клиникэ центрым онкологиемрэ гематологиемкIэ и къудамэм. Ахэр сабийхэм яхуэупсащ, цIыкIухэр зи нэIэ щIэт дохутырхэм къызэрыжраIам тету, щхьэж дэзыхьэхым елъытауэ нэхъ зыщыгуфIыкIыну хьэпшыпхэмкIэ.
- «Урысей зэкъуэт» партым иригъэкIуэкI «Коробка храбрости» Iуэхум щIыналъэ къудамэр илъэс 12 хъуауэ хэтщ.  Гъэ къэси абы къыхыхьэну жэрдэм зыщIхэм я бжыгъэм къыхохъуэ.  Мы псори зытеухуэжар узыфэ хьэлъэр зыпкърыту сымаджэщым щIэлъ цIыкIухэм гулъытэ зэраIэр зэхедгъащIэу я гукъыдэжыр къэIэтынырщ. Балигъхэм къатехьэлъэм, сабийхэр зэрыпэщIэтым уегупсысмэ, умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым абыхэм я хахуагъэр. Мы IуэхумкIэ а цIыкIухэр дгъэгушхуэну, сымаджэщым щагъакIуэ махуэхэр зы мащIэкIэ нэхъ мыхъуми щIэщыгъуэ ящытщIыну дыхуейуэ аращ. А тыгъэхэм кърат гукъыдэжыр я узыншагъэр зэфIэувэжынымкIэ сэбэп хъуну догугъэ, - жиIащ Мэкъушэ Руслан.
Республикэм и сабий клиникэ центрым онкологиемрэ гематологиемкIэ и къудамэм и унафэщI Къумыкъу Жаннэ кIэщIу и гугъу ищIащ я лэжьыгъэр зэрекIуэкIым. Абы къыхигъэщащ сабий къалъхуагъащIэхэм я деж къыщыщIэдзауэ зи ныбжьыр илъэс 17-м нэсхэм зэреIэзэр,  тепсэлъыхьащ а цIыкIухэм япкърыт узыфэхэр зыхуэдэм, абыхэм хуащIэ медицинэ Iуэхутхьэбзэхэм.
- УмыгъэщIагъуэу къанэркъым сабийхэм гуащIэшхуэ зэрахэлъыр, - жиIащ Жаннэ. - Ахэр зэрыт щытыкIэ хьэлъэм я щхьэр зэрытрагъэун къару къызыкъуахыф. Абыхэм яхэтщ тхьэмахуэ-тхьэмахуитIкIэ палатэм къыщIэкI мыхъунухэри. А цIыкIухэм я дежкIэ, я узым и щхьэжкIэ, ар гъэунэхуныгъэшхуэщ. Ауэ шыIэныгъэ яхэлъу дохутырхэм къыхуагъэувхэр ягъэзащIэ. Пэжщ, дэтхэнэми и пэшым телевизор щIэтщ, зэрыджэгун, я къэухьым зэрызрагъэужьын хьэпшып зэхуэмыдэхэр яIэщ. Гулъытэр хэткIи гуапэщ, ауэ мы цIыкIухэм дежкIэ абы мыхьэнэшхуэ иIэщ, нобэрей хьэщIэхэм абыхэм гухэхъуэ къратащ.
- Хамэ сабий щыIэкъым, псом хуэмыдэу щытыкIэ хьэлъэм къихутам дэIэпыкъуныр псоми ди къалэну къыдолъытэ. Пэжыр жысIэнщи, мыбы щыслъагъунум гухэщI къызэрызитынум сегупсысурэ сыкъэкIуащ, ауэ къудамэм и лэжьакIуэхэм сабийхэм лъагъуныгъэу, гуапагъэу, гулъытэу хуаIэм ар сщхьэщихащ. Абыхэм я Iэзагъыр шэчыншэщ, гъэщIэгъуэныр дэтхэнэми и хьэлыр фIыуэ ящIэу, а цIыкIухэр дэзыхьэххэм, я гукъыдэжыр къахуэзэIэтынум зэрыщыгъуазэрщ. Сабийхэр тыгъэхэм зэрыщыгуфIыкIам я узыншагъэм зыкъыдигъэзэну, мыпхуэдэ сымаджэхэри нэхъ мащIэ хъуну догугъэ, - жиIащ Литвинов Роман.
ЩхьэщэмыщI Изэ.
Поделиться:

Читать также: